Лъэпкъыр нэхъыщхьэу зытегузэвыхьыр

Зи цIэр жыжьэ Iуа щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Урысей Федерацэм щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ пщIэ зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэ пажэ БакIуу Хъанджэрий Илас и къуэр куэд щIауэ лъэпкъ газетым, радиом, телевиденэм ядолажьэ. Нобэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ хъуами журналист IэщIагъэм щIэхъуэпсу зэрыщытар абыкIэ иригъэкъужу къыщIэкIынщ, цIыхубэм щIэныгъэ яхихьэныр и гуращэу. Иужьрей илъэс тIощIым ар щыпсэур, щылажьэр ди республикэращи, журналистхэр псом япэ зэжалIэ щIэныгъэлIхэм ящыщщ Хъанджэрий. «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэрэ Хъанджэрийрэ зэдащIа интервьюм щыщ пычыгъуэ тыдодзэ. 
- Нобэ уи гуащIэ щыбгъэтIылъ институтыр 1926 гъэм къызэIуахащ. А илъэс 99-м институтым щылэжьа псоми яхэткъым уи ныбжьым нэс зи къулыкъум пэрыта. Уэ иджыри улажьэ къудейкъым, атIэ къэхутэныгъэ нэхъыбэ зыщI щIэныгъэлI нэхъ жыджэрхэм уащыщщ. Сыт абы и лъабжьэр?
- А упщIэр къыщызаткIэ, гушыIэкIэ зэфIызогъэкI – сышынэкъэрабгъэщи, солажьэ. Сигу ихуркъым пасэм зи шхын къэзымылэжьыжыфыр бгым ирадзыхыжу зэрыщытар…
- ГушыIэр сыт щыгъуи уи щIасэщ, Хъанджэрий! АтIэ, иджы дыкъытеувыIэнщ лъэпкъыр дызыгъэпIейтей упщIэхэм, уи лэжьыгъэм епхахэм. Сыт къыщыхъурэ адыгэбзэм, литературэм, абыхэм егъэщIылIа щIэныгъэм?
- БзэмкIэ къыщыщIэддзэнщ. ЦIыхум жьы зэришэ и тхьэмбылыр тIууэ зэгуэтщ. Бзэмрэ литературэмрэ апхуэдэ дыдэу зэпхащ. Псалъэращ а тIур зэпызыщIэр. Нобэ адыгэбзэращ лъэпкъыр нэхъыщхьэу зытегузэвыхьыр. Абы и нобэм, и пщэдейм тепсэлъыхьым къахохъуэ, ауэ нэхъыбэм жаIэр псалъэ дыгъэлщ, усэхэм къыхахауэ:
«Си адыгэбзэ, си анэм и бзэ, Си бзэ, бзэрабзэ».
Бзэр пшынэу къафIощI. Адыгэбзэм тегузэвыхьыр куэд зэрыхъур Iуэху щхьэпэщ. Ауэ зыщыгъэгъупщэн хуейкъым фIы тщIэнущ жаIэурэ Iей зыщIэхэри, бзэм зэран хуэхъухэри зэрымымащIэр.
Си жагъуэ мэхъу абыхэм адыгэбзэ езыгъэджи, журналисти, бзэ щIэныгъэлIи зэрахэтыр. Яхэтщ пщIэ зыхуэсщI, фIыуэ слъагъу си ныбжьэгъухэри. Псом хуэмыдэу уагъэгузавэ адыгэбзэр «япхъэнкIыну», хамэ псалъэхэр ди бзэм хадзыну, адыгэбзэ псалъэкIэ зэрахъуэкIыну яужь итхэм. Урысыбзэм тещIыхьауэ апхуэдэ гуп Урысейм къыщыунэхуауэ щытыгъащ. Абыхэм «славянофил» фIащат, ауан ящIу. Нобэ ди анэдэлъхубзэм абыхэм ещхьу тепсэлъыхьхэм адыгэ псом нэхърэ нэхъ адыгэу закъыфIощIыж.
Сэ куэд щIауэ зэхузохьэс адыгэбзэм теухуауэ ятххэр. Бзэ зыужьыныгъэ зиIэ къэралыгъуэ лъэщхэм я бзэм и унафэ дауэ зэращIыр? Франджым щолажьэр я бзэм зегъэужьынымкIэ совет, абы и унафэщIщ къэралым и президентыр. Инджылызми апхуэдэ яIэщ, къэралым и пащтыхьыр (королыр) и Iэтащхьэу. Германиеми къэрал унафэм щыщIэтщ бзэм и Iуэхур. А зи гугъу сщIахэм я Iизыныншэу псалъэщIэхэр я бзэм хагъэхьэркъым, бзэм зэрырипсалъэм, зэраджым, къызэрахутэм кIэлъоплъ.
Ди къэралышхуэм дежи пщIэшхуэ щыхуащI урысыбзэм. Ауэ дэ тхуэдэ лъэпкъ мыинхэм я бзэр хъумэным, зегъэужьыным, егъэджыным теухуа унафэ нэхъуса щыIэу жыIэгъуейщ. Адыгэбзэр зыгуэркIэ псоми дыдейуэ, зыкъомкIи зеиншэу щытщ, «Къызэрыхъу и мэшщ» псалъэжьыр уигу къигъэкIыу.
Илъэс куэд хъуауэ терминологием кIэлъыплъ комиссие тхузэгъэпэщкъым. Щхьэж и щхьэм къихьэр жеIэ, бзэм псалъэ хэдзыным, псалъэщIэкIэ зэхъуэкIыным теухуауэ. Мы дызытепсэлъыхьым хуэпхь хъуну зы гушыIэ щыIэщ. Ди къуажэм тыкуэнтесу щылажьэ гуэрым жиIат: «ИгъащIэ псом мыбы сыщылэжьэнт, ревизэ щымыIамэ». Адыгэбзэри хуэныкъуэщ а ревизэм. Илъэс куэдкIэ гугъу драгъэхьащ ди алфавитыр зыхъуэжыну хэтахэм.
Адыгэм ди закъуэкъым зи бзэм и зыужьыкIэм зэран хуэхъужыр. Псалъэм папщIэ, Ататюрк (и цIэм къикIыр «Тыркум и адэщ») и лъэпкъыр бэлыхь хидзат тетыгъуэр къыщыIэрыхьам. БзэщIэныгъэм зыри химыщIыкI пэтрэ, хэпщэфIыхьащ. «Ди бзэм персыбзэ, хьэрыпыбзэ куэд хэтщ, макъ мыдахэхэми дыхуейкъым», - жери, нэгъуэщIыбзэхэм щыщу къащта псалъэхэр хидзащ, абы дигъэкIуащ макъ зыбжани. ЦIыху куэд Iэгу еуащ, ауэ абы кърикIуэнур зэуэ къагурыIуатэкъым. Империешхуэм лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ иIа, игъэлэжьа бзэр Ататюрк «игъэкъэбза» бзэм пэжыжьэ хъуащ. Нобэм къэс я бзэу щытам «уэсмэныбзэкIэ» йоджэр, ар иджырей тыркухэм къагурыIуэркъым. Архивхэм хэлъхэр хамэбзэм хуэдэу щIэныгъэлIхэм зэрадзэкI, гугъу дохь, ахъшэ куэди токIуадэ. Дэри а гъуэгум дытехьэ хъунукъым, ди къэкIуэну щIэблэм къахуэдгъанэ бзэм дыхуэсакъыпхъэщ.
Ди бзэм куэд щIауэ хэту адыгэбзэкIэ зэрахъуэкIахэм нэхъ сыкъэзыгъэгубжьыр «район», «культура», «стакан», «энциклопедия» псалъэхэрщ. Мыхэр адыгэбзэм хэтащ мы зэрытхам хуэдэу лIэщIыгъуэм нэскIэ, зыми зэран яхуэмыхъуу. Сабий еджэхэм я дежкIи тыншт, урысыбзэми хамэ къэралыбзэу яджхэми (инджылызыбзэ, франджыбзэ, нэмыцэбзэ) я адыгэбзэми зэтехуэу хэтти. Иджы ар IэщIыб ящIу щIадзащ бзэр «зыгъэкъабзэхэм».
«Район» псалъэр блэкIа лъэхъэнэшхуэм къыщыгъэсэбэпащ адыгэбзэкIэ къыдэкI газетхэм, журналхэм, учебникхэм, документ мелуанхэм. Ар къидзэн хуейкъэ, ди бзэм хэбдзыным ипэкIэ?!
«Районыр» зэрызэрахъуэкIын адыгэ псалъэ щылъыхъуащ Къэрэшей-Шэрджэсми (купсэ). Къэбэрдейм адыгэбзэм щыхагъэхьар гъэщIэгъуэнщ – куей. Мы псалъэм тыркубзэкIэ кърагъэкIыр къуажэщ (я къуажэхэри цIыкIу дыдэщ). Район мыхьэнэ иIэкъым, езыри хамэ псалъэщ.
Къэбэрдейхэм «шэдыгъуэ» адыгэ псалъэр хадзри, «балий» грузин псалъэр хагъэхьащ зыкъомкIэ узэIэбэкIыжмэ. «Культура» терминыр зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъ куэдым къагъэсэбэп. Абы пагъэува «щэнхабзэ» адыгэ псалъэр пэшэчкъым, культурэм къиубыдыр куэд мэхъури. А псор къыхуэIуэтэну «IэрыщIу» къагупсыса «щэнхабзэ» псалъэм? «Энциклопедия» псалъэри сыт щIызэрахъуэкIар?
Куэд щIауэ адыгэм щыщ гуэрхэм «стакан» псалъэр «кумбыгъэкIэ» зэрахъуэкIыну хэтщ. Ар адыгэбзэм къыхыхьащ епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм «стэчан» фащэ къищтэри. Кумбыгъэм «ёмкость» жиIэу къикIыу аращ.
Я жагъуэ сщIыну сыхуейкъым, ауэ хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я адыгэбзэр къабзэ зыщIыну зи мурадхэр мащIэкъым, абыхэм къагурымыIуэ урысыбзэм, европей бзэхэм къахэкIа псалъэхэр адыгэбзэкIэ зэрахъуэкIыну хуожьэ. Дэ урыс къэрал дисщи, урысыбзэ куэд ди бзэм къыхыхьащ, Тыркум щыпсэум – тырку псалъэхэр, хьэрып къэралхэм щыIэ адыгэхэм – хьэрып псалъэхэр къагъэсэбэп. Абыхэм диным къиша псалъэхэри щымащIэкъым. Ди лъэпкъэгъухэм а къэралхэм адыгэбзэ щаджакъым, ищхьэ еджапIэм и гугъу умыщIыххэ. Лъэпкъым куэд хуэзыщIа, пщIэ зыхуэсщI Хъуажь Фахъри щIэныгъэшхуэ бгъэдэлъщ, адыгэбзэм и диалект зыбжанэ дагъуэншэу къегъэсэбэп. Абы «рассказым» и пIэкIэ къигъэлъэгъуа «Iуэтэж» терминыр бзэм къищтащ, хъарзынэщ. Ауэ нэгъуэщI адыгэбзэкIэ зэхъуэкIын хуей терминхэм арэзы укъащIкъым: физкультурэ – пкъыгъасэ, компьютер – щIэныгъэпс, руль – гъэзалъэ, доска – тетхапIэ; пенсэ – гуфIапщIэ; диктофон – макъыщтэ, н. Мыхэр, дуней псом къыщащта терминхэр, адыгэбзэм нэгъуэщIу щIибгъэувэн щыIэкъым икIи къищтэнукъым...

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также: