КъыдэкIуэтей щIэблэм йогугъу

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм дэлажьэ ЩIа­лэгъуалэ парламентым и унафэщI, СВО-м хэт ­Николаев Артём. Абы хэтащ Къэрал Думэм и ЩIалэ­гъуалэ парламентым регламентымрэ къэп­щытэныгъэмкIэ и комиссэм и унафэщI Абазэ Албэч.

Егоровэ Татьянэ щIалэхэм яхутепсэлъыхьащ рес­публикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и лэ­жьыгъэм, абы епха ЩIалэгъуалэ палатэр зэрызэ­фIэувамрэ зэфIигъэкIымрэ. Абы къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIалэгъуалэм зэрызау­жьыну Iэмал псори зэрыщызэтеублар, къыдэкIуэтей щIэблэр жылагъуэ, волонтёр Iуэхухэм хэшэным жыджэру зэрыщелэжьыр.
ЗэIущIэм и гугъу щащIащ хабзэхэр зэрырагъэфIакIуэм, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр зэры­зэдэлажьэм, щIэблэр хэкупсэу къызэрагъэхъум, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм зэрадэIэпыкъум, Хэку зауэ­шхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъур зэрагъэлъэпIэну щIыкIэм.
Николаев Артём жиIащ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм дэлэжьэну зэрыхьэзырыр. 

 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: