Медицинэмрэ динымрэ зэакъылэгъущ

Американ къэхутакIуэ Берг Эрик зэрыжиIэмкIэ, цIыху мини 100-м ехьэлIауэ, нэхъ мащIэ дыдэу лышхыр зэуалIэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыпсэухэрщ. Абы и щхьэусыгъуэу дохутырым къилъытэр Рэмэдан мазэм яIыгъ нэщIымрэ хэщхьэжыгъуэр чыцIыбжьэкIэ (хъурмэ, финик) къызэрызэIуахымрэщ. 
 «НэщIыр мазэ псокIэ йокIуэкI. Сэ сыкъегъэуIэбжь ар нэхущым щегъэжьауэ дыгъэр къухьэжыху зэраIыгъыфым. ИпэжыпIэкIэ ар пIалъэ пыухыкIакIэ загъэмэжалIэурэ зэрызагъэхъужым и зы лIэужьыгъуэу аращ. НэщIыр зэраIыгъыр мазэ закъуэщ, ауэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ Iэпкълъэпкъым лышхым зэрыпэщIэтын къару зэригъэпэщын и лъэныкъуэкIэ», - етх Берг.
 Дауэ-тIэ нэщIым лышхым узэрыщихъумэр? Япэрауэ, абы узыр «игъашхэркъым», нэгъуэщIу жыпIэмэ, къарууфIэ хъуну Iэмал иритыркъым. Лышхым и налъэхэр мэжэщIалIэ зэпытщи, глюкозэр Iэпкълъэпкъым къыщIафыкIыну хьэзырщ, налъэ узыншэхэм елъытауэ, зыщIэшапIэ нэхъыбэ зэраIэм къыхэкIыу. НэщI щыпIыгъым деж, Iэпкълъэпкъыр фошыгъум щыхъума мэхъури, узыфэм и налъэхэри нэхъ къарууншэ мэхъу. ЕтIуанэрауэ, нэщI щыпIыгъым деж, Iэпкълъэпкъым налъэ (митохондрие) мыузыншэхэр глюкозэ ещIыжыф. Ещанэрауэ, нэщI ис цIыхум и Iэпкълъэпкъым зэрызихъумэж къарур (иммунитетыр) нэхъ лъэщ мэхъу, лышхым и налъэхэмрэ вирусхэмрэ ятекIуэ, ахэр зыукIыф налъэ узыншэхэр къоунэхури. 
 Финикхэм я гугъу щищIым, дохутырым жиIащ абы лышхым пэщIэувэ пкъахуэ куэду зэрыхэлъыр. Абыхэм зэреджэр «фитонутриент»-щ. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: