Дыгъуасэ Налшык къыщызэIуахащ «ГъащIэм и мафIэ» урысейпсо марафоныр. Ар теухуащ къупщхьэ куцIым и донор хъуным цIыху нэхъыбэ къыхуеджэным.
ЩIалэгъуалэм я унэм и пэIущIэ утыкум щызэхуэсат къулыкъущIэхэр, медицинэ лэжьакIуэхэр, волонтерхэр, донор хъуну жэрдэм зыщIа цIыхухэр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат.
- Iуэху щхьэпэр Урысейм и щIыналъэ куэдым щокIуэкI. Нобэ пхъэдзакIэмафIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къэсащ икIи ди деж щыдогъажьэ зэныбжьэгъугъэр, зэкъуэтыныгъэр, зэкъуэшыгъэр зи лъабжьэ «ГъащIэм и мафIэ» эстафетэр. АбыкIэ дэ защIыдогъакIуэ лейкемиемрэ къупщхьэ куцI узыфэмрэ зыпкърыт сымаджэхэм. 2023 гъэм апхуэдэ Iуэху республикэм щекIуэкIауэ щытащ. Абы щыгъуэм ди щIыналъэм щыщу цIыху 1400-рэ донор хъуауэ щытащ. Ноби дыщIызэхуэсар ди къарур зэдгъэуIуу, ди дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ сымаджэхэр дэтIыгъын, донорхэм я реестрым хэдгъэхъуэн папщIэщ. Донор хъуну хуейхэм я бжыгъэр къыхэхъуэми, узыр къызэтеувыIэркъым, ар зыпкърытхэм я бжыгъэр щымащIэкъым Урысейм. Дэ ди къалэнщ зэрытхузэфIэкIкIэ абыхэм сэбэп дахуэхъуну. Апхуэдэ сымаджэхэр хъужынкIэ гугъапIэшхуэ щыIэкъым, ауэ донор хъу дэтхэнэми абыхэм я гъащIэр къегъэлынымкIэ Iэмал гуэр ярет. ФIыщIэ яхузощI Iуэху щхьэпэм нэхъапэкIи хэтахэми нобэ къыткъуэувэнухэми.
Къупщхьэ куцI узыфэм и донор хъуным цIыхухэр къыхуеджэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэзыгъэкI, а Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуатэ Алискеров Артем къыхигъэщащ мыпхуэдэ зэхыхьэхэм ди республикэр жыджэру зэрыпэджэжыр, гущIэгъу, гуапагъэ зыхэлъ цIыхухэр куэду щыпсэу щIыналъэу къызэрилъытэр, япэхэми хуэдэу, нобэрей Iуэхур сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу къызэрызэрагъэпэщар.
«ГъащIэм и мафIэ» пхъэдзакIэмафIэр къалэм и фэеплъ щIыпIэхэм къыщезыхьэкIыну гупым хэтщ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, Суд-медицинэ экспертизэмкIэ бюром и унафэщI Мечукаев Алихъан, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ, Сидней щекIуэкIа Олимп джэгухэм я чемпион Къардэн Мурат, «2024 гъэм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ къудамэм щытекIуа Успанов Щамил, КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Iэмырбий, «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым и социальнэ координатор ПщыхьэщIэ Ахьмэд, республикэм и Муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн, Дэгухэм я спортымкIэ УФ-м Дэгухэм я спорт федерацэм и гуп щхьэхуэм хэт Жылэ Татьянэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэтынымкIэ и IэнатIэм и къегъэлакIуэ, Урысейм щIыхь зиIэ и донор Киштыков Мэзан, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ – социально-экономикэ зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ департаментым и унафэщI Башорэ Рустам, Къупщхьэ куцI узыфэм и донор хъуным цIыхухэр къыхуеджэнымкIэ марафонхэр езыгъэкIуэкI Алискеров Артём сымэ.
ЩIалэгъуалэм я унэм и деж а махуэм щылэжьащ Лъы щат республикэ станцым ягъэIэпхъуэ хъу и къудамэр. Гупыж зыщI дэтхэнэми и лъынтхуэм лъы хригъэшу, къупщхьэ куцIым и донор хъуну Iэмал яIащ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.