Псэм и закъуэ къыщынэм деж

Абдежым Iэнэр къаухуэ. Симазэ зеплъыхьри щысщ, фIэфIщ икIи фIэгъэщIэгъуэнщ илъагъу псори. «Хэкум щыIэ ди адыгэхэр дэхуэхауэ мэпсэу» жаIэу ефэндыхэм уаз щаткIэ къыхагъэщу зэрыщытар. Пэжкъым. Адыгэхэр апхуэдэу псэункIэ Iэмал иIэкъым. Мес, Iэдэмрэ Асиятрэ «Кабардинка» къэфакIуэ гупым хэту къэрал куэдым щыIащ, си нэкIэ солъагъу абыхэм я псэукIэр.
Пщащэм и гупсысэр жыжьэ щыIэ къыщIэкIынт. 
- ИIэт, фи Iэхэр фтхьэщIи Iэнэм фыкъекIуэталIэ, - жиIащ Лила.
- Уэ, си псэр зэзгъэшхын хъыджэбз хьэщIэ, уэ Асиятрэ Iэдэмрэ я гъусэу мо пщэфIапIэмкIэ фыщышхэнщ, нэхъыжьхэр мыбдеж щысынщ. Асият Симазэ Iуишри зригъэтхьэщIащ, щхьэхуэу Iэнэ гъэува пщэфIапIэм щIэт Iэнэм, щыри бгъэдэтIысхьащ. 
- УмыукIытэу, тIэкIу-тэкIуурэ къыхэпхыурэ шхыи, нэхъ уигу ирихьыр къыхэпхынщ, - жиIэри Лила едэхэщIащ пщащэ хьэщIэм. 
- Хъунщ, нанэ, - жиIэри, псоми ифIэIэфIыпсу яшх адыгэ шхыныгъуэу джэд лыбжьэм щIакхъуэр хигъауэри жьэдилъхьащ, IэфI дыдэуи къыщIэкIащ, и гъащIэм абы нэхъ гурыхь имышхауэ къыщыхъуащ. Апхуэдэурэ, тIэкIу-тэкIуурэ, нанэ къыдэIэпыкъуурэ шхыныгъуэ псоми щыщ зыIуигъэхуащ. 
- Уи хьэлэлщ, тIэсэ, иджы Ася и гъусэу кIуэи зыщыбгъэпсэхуну пэшыр уигъэлъагъунщ, - жиIащ нанэ.
Асият Симазэ и Iэр иубыдри етIуанэ къатым дришеящ.
- Симазэ, сэ мис мыбдеж сыщIэсынущ, уэ мыр ууейщ, - жиIэри и гъунэгъу пэшым щIишащ. Унэ кIуэцIым щIэмылъ хьэпшып щыIэу къыщIэкIынтэкъым. ГъуэлъыпIэшхуэм зэритIысхьэу зэрешар зыхищIащ, икIи бысымым фIыщIэ хуищIщ, гъуэлъри, занщIэуи Iурихащ. 
Ибрэхьимрэ Мусарэ шхэн яуха нэужь уэршэру куэдрэ щысащ. Нанэ Лила мыжыжьэу щысти иригуфIэрт я унэкъуэщ зыщIэхъуэпсхэр къызэрагъуэтыжам. Ар зи фIыщIэри зи гукъэкIри, дауикI, щIалэгъуалэрат. Япэу зэхуэзэжахэм жаIэн мащIэтэкъым, зытепсэлъыхьыни къагъуэтт, арщхьэкIэ гъуэгу тетахэм зрагъэгъэпсэхумэ нэхъ къащтэрти, Ибрэхьими пэш щхьэхуэ и лъабжьэмкIэ щыхуагъэхьэзыращ. Ибрахьими фIэгъэщIэгъуэнт илъагъухэри, зэхиххэри, я псэукIэри, я цIыхуфIагъри. ХьэщIэр а псом егупсысу куэдрэ хэлъащ, итIанэ Iурихри IэфI дыдэу жеящ.
Пщэдджыжьым, къамыгъэушын мурадкIэ, унагъуэр Iэуэлъауэншэт, арщхьэкIэ Симазэ къэтэджат. Асият хуэму бжэм теуIуащ.
- КъакIуэ, къыщIыхьэ, - жиIэри Симазэ бжэр къыIуихащ. 
- Дауэ зыбгъэпсэхуа, зыгуэр къоузрэ, сыт пхуэсщIэн? 
- Си адэжьхэм я хэку сыкъэкIуэжауэ, дауэ тыншу сымыжеинрэт! - дыхьэшхьащ Симазэ. – Ди адэр къыщIэкIа? – щIэупщIащ ар. Зэрыгъуэтыжа зэшыпхъуитIым IэплIэ зрашэкIри затхьэщIыну къыщIэкIащ.
Пщэдджыжьышхэр Тыркум ейм зыкIи ещхьтэкъым, ауэ нанэ игъэжьа лэкъумым и мэ гуакIуэм узыIэпишэрт, уи унагъуэм укъыщыхутэжауэ къыпщигъэхъурт. Пщэдджыжьышхэр зэфIэкIа нэужь, Ибрэхьим яжриIащ зы тхьэмахуэ нэхъыбэ щыIэ зэрымыхъунур.
- АтIэ, апхуэдэу щыжыфIэкIэ, дэ ди Хэку къызэхэкIухьыныр зэтедухуэн хуейщ, - къыхидзащ Iэдэм. – Асият, дэнэкIэ къыщыщIэддзэмэ нэхъыфI?
- Нобэ ди къалэр зэдгъэлъэгъунщ, пщэдей псы къелъэм дыкIуэнщ, абы дыкъикIынщи Гуэл щхъуантIэхэмкIэ дыунэтIынщ, абы дыкъыщехыжкIэ псы хуабэри къэдгъэнэнкъым. АдэкIэ Тхьэм жыхуиIа хъунщ. 
- Зы махуэкIэ куэдыIуэ мыхъуну пIэрэ ар? - жиIащ Муса. 
- Куэдрэ зыщыдмыIэжьэурэ псори зэрызэщIэдгъэхьэным иужь дитынщ. 
- Хъунщ, фи Iуэху фIы ирикIуэ, - жаIэри къалэм кIуэну гум итIысхьахэщ. Гур парк ихьэпIэм и деж ягъэуври, езыхэр лъэсу дэкIуеину ежьащ. 
- Ибрэхьим, Симазэ, мыр ХьэтIохъущокъуэхэ хаса хадэшхуэщ, нобэ къыздэсым абыхэм я лъэужь дахэ къагъэнам къалэдэсхэр хуабэм кърегъэл, гъэ псом цIыхухэм яфIэфIыпсу къыщакIухь.
Симазэ япэу зэрыт жыг хадэшхуэр зэрыдахэм къыщынэмыщIауэ, жыгхэм ныбжьыфI зэраIэри илъагъурт, дэнэкIэ уплъэми, цIыхухэм къакIухьырт, анэхэм сабийхэр я гъусэу загъэпсэхурт. ГъэщIэгъуэн защIэт, япэу уIуплъэну, икIи гухэхъуэт мыпхуэдэ жэнэтым ди адыгэ тIэкIур зэрисыр плъагъуныр. Паркым и кум нэс кIуэри, абдежым аттракцион щытым нэсащ. 
- Ибрэхьим! Симазэ! Къалэм фыдэплъэну фыхуей? 
Ахэр арэзы щытехъуэм, лъагэу уиIэту зозыгъэплъыхь «шэрхъым» итIысхьэхэри, хуэм дэдэу дэкIуейуэрэ къалэм къыщхьэщыхутащи, замыгъэнщIу заплъыхь. Симазэ фIэгъэщIэгъуэнт сыт илъагъуми. Сосрыкъуэ щыIуплъэм: 
- Уарэ, мор сыт? - жиIэри щIэупщIащ.
- Ар ди нарт Сосрыкъуэщ, фэеплъу ди жыг хэдэм и гъунэгъуу къыщытщ. Иджыпсту мыбы дехыжмэ, абыкIэ дыкIуэнщ, - жиIащ Iэдэм.
Сосрыкъуэ удэкIын папщIэ кIапсэ гъуэгум пыщIа шэнтхэм зырызу уитIысхьэн хуейт.
 - Ибрахьим уэ уи Iуэхур гурыIуэгъуэщ, ауэ, Симазэ, уэ умышынэу, сэ зэрысщIым хуэдэу щIыи, мыбыкIэ зыгъэбыдэж, мес, мо цIыкIухэр итIысхьауэ макIуэри, - Асият трегъэгушхуэ. ЯпэщIыкIэ Асиятрэ Ибрэхьимрэ йотIысхьэри макIуэ, итIанэ, шынэми, лIыгъэм зрегъэхь, Iэдэм дэIэпыкъуурэ Симазэ шэнтым ирегъэтIысхьэ. КIапсэм иришэжьауэ ешэ. ТIэкIу зэрыкIуэу, къилъэгъуащ и лъабжьэм щIэт гуэлым лъакъуэрыгъажэ кхъуафэжьейкIэ псым тет цIыкIухэр, ахэр тIурытIурэ ист, щызэпеуи щыIэу. Дэнэ лъэныкъуэкIи щыплъагъурт лъакъуэрыгъажэкIэ псым тетхэр. Сосрыкъуэ и шхьэр инрэ и Iэ ижьымкIэ мафIэр иIыгъыу щытт, ахэр къыздикIам деж. 
- Ушына хьэмэрэ уигу ирихьа? – еупщIащ Асият, Симазэ шэнтым къыщытришыжым. 
- Тхьэ, япэщIыкIэ сышынами, иджы сфIэфIыпсу сисынумэ, - жиIащ Симазэ. Iэдэми къэсри, ахэр Сосрыкъуэ рестораным щIыхьащ. 
- Ибрэхьим, Тырку кофе фефэн, хьэмэрэ шей нэхъ къафщтэрэ? - щIэупщIащ Iэдэм.
- Содэ, кофи ди мыжагъуэ, - хьэщIэм итыжащ жэуап.
- АтIэ, фыкъэтIыс, - жиIэри Iэдэм Iэнэзехьэм еджащ. - Тырку кофе тхуэбгъэвэн? - щIэупщIащ ар. 
- Иджыпсту, - жиIэри куэд дэмыкIыу кофе пщтыр къахутригъэуващ.
Ибрэхьимрэ Симазэрэ СосрыкъуэкIэ ягу зэгъауэ, кIапсэ гъуэгум кIэрыщIамкIэ къэкIуэжащ паркышхуэм.
- АдэкIэ дэнэ дыкIуэмэ нэхъ къафщтэрэ? 
- Мыбы дыкъыщысакIэ, хьэкIэкхъуэкIэхэр щаIыгъ зоопаркым докIуэ, - жиIащ Асият. ХьэщIэхэм упщIэ лей ямыту здашэмкIэ кIуэри, хьэкIэкхъуэкIэхэр щаIыгъ щIыпIэм ихьащ. ИпэкIэ зэи имылъэгъуахэм Симазэ фIэфI дыдэу еплъырт: мыщэми, жирафми, къаплъэнми, аслъэнми, номинхэми, къыдырхэми, шы цIыкIухэми, бгъэшхуэхэми, джэд-къазхэми - куэд дыдэ хъурт узэплъыну узыIэпызышэхэр. Зы сыхьэтым щIигъукIэ къакIухьри, абыи къикIыжахэщ. 

Тэнащ Хьэжымырзэ.
Поделиться:

Читать также: