ЗыщIэгупсысыжыну зэман яIэщУрысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ Прохладнэ районым щыпсэу цIыхубзищым къэхьпэщ къызэрагъэпэщауэ, абы и лэжьыгъэм хамэ къэрал къикIауэ Урысей Федерацэм и щIыналъэм щыIэ цIыхухэр къыхашэу. Прохладнэ район судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, жэуапым ирашэлIахэр къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 35-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 241-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм и «а» пунктым, 322.1-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэр ялэжьауэ. ЯмыгъэтIысу абыхэм тралъхьащ илъэси 3-м щыщIэдзауэ илъэси 3-рэ мази 6-м нэс.
Поделиться:
Читать также:
02.06.2026 - 11:18 →
Министерствэм щрагъэблагъэ
30.05.2026 - 10:01 →
IэнатIэм щрагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ
23.05.2026 - 10:10 →
Лей къатехьакъым
23.05.2026 - 10:05 →
Къэбэрдей-Балъкъэрыр фи гъусэщ
02.05.2026 - 12:00 →
ЩIыхуэр нэхъ мащIэ хъуркъым
| ||




