«Къэзыгъэзэж» псалъэр зрапхыр хамэ къэрал гуэрым щыпсэууэ, зи Хэку зэзыгъэгъуэтыжыну хуей цIыхурщ. УФ-м и Къэрал Думэм гъатхэпэм и 25-м иригъэкIуэкIа и зэхуэсым Хэкум къэIэпхъуэжын Iуэхур апхуэдэ гукъыдэж зиIэхэм нэхъ псынщIэ щащIын мурадкIэ жэрдэмыщIэ къыщыхалъхьащ.
«О репатриации» («Къэралым къэгъэзэжыным теухуауэ») хабзэщIэм и проектыр Думэм и пащхьэ кърихьащ СНГ-м хиубыдэ къэралхэм я Iуэху зезыхуэ комитетым и унафэщIым и япэ къуэдзэ, депутат Затулин Константин.
Зи гугъу тщIы хабзэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн хуейуэ къыщIалъыта щхьэусыгъуэхэр зыбжанэ мэхъу. Ауэ нэхъ наIуэу утыкум илъыр Азие Курытым цIыху бжыгъэшхуэ къызэрикIырщ, ауэ щыхъукIэ, езы Урысейм и цIыхуу къилъытапхъэхэм хабзэм иукъуэдий Iэмалыншагъэхэр къатохьэлъэ. А щытыкIэм ипкъ иткIэ, хабзэм зи хьэтыр нэхъ илъагъупхъэ «репатриантхэм» яхудичыхыу, нэхъ зыхуэсакъхэм я гъуэгур зэпеупщI.
Затулиным къыхилъхьа жэрдэмыщIэм дэри фIым дыщегъэгугъ, сыту жыпIэмэ, иджы «репатриант» зыфIащу тыншу къагъэкIуэжынухэм адыгэхэри храгъэубыдэну гугъэ щыIэщ. ХабзэщIэмкIэ Урысейм къэIэпхъуэжыну хуит ящIынущ къэралыр «зи къежьапIэ лъэпкъ» («коренной народ») лIэужьыгъуэм хиубыдэ псори. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Урысейр зи адэжь щIыналъэ цIыхур къэIэпхъуэжыну хуит хъун папщIэ, езыр къызыхэкIа лъэпкъым зэрыщыщым и щыхьэт къигъэувмэ, зэфIэкIащ.
Сыт е хэт щыхьэту къэбгъэувынур уи адэ-анэр е адэшхуэ-анэшхуэр «тхыдэкIэ Урысейм щыщ щIыпIэм зэрепхамкIэ»? КъэкIуэжыну зи мурадым езыр е ар къызытехъукIахэр Урысей Федерацэм хиубыдэ щIыпIэм къызэрыщалъхуар къэралым и фIэщ зэрищIынур дауэ? Затулиным гурыIуэгъуэу къелъытэ илъэс пщIы бжыгъэ, уеблэмэ щэ зыбжанэ (адыгэхэм ятепщIыхьмэ) зэрыдэкIам къыхэкIыу, апхуэдэ дэфтэр къэгъуэтыгъуей зэрыхъунур. ХабзэщIэмкIэ «къэзыгъэзэжым» зыщыщ лъэпкъыр къигъэлъагъуэмэ, зэфIэкIащ. Проектым генетикэ къэхутэныгъэр щыхьэту къэбгъэув хъуну къелъытэ. ГенетикэмкIэ IэщIагъэлIым иригъэкIуэкI ДНК-тестым шэчыншэу къыбжиIэфынущ къэралым къэIэпхъуэну хуей цIыхур къызыхэкIа лъэпкъыр.
ЩIэх-щIэхыурэ зэхъуэкIыныгъэ зыхалъхьэ мы хабзэм Къэрал Думэм щытопсэлъыхь 2006 гъэм щегъэжьауэ. Абы щыгъуэм зэхалъхьауэ щыта, «Езым я гукъыдэжкIэ Урысейм къэIэпхъуэжыну зи мурадхэм» зэрызыщIагъакъуэ программэр зыхуэгъэпсауэ щытар СССР-р зэпкърыхуа нэужь, СНГ-м хиубыдэ къэралхэм къыщыхутахэрт. А хабзэм 2024 гъэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ халъхьауэ щытащ Президент Путин Владимир и унафэкIэ. Абы лъандэрэ «къэзыгъэзэж» е «репатриант» фIэщыгъэм хиубыдэу къалъытэр лIэужьыгъуиплI къудейт. Япэр – СССР-м и цIыхуу щытауэ, РСФСР-м къыщалъхуа - щыпсэуахэрт. ЕтIуанэр – РСФСР-м, СССР-м е «нобэрей Урысей Федерацэм и гъунапкъэм хиубыдэ» Урысей империем щыпсэуа лъэпкъым щыщ адэжь зиIэхэрт. (Затулиным апхуэдэхэм адыгэхэр зэрыхиубыдэр къыхигъэщауэ щытащ абы щыгъуэм – Ч.М.). Ещанэ лIэужьыгъуэр – Урысей Федерацэм иIэпхъукIыу иужькIэ щIегъуэжахэрт. ЕплIанэр – УФ-м и цIыхухэу «ныбжьэгъуу щымыт хамэ къэралхэм 2024 гъэм мазаем и 24-м хъуху щыпсэуауэ, апхуэдэ хуитыныгъэ яфIэкIуэда нэужь, Урысейм къэзыгъэзэжахэрт». А лIэужьыгъуиплIым хиубыдэ «къэзыгъэзэжхэм» урысыбзэ зэращIэр къэрал органхэм я фIэщ ящIыну я къалэнтэкъым.
Мы дызытепсэлъыхь хабзэщIэм ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа хабзитIми зэхъуэкIыныгъэшхуэ яхелъхьэ, япэрауэ. ЕтIуанэрауэ, къэгъэзэжын Iуэхур нэхъ псынщIэ ещI. Проектыр къащтэмэ, гурыIуэгъуэ хъунущ Урысейм къэIэпхъуэжын хуитыныгъэр хуиту зыIэрыхьэнухэр. ЗэрыжытIауэ, ар зи адэжьхэр УФ-м иубыд щIыпIэм щыщхэрщ. Затулиным къыхилъхьа проектыр щызэпкърих дэфтэр щхьэхуэм къыщыхегъэщ къигъэзэжын гукъыдэж зыщIа цIыхур Урысейм «щIыкIэ» епхауэ зэрыщытыпхъэр. Ауэ тхылъ щыхьэт зэрамыгъуэтыжынум къыхэкIыу, зи лъабжьэр Урысейм къыщежьэ лъэпкъым зэрыщыщыр къэзыгъэнаIуэм «лъыкIэ щыхьэт» (генетикэ экспертизэ) къигъэув хъунущ.
«ЦIыхур зыщыщ лъэпкъыр паспортым имыту къыщIэкIми, ар нэгъуэщI дэфтэрхэм иратхауэ къыщыщIэкIи щыIэщ, генетикэ къэпщытэныгъэри апхуэдэ щыхьэтхэм язщ», - жиIащ Затулиным. «Зи лъабжьэр Урысейм къыщежьэ лъэпкъхэм» хиубыдэхэр Правительствэм къигъэлъэгъуэнущ. Урысхэм, украинхэм, белорусхэм нэмыщI, Затулиным «репатриантхэм» яхэбжэн хуейуэ къелъытэ: I) УФ-м хиубыдэу лъэпкъ-щIыналъэ щхьэхуэ зиIэхэм щыщхэр. 2) Зи бжыгъэр мащIэу Урысеймрэ Дагъыстэнымрэ зи лъабжьэр къыщежьэ лъэпкъ цIыкIухэр. 3) ТхыдэкIэ Урысейм щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэр.
Ауэ иджы къэIэпхъуэхэм урысыбзэр унагъуэмрэ щэнхабзэмрэ къыщагъэсэбэпыфын хуэдизкIэ ящIэн хуейуэ ягъэув. КъинэмыщIауэ, къэIэпхъуэжыну хуит ящIынукъым терроризмэм епха Iуэхугъуэхэм хэпщIауэ щытахэм.
Гу зылъытапхъэ: 2024 гъэм къриубыдэу, «Хэкум къэгъэзэжынымкIэ программэр» къэзыгъэсэбэпам я бжыгъэр зэрыхъур 14 къудейщ. Абы къигъэлъагъуэр сыт жыпIэмэ, ипэрей хабзэм куэд арэзы зэримыщIырщ. Дыщогугъ иджы абы халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм щытыкIэр ихъуэжыну.