Бзэгур зэгъэсапхъэхэр Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм епха упщIэхэм я жэуапхэр къыдитащ Iустаз Гуащокъуэ Абдулбакъий.
Болэтей къуажэм щыщ Наурзокъуэ Анатолэ щIоупщIэ, цIыхур дунейм ехыжа нэужь, Iуэху кIэлъызепхьэхэм къадэкIуэу къэбжын хуей духьэхэм.
УпщIэ: «Iимамым «амин» дыжытIэ фIэкIа, нэщхъеягъуэм къыдекIуэкI духьэхэр фIыуэ тщIэркъым. ДыуэщI пщIантIэм е кхъэм ущыдыхьэкIэ, е дунейм ехыжар щыщIалъхьэкIэ къэбжын хуейхэр къытевдзамэ, ди гуапэ хъунут».
Жэуап:
I) Пащхьэшхуэ ихьэжыным, нэгъуэщIу жыпIэмэ, дунейм ехыжыным нэблэгъаифэ зуплъым и деж щыжыпIэну игъуэр (уи щхьэ ухуэпсалъэ хуэдэурэ): «Ла Iилахьэ Iиллаллахь». Зэзэмызэхэм «Мухьэммэд рэсулуллахь» дыщIыбгъуурэ.
2) И псэр лъэтэжа нэужь, ещIапхъэ-хуэщIапхъэхэр псори (дахын, щIэлъхьэнри хэту) щыбгъэзащIэкIэ: «Бисмиллахьи уэ гьэла миллэти рэсулиллахьи» жыпIэрейуэрэ пщIэн.
3) Жэназы е кхъэлъахэ ублэкIыу е дунейм ехыжа гуэр блахыу урихьэлIэмэ: «Гъуфранэкэ» жыпIэнщ е уи бзэкIэ ухуэлъэIуэнщ.
4) Кхъэ пщIантIэ удыхьэмэ, псэухэм сэлам зэрепхым хуэдэу, абы щIэлъхэм сэлам япхынщ: «Iэссэламу гьэлэйкум Iэхьлэд дияри минэл муIминийнэ уэл муслимийн. Уэ Iинна Iин шаIэллахьуу бикум лахьикъуун. Уэ IэсIэлуллахьэ лэна уэ лэкумул гьафийэхь».
5) Нэщхъеягъуэ зыдэлъ пщIантIэ удыхьэмэ: «Iэгьжьэмэллахьу Iэджрэк, уэ Iэхьсэнэ гьэзаIэк, уэ гъэфэрэ ли мэййитик».
Е мыпхуэдэу жыпIэ хъунущ: «Аллахьуммэгъфир лил муIминийнэ уэл муIминат. Уэл муслимийнэ уэл муслимат. Iэл IэхьяIи минхьум уэл Iэмуат».
Е мы духьэр жыпIэнщ: «Аллахьуммэ рэббэна Iатина фиддуня хьэсэнэтэн уэ фил Iахъирэти хьэсэнэтэн уэ къина гьэзабэн нар».
ЕтIуанэ упщIэр къызыбгъэдэкI нэхъыжьыфIым жеIэ: «Ла Iилахьэ Iиллалахьул Маликул Хьэкъкъул мубийн Мухьэммэду рэсулилахьи щадикъул уэгьдил Iэмийн» зикрыр НэщI мазэр иухыу Къурмэныр къэсыху, махуэ къэс I00-рэ жытIэ хабзэщ. Иджы зыгуэрым «Ла Iилахьэ Iиллаллахьул Хьэкъкъул мубийн» къудейр махуэ къэс I00-рэ жыпIэмэ, уи мащэм зэи уи закъуэ ущимыщIу, Къемэт Махуэм пщIондэ уи гъусэнущ», - жеIэри етх, нэхъ кIэщIу. Сыт абы и пэжыпIэр?
Жэуап:
- НэщI нэужьым къэвбжымрэ мыдрейм зи гугъу ищIымрэ тIури зыщ. НэщI нэужь мазитIым я мызакъуэу, илъэс псоми къыубж хъунущ ар. Махуэ къэс дыдэ къыумыбжыфу, махуэ зыбжанэм зэ къыубжурэ уекIуэкIми, абы щхьэкIэ къэмынэу, илъэс псом, уи гъащIэ псом къыубжауэ апхуэдэ мыхьэнэ къещтэ. Ар къыщубжкIэ «Ла Iилахьэ Iиллаллахьул Маликул Хьэкъкъул мубийн»-р и закъуэ зыбжанэрэ жыпIэу, итIанэ «Мухьэммэду рэсулиллахьи щадикъул уэгьдил Iэмийн»-р зэ дыщIыбгъуурэ къыубжми, псоми дыщIыбгъуурэ къыубжам хуэдэщ. Аращи, а къэбжыкIэ нэхъ тыншымкIэ къыубжми, зыри ягъэ хэлъкъым, и псапэр нэхъ мащIи хъунукъым. Мис апхуэдэурэ илъэс псо, гъащIэ псокIэ къэбжыным, жьэр, гур абы есэным и фIыгъуэхэм язри мащэм теухуа и фIыгъуэхэрауэ, мащэм теухуа и мыхьэнэрауэ зэрыщытым шэч хэлъкъым, Тхьэм жиIэмэ.
Поделиться:
Читать также:
24.04.2025 - 13:10 →
Iэпхъуалъэ лъащIэм уиплъэмэ…
24.04.2025 - 09:00 →
ЗэпыщIэныгъэхэр яIэщ
18.04.2025 - 13:24 →
Фэеплъхэм гулъытэ хуащI
17.04.2025 - 12:26 →
Урыс гъуазджэм и япэ музей
17.04.2025 - 12:26 →
Вагъуэ цIыкIухэм яхудэплъейуэ
|