ЗыщыгуфIыкIа тыгъэ

«Захуагъэ здэщыIэ Урысей - Пэжым и телъ­хьэу» партым и къудамэу КъБР-м и Парламентым хэтым и Iэтащхьэ Кебеков Владимиррэ   КъБР-м и Парламентым ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и комитетым и унафэщI Къалмыкъ Маратрэ медицинэ Iэмэпсымэхэр иратыжащ узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ, щIыналъэхэм зэдай сымаджэщу Анзорей къуажэм дэтым. Ахэр къахуезыгъэшар «Захуагъэ здэщыIэ Урысей - Пэжым и телъ­хьэу» партым и унафэщI, а партым и фракцэу Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм щыIэм и пашэ Миронов Сергейщ.

Кебеков Владимир къызэрыхигъэщамкIэ, я партым и унафэщIыр а сымаджэщым тIэунейрэ щыIащ икIи ар хьэзыр хъууэ ятын, лажьэу яутIыпщын папщIэ зэфIигъэкIар мащIэкъым.
- Миронов Сергей Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъабэ щыщыIам япэу здэкIуар а сымаджэщырщ. Абы зыщиплъыхьащ, я лэжьэкIэм зыщигъэгъуэзащ икIи илъэгъуа псомкIи арэзы хъуащ. КъыщыщIэкIыжым ар щIэупщIат, сыт хуэдэ медицинэ Iэмэпсымэ къыхуащэхумэ нэхъ къащтэми. Дохутыр нэхъыщхьэм абы хуигъэхьат нэхъ зыхуэныкъуэхэр зэрыт тхылъыр. Тхьэмахуэ зэ-    хуаку блэкIам ахэр къытхурагъэшащ икIи дэ дыкъэкIуауэ аращ партым и унафэщIым къыбгъэдэкIхэр еттыжыну. Миронов Сергей сыт щы­гъуи къыщIоупщIэ а сымаджэщым и Iуэху зытетхэм. Шэч хэлъкъым и нэIэ абы адэкIи зэры­тетынум, - къыхигъэщащ Кебеков Владимир.
Къыхуащэхуахэм яхэтщ сымаджэщыр псом япэу зыхуэныкъуэ хъухэр: плазмэ гъэщтар къызэ­рагъэвыжыр, хирургхэм къагъэсэбэп Iэмэпсы­мэхэр, нэ кугъуэм и лъыдэуейр зыхуэдизыр къы­зэрапщыр, лъыр къызэрапщытэхэр, тхьэкIумэм и лажьэр къызэращIэ отоскопыр, тхьэкIумэм, тэмакъым, пэм зэреплъ рефлекторыр.
Сымаджэщым и унафэщI ХьэщIэлI ФатIимэ лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу депутатхэм фIыщIэ къахуищIащ икIи жиIащ къаIэрыхьа Iэмэпсы­мэхэм я лэжьыгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ мыхьэ­нэшхуэ зэраIэр. Абыхэм цIыхухэм хуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрырагъэфIэкIуэнур, псом хуэмыдэу, тхьэкIумэм, тэмакъым, пэм теухуауэ гуныкъуэгъуэ зиIэхэм я дежкIэ зэрыщхьэпэнур къыхигъэщащ.
- Ди сымаджэщым IэщIагъэлI Iэзэ дыдэ щолажьэ, ауэ операцэ мыинхэр хуэщIыртэкъым, абы папщIэ зыхуеину Iэмэпсымэхэр зэримыIэм къыхэкIыу. КъимыдэкIэ, яхуэмыгъэхъуж узы­фэхэр зыпкърытхэр зыщIэлъ къудамэм и лэжьыгъэри къащигъэпсынщIэнущ къытхурагъэшахэм. Плазмэ гъэщтар къызэрагъэвыж Iэмэпсымэм ­игъэмэщIэнущ лъы зыхакIэн хуейхэм ар яхуэгъэхьэзырыным текIуадэ зэманыр.
Лэскэн муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Инжыжокъуэ Сэфарбий жиIащ мы сымаджэщым цIыху мин 28-рэ къызэрегъэбыдылIар икIи апхуэдэ тыгъэр райо­ным узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ, дэтхэнэ зы цIыхуми и узыншагъэм кIэлъыплъынымкIэ щIэгъэ­къуэнышхуэу зэрыщытыр.
ЗэIущIэм и кIэухымм Кебеков Владимир дохутырхэм фIыщIэ яхуищIащ я лэжьыгъэ гугъум жэуаплыныгъэ яхэлъу зэрыбгъэдэтым папщIэ икIи ехъулIэ­ныгъэщIэхэр яIэну ехъуэхъуащ.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: