НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 10, махуэку

Фашизмэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ

 Зэдэлъхузэшыпхъухэм я дунейпсо махуэщ

1945 гъэм Иуан Хьэсэн Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.

1964 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ», «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.

1897 гъэм къалъхуащ япэ адыгэ бзэщIэныгъэ еджагъэшхуэ Iэщхьэмахуэ Даут.

1942 гъэм къалъхуащ СССР-м щIыхь зиIэ и энергетик, Урысейм и ЕЭС-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м  щIыхь зиIэ и энергетик Хьэмыкъуэ Ахьмэд.

1956 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марьянэ.

1958 гъэм къалъхуащ радиожурналист Гъурф Бэллэ.

1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Лу Рэмэзан.

Дунейм и щытыкIэнур

  «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр  махуэм градуси 4 - 6, жэщым   градуси 3 - 4 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 5-кIэ зихъуэжынущ.

 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Къомыхъуэжынур, къомыщэжынур

уи анэмрэ уи нитIымрэщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

10.04.2026 - 17:57 Кхъэр ягъэкъабзэ
10.04.2026 - 11:28 НОБЭ
09.04.2026 - 07:30 НОБЭ
08.04.2026 - 11:04 НОБЭ
07.04.2026 - 09:55 НОБЭ