Нэхъ цIыкIу дыдэхэр зэрагъэджэгухэр![]() Адыгэ сабий джэгукIэхэм цIыкIухэр хуагъасэ жанагъ яхэлъыным, псынщIэу гупсысэным, хэлъэт яIэным. ДжэгукIэхэм я фIыгъэкIэ я Iэпкълъэпкъри псыхьа мэхъу. Адыгэ джэгукIэхэр сабийм и ныбжьым тещIыхьауэ зэхэгъэщхьэхукIащ. Нобэ фыщыдгъэгъуэзэну дыхуейщ нэхъыщIэ дыдэхэм яхуэгъэза джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэм ящыщхэм. Ахэр къыхэтхащ МафIэдз Сэрэбий зэхуихьэсыжахэм. ГЪУЭТ Синэ. Адэ-мыдэ узогъаплъэ ТІурытІу зэдоджэгу. Зыр нэхъыжьыIуэщ, адрейр цIыкIущ. Нэхъыжьым нэхъ цIыкIур, къигъапцIэу, жыхуиIэмкIэ игъэплъэну хэтщ. Абы щхьэкIэ Іэджэ щхьэусыгъуэ къегупсыс: уи ижьырабгъумкIэ шындырхъуо къопщ, уи щхьэщыгумкIэ бэдж къоджых, уи щIыбымкIэ хьэ щэхурыпхъуэ къопхъуэ, нэгъуэщIхэри. Зыхуейр къехъулIэу зэригъэплъэкIа иужькIэ, абы щIэнакIэу нэхъыжьым жеIэ: Адэ-мыдэ узогъаплъэ, Гъуаплъэ гуэным уизыдзэ, Хьэжьыр къодзакъэ, Сэ сынодзэкъэж. Мыбы ещхьщ «Уи щхьэм шхий телъщ», е «Уи Іэгъуапэм хьэпIацIэ йопщхьэ», е «Уи щIыбым ятIэ кIэрылъщ» жаIэурэ я джэгуэгъухэр къыщагъапцIэр. Іэбэдзыуэ Нэхъ иныIуэ гуэрым цIыкIухэм я ІэщIыIур, епIэскIу щIыкIэу, IэпитIкIэ яубыдурэ я Іэхэр зыр зым и щIыIу тету зэрегъэубыд, итIанэ мыр жеIэ: Іэбэдзыуэ, Дзыуэ, дзыуэ. Іэбэдзыуэ, Дзыуэ, дзыуэ. «Тыр - р - р», жиIэу лъэтэжащ. Ар здэлъэтэжауэ нэхъыжьыIуэм къигъэлъагъуэмкIэ цIыкIухэр плъа иужькIэ, джэгукIэм хэлъ «бзаджагъэр» зыщIэхэм ар зымыщIэхэр ягъэкIыл: кIыл-кIыл, жаIэурэ. Мэл щохъу Илъэс-илъэситӀ нэхъ мыхъуа сабийм и Ӏэ лъэныкъуэ цIыкIур яIыгъыу и Ӏэгудыгъуэм, и Ӏэпэхэм гъуэрыгъуэу теӀэбэурэ жаӀэ: «Мыбдеж мэл щохъурэ, мыбдеж хъурей щоджэгурэ, мыбдеж накIуэ-къакIуэ, мыбдеж дывгъэкIуэж, мыбдеж тIэкIу дымышхэу дыкӀуэжын? Еуэ, еуэ, пщафIэ цIыкIу, еуэ, еуэ, пщафIэ цIыкIу ...» «Еуэ, еуэ», - щыжаIэкіэ, сабийм и ІэпхъуамбэжьакIэр яубыдри абыкIэ езым и Ӏэгудыгъуэ цIыкIум иуэж хуэдэу, пщафӀэ хуэдэу ящӀ. Абы сабийр егъэдыхьэшх. Си хьэм бажэ къеубыд Зы сабий нэхъыжь е балигъ гуэрым цIыкIуитIым я Ӏэр еубыд. Зым и Ӏэ сэмэгур, адрейм и Ӏэ ижьыр. Зыр бажэщ, адрейр хьэщ. Хьэм бажэр ирехужьэ. Сабийхэм я Ӏэр зыӀыгъым: «Си хьэм бажэ къеубыд, си хьэм бажэ къеубыд», - жиIэурэ зым адрейр кърырегъэхуэкI, езыми задигъазэурэ. Хьэм бажэр къиубыдамэ, я Іэхэр яхъуэжри адэкIэ пащэ, бажэу щытар хьэ хъуауэ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2025 - 15:24 →
Псэр и закъуэ къыщынэм деж
22.04.2025 - 13:38 →
Псэр и закъуэ къыщынэм деж
22.04.2025 - 09:58 →
Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
21.04.2025 - 15:00 →
Псэр и закъуэ къыщынэм деж
21.04.2025 - 13:30 →
УсакIуэу къигъэщIа
|