ЦIыхубзым и лъэIур тIэу жыIэ ящIтэкъым

ЗэрытщIэщи, шэрджэс бзылъхугъэм и теплъэмрэ зыIыгъыкIэмрэ цIыху цIэрыIуэ куэд - щIэныгъэлIу, тхыдэджу, тхакIуэу, усакIуэу, сурэтыщIу - зэман зэхуэмыдэхэм тетхыхьащ. Апхуэдэт Белл Джеймс, Мариньи де Тебу, Паллас Симон, Байрон Джордж, Дубровин Николай, Немирович-Данченкэ, Бальмонт Константин, Данилевский Николай, Гагарин Григорий, Пушкин Александр, Лермонтов Михаил сымэ, нэгъуэщIхэри.

Сыт и уасэт дыжьын лIэщIыгъуэм и усакIуэ Бальмонт Константин шэрджэс бзылъхугъэм хузэхилъхьауэ щыта усэр, «Черкешенке» фIэщыгъэр иIэжу?! Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр лъэпкъым иIэнымкIэ щIэгъэкъуэн хуэхъуар езым иубзыхужа адыгэ хабзэрт. Унагъуэм къыхэхъуар хъыджэбз цIыкIумэ, абы и гъэсэныгъэм, щыцIыкIу дыдэм щегъэжьауэ, адыгэ бзылъхугъэ нэхъыжьхэм зрагъэлIалIэрт. ЩIэныгъэлI-этнограф Унэрокъуэ Мирэ адрей лъэпкъхэм сыт и лъэныкъуэкIи дакъыхэщу зэрыщытам и зы щапхъэу къехь хъыджэбз цIыкIум «пщащэ унэ»  хуащIу  зэрыщытар. «Пщащэ унэм  хъыджэбзым щауэр щригъэблагъэрт, и ныбжьэгъухэр и гъусэу. Езы хъыджэбзми и шыпхъу е гъунэгъу хъыджэбз цIыкIу къыбгъэдэсын хуейт. Апхуэдэ хабзэм  хъыджэбзым и пщIэр ихъумэрт», - етх абы.

ЦIыху хыхьэкIэм, зыIыгъыкIэм, псэлъэкIэ гуапэм бзылъхугъэр, зэрыжытIащи, щыцIыкIум щыщIэдзауэ хуагъэхьэзырт, унагъуэм илъыну зэгурыIуэри абыхэм куэдкIэ зэрелъытар абы къыгурагъаIуэрт. КъинэмыщIауэ, адыгэ пщащэр дэрбзэр IэщIагъэм хуэIэкIуэлъакIуэн хуейт, псом хуэмыдэу дыщэидэ хэдыкIыкIэр зригъэхъулIапхъэт. Уеблэмэ пщащэм и пхъуантэдэлъыр езым игъэхьэзырыжырт. Ди щIыпIэхэм зыщызыплъыхьа еджагъэшхуэхэм пэжу гу лъатат: «Шэрджэс бзылъхугъэм и IэкIэ ищIа дыпIэр къэмыхъейурэ езы бостейр лэжьэжыну къыщIэкIынущ», - жаIэу.

Адыгэм хабзэ дахэ иIахэм ящыщт цIыхубзым и лъэIур тIэу жыIэ имыщIу цIыхухъум игъэзащIэу зэрыщытар. Псалъэм папщIэ, къаугъэ яку къыдэхъуауэ цIыхухъуитI щызэзауэкIэ, бзылъхугъэм и IэлъэщIыр зытрихрэ а тIум я зэхуаку дидзамэ, асыхьэтым ахэр зэтесабырэжын хуейт. Апхуэдэ пщIэ цIыхубзым хуащIырт пасэрейм.

Шэрджэс бзылъхугъэхэм пщыхэр, кърым, астрахань, къэжэр хъанхэр къылъыхъуу зэрыщытар тхыдэм къыхэнащ. Апхуэдэт урыс пащтыхь гуащэ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэней (Марие) - Грозный Иван и щхьэгъусэу щытар, Куржым я пащтыхь гуащэ Русудан - Картлием ипщ Вахтанг VI щхьэгъусэ хуэхъуар (Джылахъстэн лъэпкъыжьым щыщт), Иорданием и пащтыхь гуащэ Тукан Алия - Пащтыхь Хъусейн и щхьэгъусэр.

 «Адыгэ бзылъхугъэр дахагъэмрэ гъэсэныгъэмрэ я пщалъэ дуней псом щыхъуащ. Абыхэм я фIыгъэщ адыгэ лъэпкъым ноби и гъуэгуанэм зэрыпищэр. Яхэтащ абыхэм щэнхабзэ лэжьакIуэшхуэхэри, щIэныгъэрылажьэхэри, Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэри», - жиIэгъащ дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрий.

 Кавказ зауэм иужькIи гъуэгуанэ мытынш пхыкIащ шэрджэс бзылъхугъэр. Бзэр, лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр къащIэхъуэм ирагъэщIэн, халъхьэн папщIэ ахэр я къару еблэж хъунутэкъым, арыншамэ хамэщI щыпсэуну къызыхуихуахэр зэрылъэпкъыу адрейхэм яхэшыпсыхьыжынри хэлът. Абы къыхэкIыу къаруущIэ зыхалъхьэжри, 1918 гъэм «ЦIыхубз зэакъылэгъухэм я шэрджэс зэгухьэныгъэ» къызэрагъэпэщауэ щытащ Мелек Хайре, Бэрзэдж Макбул, Решид Залико Эмине, Улагай Фаикэ сымэ. Нэгъаплъэ Аскэрбий и «Черкешенка» фильмым мы цIыхубз гуащIафIэхэм я цIэр къыщраIуащ.

Фэеплъ мывэ зыхуагъэувахэм ящыщщ беслъэней цIыхубзхэр - Хэку зауэшхуэм и зэманым Ленинград къыдаша сабий 32-рэ нэмыцэхэм къезыгъэлахэр.  

 Куэд мэхъу Шэрджэс хэкур цIэрыIуэ зыщIа бзылъхугъэхэр. Абыхэм ящыщщ дуней псом бзылъхугъэм и дахагъэм теухуауэ япэу къызэрагъэпэща зэпеуэм япэ увыпIэр къыщызыхьа Халис Кериман, мысыр актрисэ, уэрэджыIакIуэ Хусни Суад, Тырку Республикэм и цIыхубэ актрисэ, режиссер, сценарист, фильм 200-м хэтыну хунэса Шорэ Тюркан, тырку актрисэ, продюсер, «Великолепный век» сериалым и сценарист Мерал Окай, франджы балеринэ, сурэтыщI, скульптор, актрисэ Щамырзэ Моникэ (Черинэ Людмилэ), Франджым и ЛIыхъужь Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан, франджы тхакIуэ Шарлоттэ Аишэт, цIыхубз-кхъухьлъатэзехуэ Богузокъуэ Лелэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ япэу доктор цIэр зыфIаща КIэрашэ Зейнаб, нэгъуэщIхэри.

Иджырей адыгэ бзылъхугъэхэми IэщIагъэрэ зэфIэкIкIэ цIэрыIуэ куэд яхэтщ, шэч хэмылъу. Абыхэм ящыщщ: дыщэкI Iэзэ Еутых Iэсият, Эверест бгым дэкIа Мэз Каринэ, актрисэ Жэман Аминэ, «Черкешенка» япэ дунейпсо зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщызыхьа Кукан Беллэ, дунейм и лъагапIэ нэхъ ин дыдэу щыIэ 14-м дэкIа альпинисткэ Пекъу Алинэ, нэгъуэщIхэри. Ахэри адыгэ лъэпкъыр ди нобэм зыгъэбжьыфIэ адыгэ бзылъхугъэхэщ. Хэт ищIэрэ, илъэсхэр дэкIмэ, абыхэми я цIэр яIэту фильм щхьэхуэхэр траухуэнкIэ хъунщ...

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

Поделиться:

Читать также:

11.11.2025 - 10:30 ИщIэм деплъынщ
10.11.2025 - 12:00 Щхьэусыгъуэ иIэщ
05.11.2025 - 12:42 Псалъэм и мыхьэнэр
01.11.2025 - 12:29 ЛIы хахуэ