Нартхэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэр![]() Гур хэзыгъахъуэт «Нартхэм я дыщэ пхъуантэ» зи фIэщыгъэ къэрал зэхуаку зэпеуэм и 16-нэ зэхыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIар. Нарт хъыбарыжьхэм хэт лIыхъужьхэм ящыщ Сосрыкъуэ, Сэтэней Гуащэ, Щхьэц ФIыцIэ сымэ хуагъэфащэ я теплъэхэр сурэту щIынымкIэ зэпеуэм хэтащ Индием, Сирием, Иорданием, Тыркум къикIауэ ди деж щеджэ щIалэгъуалэр. Зэхьэзэхуэр егъэкIуэкIыныр зи жэрдэмыр КъБР-м и цIыхубэ художник, сурэтыщIхэм я зэпеуэ «Нартхэм я дыщэ пхъуантэ» зыфIащам и жюрим хэт Бгъэжьнокъуэ Заурбэчрэ Щэнхабзэ-гъэсэныгъэ пэхуэщIэхэмкIэ хьэрычэтыщIэу щымыт фондым, ТIажь Альбинэ и цIэр зезыхьэм, и унафэщI, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, УФ-м и Правительствэм щэнхабзэмкIэ и Къэрал саугъэтыр 2012 гъэм зрата ТIажь Борисрэщ. А тIум я Iуэхур къыдащтэну зызыхуагъэза Журт Асият КъБКъУ-м щылажьэ егъэджакIуэ-гъэсакIуэ, ЩIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ къэрал зэхуаку еджапIэм и унафэщIым, зэхьэзэхуэм хэтыну гупыж зыщIахэр щызэщIигъэуIуэм, абыхэм къахыхьащ нэгъуэщI къэралхэм къикIауэ ди республикэм щеджэхэри. КъэпщытакIуэхэм нэхъ дахэ дыдэу къалъыта сурэтхэр я IэдакъэщIэкIщ Индием къикIа хъыджэбзищымрэ зы щIалэмрэ. Абыхэм Сосрыкъуэ, Сэтэней Гуащэ, Щхьэц ФIыцIэ я сурэтхэр ящIати, а «лIыхъужьхэм» ятеухуауэ хъыбарыжьхэм къаIуатэр япэщIыкIэ езыхэр нэхъ зыщыгъуазэ инджылызыбзэкIэ зэдзэкIауэ иратри, ардыдэр езыхэм я бзэкIэ зэрызрадзэкIыжар къызэхуэсахэм зэхрагъэхащ. А лэжьыгъэр а гупым мазищым къриубыдэу зэфIагъэкIащ. «Нартхэм я дыщэ пхъуантэ» тхылъыр дуней псом нэхъ щызекIуэ бзэхэм ящыщу 7-кIэ зэрадзэкIащ, курыт еджапIэхэм кIуэхэм щыгъуазэ зыхуащIыфын хуэдэу. А зэIущIэм онлайн IэмалкIэ закъыпищIащ Москва къалэм и Правительствэм къызэригъэпэща «Лъэпкъхэм я унэ» IуэхущIапIэм и унафэщI Ануфриенкэ Сергейрэ Зэныбжьэгъугъэм и Урысей-Индие жылагъуэ зэгухьэныгъэу «ДИША» жыхуаIэм и тхьэмадэ Рамешвар Сингхрэ. Ахэр къехъуэхъуащ зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэмрэ зэпеуэм хэта ныбжьыщIэхэмрэ. - Мис мыпхуэдэ зэпеуэхэр нэхъыбэрэ къызэдгъэпэщыпхъэщ, ди зэныбжьэгъугъэр нэхъ лъэщ хъун папщIэ! Дэ едгъэлъагъуращ щIэблэм зыхалъхьэнур. Хабзэ-бзыпхъэкIэ дызэдэгуашэу, ди блэкIар ящIэу щытын хуейщ. Дэ фи лъэпкъыр хуабжьу дигу ирохь, фи щыIэкIэ-псэукIэр, фи зыIыгъыкIэр, фи хьэл-щэныр тфIэдахэщ, - къыхигъэщащ Рамешвар Сингх. Индием къикIауэ зэпеуэм къыхэжаныкIа хъыджэбз цIыкIухэм ящыщ зым «Сытым къыхэпха мы зэпеуэм ухэтыныр?» жытIэу зыщыхуэдгъазэм, «Сэ сфIэгъэщIэгъуэну сыхэтащ зэпеуэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэм зыщызгъэгъуэзэну сфIэфIщ, бзэхэри, слъэкIмэ, нэхъыбэу зэзгъэщIэну сыхуейщ», - жиIащ абы. АдэкIэ псалъэ иратащ илъэс 15 хъуауэ мы зэпеуэ-зэхыхьэхэр къызэзыгъэпэщхэм дэIэпыкъуэгъу къахуэхъу «Незнайка-художник» Интернет-тыкуэным и унафэщI Флорис Нинэ. - Зэхьэзэхуэм хэта псоми сынывохъуэхъу дяпэкIи апхуэдэ куэдым фи зэфIэкI щывгъэлъэгъуэну, фыузыншэну, фи адэ-анэхэр къыфщхьэщыту, илъэс куэдкIэ фыпсэуну! Нинэ къыздихьа фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ зэпеуэм нэхъ дахэ дыдэу къыщалъыта сурэтхэр зи IэдакъэщIэкI хъыджэбзищымрэ зы щIалэмрэ иратащ. Мыхэр зэрыжытIащи, Индием щыщ студентхэщ. Къызэхуэсахэм Бгъэжьнокъуэ Заурбэч захуигъэзащ: - Зэпеуэм хэта дэтхэнэми фIыщIэ ин фхузощI, мазищым къриубыдэу апхуэдэ лэжьыгъэ зэрызэфIэвгъэкIыфам папщIэ! Iуэхур къыддэзыIыгъа Асият иригъаджэхэм ящыщу зэхьэзэхуэм щытекIуахэм сынывохъуэхъу дяпэкIи ехъулIэныгъэхэр фиIэну, фи цIэ фIыкIэ къраIуэу мыпхуэдэ зэпеуэхэм фыхэтыну, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ дякум дэлъыну! Хабзэ зэрытхуэхъуауэ, мы зэпеуэм къыпытщэну ди мурадщ, - жиIащ абы. Нарт хъыбарыжьхэм хэт лIыхъужьхэм ящыщу зи теплъэ ящIахэр пэшым и кIыхьагъкIэ егъэувэкIат, къекIуэлIахэм щыщу гупыж зыщIым бгъэдыхьэрэ сурэт щызытригъэхыу. КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:
Читать также:
24.04.2025 - 13:10 →
Iэпхъуалъэ лъащIэм уиплъэмэ…
24.04.2025 - 09:00 →
ЗэпыщIэныгъэхэр яIэщ
18.04.2025 - 13:24 →
Фэеплъхэм гулъытэ хуащI
17.04.2025 - 12:26 →
Урыс гъуазджэм и япэ музей
17.04.2025 - 12:26 →
Вагъуэ цIыкIухэм яхудэплъейуэ
|