Псэм и закъуэ къыщынэм деж- АIей, нобэ ебгъашэ хъун пщащэ ухъуаи, сыту удахащэ, арыншами удахэт, ауэ мис мыбыхэм нэхъ дахэж ущIохъукI, си фэеплъу зепхьэнщ… Шэджагъуэм нысэр къыздрашыну рестораным кIуахэщ. Ар Налшык и ресторан нэхъыфI дыдэхэм ящыщт, зэреджэр «Ридадэщ». Джэгур увыIэркъым, щIалэгъуалэр къофэ. Нысашэ къэкIуахэр Iэнэм ягъэтIысащ. СыхьэтитI хуэдиз щысауэ нэхъыжьхэр къэтэджыжащ. НысащIэр машинэ псынщIэ гъэщIэрэщIам ирагъэтIысхьащ, хьэгъуэлIыгъуэр щекIуэкIыну рестораным яшэну. А рестораныр къалэм дахауэ губгъуэм нэхъ ит хуэдэу щытт. Япэ IуплъэгъуэкIэ «мыр суту гъэщIэгъуэн, мыр сыту жьы дыдэ» жыуегъэIэ, ауэ и кIуэцIым ущIыхьамэ, нэхъыфI къыуигъэлъыхъуэнщ. Гу хэхъуэщ губгъуэм уиту, пшынэ макъым уедаIуэу, дуней дахэм утетыну. МыбыкIэ ар хабзэу къащтащи, нэхъыбэм хьэгъуэлIыгъуэр, махуэ лъапIэхэр унэм щрагъэкIуэкIыжкъым. Ар «цIыхубзым и IэщIагъэщ» жыпIэми, ущыуэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iэнэр зыгъэувыр, зэлъыIузыхыжыр, унэ ираутыкIар зыгъэкъэбзэжыр бзылъхугъэхэращи, гугъу зрагъэхьыну хуейкъым. ЦIыхубзхэм ялIхэм ирагъадэри, Iуэху тынш хъуащ. Симазэ фIэгъэщIэгъуэну псоми еплъырт, ехъуапсэрт. Езым апхуэдэ фIыгъуэ къехъулIэну пIэрэ? Алий «къыздэкIуэ» жиIэу къыпиубыду щытмэ, сыт ищIэну? Дауэ «хьэуэ, сыбдэкIуэфынукъым» жриIэну? Ар Алий идэну? И жагъуэ хъумэ, езыми и псэм бэлыхьу телъынум ущIэмыупщIэ. АтIэ сыт хэкIыпIэу иIэр? «СыкIуэжмэ, зыгуэр къэдгупсысынщ», - жиIэщ, и гур игъэбыдэри адэкIэ хьэгъуэлIыгъуэр зэрекIуэкIым еплъу увыжащ. НысащIэр къашэри пэш щхьэхуэ щIашащ, щауэкъуэтхэр и гъусэу. Рестораным хьэгъуэлIыгъуэр езыгъэкIуэкI зы щIалэ щIэтщи, псори абы и пщэм дэлъщ. Iыхьлыхэр унэишэ ящIыну зэхуэсауэ, адэкIэ ящIэнум поплъэри зэхэтщ. Утыкум зы нэхъыжь къихьэри микрофоныр къаIихащ, Iыхьлыхэмрэ хьэщIэхэмрэ зы дакъикъэкIэ къедэIуэну лъэIуащ. Псоми я фIэгъэщIэгъуэну плъахэщ. Ар лъэпкъым нэхъыжьу яхэт, мы Iуэхур зи пщэ илъ Хьэбыжт. - Си къуэшхэ, си шыпхъухэ, нобэ мыбы кърихьэлIа дэтхэнэми сэлам гуапэ фызох, унагъуэщIэ къэхъуам я гуфIэгъуэ куэд Тхьэм дигъэлъагъу! ЗэрышаитIыр Тхьэм насыпыфIэу жьы зэдищI! Сэ зы хъыбар гуфIэгъуэ вжесIэнут. Ди хьэгъуэлIыгъуэм кърихьэлIащ Тыркум къикIа Ибрэхьимрэ абы ипхъу пажэ Симазэрэ. Ар Iэдэмрэ Асиятрэ я фIыгъэкIэ къэдгъуэтыжащ, ди нэхъыжьхэм я лъэужь тфIэкIуадэуэ щытам щыщщ. ФыкъакIуэт мыдэ, Ибрэхьимрэ Симазэрэ, зэгъусэу утыку фыкъихьэт. - ХьэщIэхэр апхуэдэ Iуэху ирихьэлIэну ямыгугъауэ, тIэкIу Iэнкун къэхъуащ. Ауэ Iэдэмрэ Асиятрэ къабгъэдыхьэри, хьэщIэхэр нэхъыжьым бгъэдашащ. Утыкум иту лъэпкъым хэплъэну укIытэ хьэщIэхэм нэхъыжьыр къехъуэхъуащ, - Ди зэпыщIэныгъэр быдэ хъуну, фэ фыкъакIуэу, дэ дынакIуэу иджыри мызэ-мытIэу дызэIущIэну Тхьэшхуэм солъэIу, - щIигъужащ нэхъыжьым. - Сыт жыпIэн, - жаIэу микрофоныр Ибрэхьим къыщратым: - Ди къакIуэ махуэ псоми Тхьэм тхуищI, ди хъуапсапIэр къыдэхъулIащ, ар дэркIэ куэд и уасэщ, мыбы дыкъэзыша ди къуэш, ди благъэхэр Тхьэм тхуигъэпсэу! Тхьэм куэдрэ дызэкъуигъэт! Псори Iэгу еуащ. ЯпэщIыкIэ унэишэр ящI, нэхъ я благъэ, я Iыхьлы цIыхубзхэр утыкум ит шэнтхэм къотIысэкIри нысэр къыщIашэ. ЦIыхубз нэхъыжьыр япэу нысащIэм йохъуэхъу, и тепхъуэр трахри, адрейхэр бгъэдохьэ зыкърагъэцIыху, техьэпщIэ ират. ИужькIэ щауэишыж ящI, мыри апхуэдэу йокIуэкI, ауэ иджы шэнтым тесхэр цIыхухъу нэхъыжьхэрщ. ХьэтиякIуэм щауэр нэхъыжьхэм я пащхьэм кърешэ, щэ къеджэгъуэ къеджа, къыщIэупщIа нэужь. Унагъуэ зэрыхъуамкIэ нэхъыжьыр къохъуэхъури, махъсымэ фалъэ къыIэщIагъэувэ, езыр емыфэу, и щауэкъуэтым хуешийри, ар хэфа нэужькIэ нэхъыжьм иратыж. АдэкIэ нэчыхьытхыр къэсати, хэт дэнэкIэ хуэфащэми зэбграш, Iэнэхэм пэрагъэтIысхьэ, нэхъыжь Iэнэм - хьэщIэ нэхъыжьхэр, щIалэгъуалэ Iэнэм - нэхъыщIэхэр. Iэнэм бгъэдамыгъэтIысхьа зыри къанэркъым. Ибрэхьим хэгъэрейхэм дэщIыгъуу хьэщIэ къэкIуахэм бгъэдагъэтIысхьащ. ЩызэрыцIыхухэм хьэщIэхэм жраIащ Тыркум щыпсэу я унэкъуэщхэм зэращыщыр, хьэгъуэлIыгъуэм къызэрырихьэлIам зэрыщыгуфIыкIыр. Ибрэхьим хъуэхъуэну чэзур къыщылъысам тIэкIуи укIытащ, ауэ зыгуэр жимыIэу хъунутэкъыми: - УнагъуэщIэр насып защIэ Тхьэм ищI! Благъэ зэхуэмахуэ Тхьэм фызэхуищI! Ди къакIуэ угъурлыуэ Тхьэм къыщIигъэкI! - жиIащ. Iэнэм щысхэр абыкIэ арэзы хъуащ. Симазэ щIалэгъуалэм яхэтти, и гур хэхъуэрт, Тхьэшхуэм фIыщIэ хуищIырт, хэкум къыщыкIуэм мыпхуэдиз гуфIэгъуэ зэрилъэгъуам щхьэкIэ. И гупсысэм куэдрэ зихъуэж щхьэкIэ, и псэр тыншыгъуэм хэтти, гуфIэрт, лъатэрт, гукъыдэж дахащи иIэт. Iэнэм шхыныгъуэу телъым хуэдиз Симазэ зэи илъэгъуатэкъым, икIи мыбы къэмыкIуамэ, илъагъуну къыщIэкIынтэкъым. Хэкум щыпсэухэм я псэукIэр, хьэгъуэлIыгъуэ егъэкIуэкIыкIэр, и анэми, и шыпхъуми, и ныбжьэгъухэми яжриIэкIэ, я фIэщ хъунукъым. Мыр уи нэкIэ плъагъун хуейт, уи IэкIэ ухэIэбэурэ шхын IэфI защIэр пшхын хуейт. Шхыныр Iэнэм темыхуэу тетщ, ауэ иджыри къахьри къахь. Асият Симазэ и щытыкIэм гу лъитэри жриIащ: - Си гуапэщ ди зэхэтыкIэр зэрыплъэгъуар, мыхэр ди гъащIэм щIэуэ къыхыхьа Iуэхугъуэщ. Къэзанокъуэ Жэбагъы жаIэри зы лIы Iущ гуэр псэуащ, абы жиIэгъащ: «Зэманым декIур лIыфIщ». Дэри зэманым зыдедгъэкIуну иужь дитщ. - СфIэфI дыдэу соплъри си гум зигъэнщIыркъым. Фи зэхэтыкIэри, фи цIыху дахэхэри, фи щIалэгъуалэри – псори сыдэзыхьэхщ. Апхуэдиз адыгэ мыбыкIи щыIэу дэ зэи дыкIуэдыжынкъым, Тхьэм жиIэмэ. - Тхьэм дыкъихъумэнщ, ауэ япэщIыкIэ дэри зэрызытхъумэжыным иужь дитын хуейщ. Пшынэ Iэпэр мэлъалъэ, хэгъуэлIыгъуэм къекIуэлIа щIалэхэм Симазэ къагъэфэну иужь итщ, арщхьэкIэ, Асият и гъусэти, апхудэ Iэмал яримытурэ Iэдэм къыIухьащ: - Уэрэ сэрэ дыкъафэм дауэ уеплърэ, - щыжиIэм, Асият тригъэгушхуащ. - Симазэ, зы щхьэкIи умыгузавэ, уи шыпхъу Элиф укъызэрыдэфам хуэдэу къафэ. Iэдэмрэ Симазэрэ утыкум къыщихьам, Iэгур нэхъ ин ящIащ, - ди хьэщIэр къофэ, пщащэ дахэр къофэ, - жаIэурэ. Симазэ игъащIэм апхуэдэу утыку ихьэну и пщIыхьэпIэ къыхэхуатэкъым, ауэ Iэдэм зэригъусэм тригъэгушхуэри макъамэм екIуу къэфащ, псоми я Iэгуауэ инымкIэ утыкум кърагъэкIыжащ. Зыпэмыплъауэ къехъулIа зы фIыгъуэт ари, и фIэщ хуэмыщIыжу гухэхъуэ къритат, игъэгушхуат, хэкум апхуэдэу щагъэлъэпIэну и пщIыхьэпIи къыхэхуатэкъыми, насыпыфIэу зибжыжырт. Пщыхьэщхьэр хэкIуэтауэщ хьэгъуэлIыгъуэм хэтахэр щызэбгрыкIыжар. Симазэ махуэ псом зэрызэхекIуар къехьэлъэкI хуэдэти, Iэдэм унэм иригъэшэжащ. Нанэ угъурлымрэ Симазэрэ уэршэру, хъыбар гъэщIэгъуэнхэр жаIэжу щысащ зыкъомрэ. МахуитI-щы къэнэжам Симазэ нысащIэм и деж яшащ, щхьэхуэу хъыджэбзхэр зэхэсащ, зэрыцIыхуащ, зэныбжьэгъу зэхуэхъуащ. Тыркум къикIыжауэ хэкум щыпсэу щIалэхэм Ибрахьим яхуэзащ, ядэуэршэращ, имыцIыхухэр зригъэцIыхуащ. Тэнащ Хьэжымырзэ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2025 - 15:24 →
Псэр и закъуэ къыщынэм деж
22.04.2025 - 13:38 →
Псэр и закъуэ къыщынэм деж
22.04.2025 - 09:58 →
Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
21.04.2025 - 15:00 →
Псэр и закъуэ къыщынэм деж
21.04.2025 - 13:30 →
УсакIуэу къигъэщIа
|