Къытпэплъэм ари и джэлэсщ

1992 гъэм Бразилием и щыхьэр Рио-де-Жанейро ООН-м щызэхиша зэхуэсым мэлыжьыхьым и 15-р Экологие щIэныгъэхэм я махуэу щагъэуващ. Ар кърикIуащ дыкъэзыухъуреихь дунейм, зэрыщыту къатщтэмэ, щIыуэпсым и щытыкIэм теухуа щIэныгъэр цIыхухэм ябгъэдэлъхьэным мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэр къэлъытэным.

ЩIым къыщыхъу-къыщыщIэхэм щыгъуазэ захуэтщIынымкIэ, я щхьэусыгъуэхэр зыгурыдгъэIуэнымкIэ, къарикIуэнкIэ хъунур IупщIу ди нэгу къыщIэдгъэувэнымкIэ «Экологие щIэныгъэхэм я махуэ» зыфIащар щIэгъэкъуэнщ.

Экологие щIэныгъэхэм я махуэр ди къэралым ягъэлъэпIэн щыщIадзар 1996 гъэм иужькIэщ. А илъэсым къыщегъэжьауэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт школхэм, сабий садхэм, тхылъ хъумапIэхэм, щIэныгъэ институтхэм Экологие щIэныгъэхэм я махуэм теухуауэ къыщызэрагъэпэщ хабзэ зэхыхьэхэм, конференцхэм къыщаIэт псалъэмакъыр теухуащ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным ехьэлIауэ зэхэщIыкI нэс балигъхэми сабийхэми, къулыкъущIэхэми цIыху къызэрыгуэкIхэми диIэн зэрыхуейм.     

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм, щIыуэпсым и щытыкIэм и гугъу щащIкIэ, «экологие» фIэщыгъэр къагъэсэбэпын щыщIадзар, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1866 гъэм иужькIэщ.  Къызэрырахьэжьэуи, а псалъэмкIэ ягъэнаIуэу яублащ Iэхэлъахэм дызэрыдекIуэкIымрэ псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ дазэрыхущытыр зыхуэдэмрэ.

Абы лъандэрэ зэман куэд дэкIами, ЩIы Хъурейм тхьэмыщкIагъэу къылъыдгъэсым, зэрыхэдгъэщI щымыIэу, хэдгъахъуэ зэпытщ. Езы планетэр къэтщтэнщи, и щIыуэпсыр зэрыщытауэ зэрыщызэтемыувэжри нэрылъагъущ. А Iуэхум тIэкIу-тIэкIуурэ дызыхуишэнкIэ хъунур мы зэманым зэхэдмыщIыкIыщэми, къэкIуэну мыжыжьэм ди щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэнур щIыуэпсыр зэрыувэну щытыкIэм зэрелъытари гурыIуэгъуэщ.   

Ауэ щыхъукIи, дыкъэзыухъуреихь дунейм и зыхъуэжыкIэм дыхэзыгъэгъуазэ, къыщыхъу-къыщыщIэхэр ди нэгу къыщIэзыгъэувэ, къарикIуэнкIэ хъунур къыдгурызыгъаIуэ щIэныгъэ куу цIыхухэм ябгъэдэлъхьэным, хуей хъумэ яхэпщэным, мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэри шэч къызытумыхьэнщ…

«Экологие щIэныгъэхэм я махуэ» зыфIащар щыдгъэлъапIэ мэлыжьыхьым и I5-м къыщыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэм и 5 пщIондэ (Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и махуэм нэсыху) Урысей Федерацэм щызэфIах Iуэхугъуэхэм «ЩIыуэпсым хуэщхьэпэ пэхуэщIэхэр» фIащащ.

А пIалъэм къриубыдэу, мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ, музей зэмылIэужьыгъуэхэмрэ тхылъ хъумапIэхэмрэ, курыт школхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, нэгъуэщIхэми а Iуэхум ехьэлIауэ къыщызэрагъэпэщ хабзэ зэхыхьэхэм, конференцхэм (иджыри зэ къытыдогъэзэжри) щытопсэлъыхь дыкъэзыухъуреихь дунейр, зэрыщыту къатщтэмэ, щIыуэпсыр хъумэным ехьэлIауэ зэхэщIыкI нэс диIэн зэрыхуейм.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

        

 

Поделиться:

Читать также:

27.04.2025 - 12:00 Фэеплъ жыгхэр
25.04.2025 - 15:13 НОБЭ
24.04.2025 - 12:26 НОБЭ
23.04.2025 - 11:08 НОБЭ