Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэх-щIэхыурэ жэрдэм гъэщIэгъуэнхэр къыхелъхьэ, пэхуэщIэ хьэлэмэтхэр къызэрегъэпэщ. Ахэр щIалэгъуалэм ирагъэкIуэкI щэнхабзэ Iуэхугъуэхэм къыщыувыIэркъым, атIэ абыхэм кърашалIэ щIыналъэм и псэкупсэ гъащIэр зыунэтI, щIэблэм я зэхэщIыкIыр къэзыIэт цIыху цIэрыIуэхэр. Апхуэдэщ «ЦIыху цIэрыIуэхэм дадоуэршэр» фIэщыгъэр зыхуащIа пэхуэщIэри. Апхуэдэ зэIущIэхэр егъэкIуэкIынымкIэ жэрдэмщIакIуэ хъуащ ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ центрыр. ЩIалэгъуалэм я зэхуэсыпIэу щыт центрым и хьэщIэщым япэу кърагъэблэгъари иджыблагъэ цIыхубэ артист цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща Лосэн Тимурщ.
Пшынэр Iэзэу зыгъэбзэрабзэ Лосэн Тимур и цIэр зэхэзымыха адыгэ куэд щыIэу къыщIэкIынкъым. ЩIалэ бжьыфIэ нэгуфIэм и зыIыгъыкIэм, и псэлъэкIэм, и утыку итыкIэм, и пшыналъэ гъэIукIэм димыхьэха щыIэкъым, ар зэ зэхиха къудеймэ. Лосэн Тимур и пшынэ еуэкIэр зэхэзыхауэ щыта, хамэщI щыпсэуа тхыдэтх икIи IуэрыIуэтэдж цIэрыIуэ Исмел Оздемыр жиIэгъат: «Мы щIалэр набдзэщ, адыгэ зыIыгъыкIэм и щапхъэщи; джакIуэщ, екIуу адыгэбзэр зэкIэлъегъакIуэри; джэгуакIуэщ, пшынэбзэр гущIэм кърегъэIукIри. Насыпщ, дызэрымыкIуэдыжын гугъапIэщ». НэхъыжьыфIым и псалъэм и щыхьэт дахэщ махуэ бжыгъэ ипэкIэ абы къыхуагъэфэща цIэ лъапIэр – Тимур фIыуэ ялъагъу, къалъыхъуэ, къыщIоупщIэ. ЩIалэгъуалэм деж гулъытэ хэха щызиIэ адыгэ щIалэр хьэщIэщым къыщIрагъэблэгъам и ущхьэгъущ абы бгъэдэлъ зэфIэкIхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ.
Тимур иращIэкI зэIущIэм кърихьэлIащ КъБКъУ-м щеджэу адыгэ гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр зыфIэгъэщIэгъуэн щIалэгъуалэр, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ къудамэм щеджэхэр, егъэджакIуэхэр. УзэщIакIуэ унэтIыныгъэ иIэу къызэпэща хъуа Iуэхугъуэм Тимур утIыпщауэ хэтащ, щIалэгъуалэм зэрызыкъыхуагъэзэну упщIэхэмрэ къыбгъэдалъхьэну зыхуей гупсысэхэмкIэ хуит ищIу.
Апхуэдэу Лосэным игу къигъэкIыжащ япэ дыдэу пшынэр къызэрищтар, япэ пшыналъэхэр къигъэкIынымкIэ и анэшхуэр гупсэхэш къызэрыхуэхъуар. «Ди анэшхуэр, Лосэн ХьэкIуц, пшынэм Iэзэу еуэрт. Щыхъыджэбздэсым ар зыхэмыт джэгур джэгу хъуауэ къалъытэртэкъым, апхуэдизкIэ хэт и къэфэкIэми екIуну пшынэр къызэкIуэцIихырти. И пшынэр Зыми иригъэпэгэкIыртэкъым икIи иригъэфыгъуэртэкъым ар, псоми зэхуэдэу пшынэбзэр къахуригъэкIырт. Ди анэшхуэм дэслъэгъуащ пшынэ уеуэ къудейкIэ пшынауэ узэрымыхъунур, абы хабзэшхуэ зэрыпылъыр, ар зэрылъащIэншэр. Нобэр къыздэсым зы щIэ гуэр къызэкъузох, пшынэ ныбэр сшэщIыху къэси си анэшхуэм и зы псалъэ гуэр сигу къокIыж», – жиIащ Тимур.
УФ-м щIыхь зиIэ и артист, и къуажэгъу щIалэ Нэхущ Чэрим и гъусэу япэ лъэбакъуэхэр утыкушхуэм щызыча Тимур уэршэрым хэту къыжиIащ ар и гъащIэм щыщ зы теплъэгъуэу къызэрызэринэкIар, зыужьыгъуэм, и лъэхъэнэу зэрыщытар. Тимур иджы макъамэ дунейм езым и гъуэгу щыпхешыж, адыгэ IуэрыIуатэмрэ иджырей макъамэмрэ зэрипхыурэ и хъэтIыр къызытещ гъуазджэ къегъэщIыж.
«НэхъыжьыфI хъарзынэхэр къытщхьэщытащ дэ, IуэрыIуатэхэр фIыуэ ящIэу, хъыбарыжьхэмрэ пшыналъэхэмрэ щыгъуазэу. Дауи, ахэр дэри зэхэтхащ, ди щхьэм къинащ. иужькIэ, хэтш гъуэгур зыхуэкIуэр наIуэ хъуа нэужь, лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ IуэрыIуатэ бейм нэхъыфIу зэрызыщыдгъэгъуэзэным иужь дитащ. Ар лъащIэншэщ, къыпхузэщIэубыдэнкIи Iэмал иIэкъым. Си гурыщIэм къигъэщI пшыналъэм IуэрыIуатэр и жьы къэшэгъуэщ, жыпIэмэ пэж хъуну къыщIэкIынщ. Жьымрэ щIэмрэ апхуэдэу зэхэплъхьэмэ, макъамэщIэ защIэу щэ бжыгъэхэр къигъэщIыныр зыхуэIуа щыIэкъым», – жиIащ Лосэн Тимур.
КъищынэмыщIауэ, Лосэн Тимур «Бзэрабзэ» арт-гупым и къызэгъэпэщакIуэщ, и унэтIакIуэщ. Тимур и гъусэу зэIущIэм хэтащ Адыгейм щIыхь зиIэ и артист ДыщэкI Артуррэ пшынауэ Чылар Нэсрэнрэ. Уэршэрыр и кIэм щынэблагъэм, абыхэм къагъэIуа уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ зэIущIэр нэгъэсауэ пшыхь дахэ ящIат.
ЗэIущIэм хэта студентхэм упщIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд иратащ Лосэн Тимур. Ахэр теухуат джэгуакIуэ утыкум ихьэну хуейм ар зригъэхъулIэн папщIэ ищIапхъэхэм, пшынэ еуэкIэм хэлъ щэхухэм, ехъулIэныгъэхэр зыIэрыбгъэхьэн папщIэ гу зылъытапхъэхэм, нэгъуэщI куэдми. Лъэныкъуэхэр зэщыгуфIыкIыу, екIуэкIа уэршэрымкIэ зэдэарэзыуэ зэбгъэдэкIыжащ.
«ЦIыху цIэрыIуэхэм дадоуэршэр» пэхуэщIэр зи нэIэ щIэт, КъБР-м и радиом и лэжьакIуэ Жыгуэ Иннэ зэрыжиIамкIэ, мыпхуэдэ зэIущIэхэм Iэмал зэриIэкIэ кърагъэблэгъэнущ зи дуней тетыкIэр адыгэ гупсысэм зиужьыным ещхьэпэ цIыху цIэрыIуэхэр. Лосэн Тимур абыхэм зэращыщым шэч хэлъкъым, зэIущIэм кърихьэлIахэм ар гъэщIэгъуэн къазэрыщыхъуар абы щыхьэт тохъуэ. «Япэ лъэбакъуэм и фIагъым елъытащ етIуанэ лъэбакъуэри, ди гуращэхэр къыдэхъулIауэ къысщохъу, Лосэн Тимур хиша лъагъуэм адэкIэ Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэрэ къытетшэну догугъэ», – жиIащ Жыгуэ Иннэ.