Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур къанэ щымыIэу къыщыгъэщIэрэщIэжын зэрыхуейр зыгъэув  Комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и  IуэхукIэ     2025 гъэм гъатхэпэм и 24-м  Налшык къалэ №38-ПП                                                                                 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:                                                                   Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур къанэ щымыIэу къыщыгъэщIэрэщIэжын зэрыхуейр зыгъэув Комиссэм хэтхэу  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 20I6 гъэм гъатхэпэм и 3-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур къанэ щымыIэу къыщыгъэщIэрэщIэжын зэрыхуейр зэрагъэув ЩIыкIэр  къэщтэным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа унафэ №25-ПП-мкIэ  щIэгъэбыдам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Комиссэм мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн:

Журавлев А. И. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (Комиссэм и унафэщIщ)

Барсокъуэ А. З. - Лэскэн муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)

Быдэ А. Хь. - Налшык къалэ округым  и щIыпIэ администрацэм  «Архитектурэмрэ къалэухуэ лэжьыгъэмкIэ и департамент» муниципальнэ кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)

 Герусовэ А. Ю. - Май муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ, транспортымкIэ, связымкIэ, гъуэгу лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

Мурадян В. М. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прохладнэ къалэ округым псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и управленэ» муниципальнэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)

Хьэкъун А. А. - Налшык къалэ округым  и щIыпIэ администрацэм «Гъуэгу хозяйствэмрэ щIыналъэр егъэфIэкIуэнымкIэ и департамент» муниципальнэ кIэзонэ IуэхущIапIэм и производствэ-техникэ къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету);

б) Комиссэм хэгъэкIын  Алътуд З. В., Бэрбэч А. Хь., Кожухов  К. В., Ломов М.С.,  Мэремыкъуэ А. А.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Поделиться: