КъызэраIуэтэжымкIэ…

 Щхьэ щIэлъэныкъуэм теухуауэ зэхуэхьэса хъыбархэм дыщрохьэлIэ Интернетым. Абыхэм ящыщ зыбжанэ къыдохь.
Адыгэ гуфIэгъуэ Iэнэм нэхъыжь Iыхьэу макIуэ мэлым и блэгъумрэ щхьэ щIэлъэныкъуэ ижьымрэ. Щхьэ щIэлъэныкъуэр нэхъыжь Iыхьэ щIэхъуам хъыбар гъэщIэгъуэн иIэщ. Абы къызэрыхэщымкIэ, адыгэхэмрэ кърым тэтэрхэмрэ сытым щыгъуи зэбийуэ щытакъым, я зэхуакум зэныбжьэгъугъэ щыдэлъ, щызэрылъагъу, щызэкIэлъыкIуэ щыIащ. Зэгъусэу зекIуэ щыкIуи, зэблагъэ щыхъуи къыхэкIащ. Уеблэмэ, зэгуэр адыгэхэр Кърым щIыналъэми щыпсэуауэ зытхи щыIэщ. Тхьэм щхьэкIэ жыпIэнкъэ, щызэщыхьэри щызэбиийри мащIэтэкъым, Кърым пащтыхьыгъуэм нэхъ зиужьыху, къару нэхъ игъуэтыху, абы и хъанхэр я гъунэгъу адыгэхэмкIэ еплъэкIырт, ахэр я жьэуаз щIагъэувэным, ди щIыпIэ берычэтхэр, дахэхэр яубыдыным, адыгэр къагъэIурыщIэным ехъуапсэрт.
КъызэраIуэтэжымкIэ, зэгуэрым адыгэпщхэм ящыщ гуэр щыхьэщIэрт Кърым хъаным деж. Хъаным пщым къытрикъузэрт, адыгэхэр и жьэуазым къыщIэувэну, ауэ адыгэр арэзы хъуртэкъым. ДаIуэмэ зэрынэхъыфIыр жиIэщ, адыгэм я «хьэуэ» псалъэр зэхихри, хъаныр хуабжьу губжьащ. Абы унафэ ищIащ адыгэ жыIэмыдаIуэхэм езым и Iэнэм трахыжа ерыскъы къэна-нэнахэр хуахьыну, зэрызримыпэсыр, икIи къазэремылIэлIэнур апхуэдэ щIыкIэкIэ яригъэщIэну.
АдыгэлIхэм къыхуахьа ерыскъыр абыхэм зэрахуэмыфащэм шэч хэлътэкъым. Хъаным зэрызищIамрэ къыхутралъхьа ерыскъымрэ къагъэлъагъуэрт бысымым игу фIы зэримылъыр. Къытралъхьа ерыскъым мэлыщхьэ ныкъуэ хэлъти, пщым ар къищтэри, и Iэм иригъэкIэрэхъухьурэ и нэхэр и гъусэхэм ятриубыдащ. И гъусэхэми къагурыIуащ пщым щэхуу зыгуэр жиIэну зэрыхуейр. Тэтэр Iэнэзехьэхэм яхэтт адыгэбзэ зыщIи, зыри жыпIэ хъунутэкъым, ауэ щIалэхэр щIагъыбзэм щIапIыкIати, нэхъыжьыр зыхуейр нащхьэIущхьэкIи къагурыIуэнут. ЗаулкIэ гупсыса иужькIэ, пщым щхьэ лъэныкъуэм тхьэкIумэр тригъэжри, нэхъыщIэм хуишиящ. Гузавэ тIэкIу зыщIэлъ плъэкIэмкIэ, итIанэ игъащIэм хэхауэ Iыхьэ къримытауэ иджы тхьэкIумэр къызэрыхуигъэфэщамкIэ щIалэм къыгурыIуащ зыщIэдэIукIын зэрыхуейр. Нэмрэ нэщIащэмрэ и пщыдэшхэм иритащ, езым щхьэкуцIыр къызыхуигъэнащ. Модрейхэр къэтэджри, шыхэм еплъын щхьэусыгъуэ ящIри щIэкIащ икIи яшхэр псори зэщIакъузащ, хьэзыру ягъэуващ, тэтэр уэршэрхэм щэхуу якIэщIэдэIухьри, къатеуэу фIагъэжыну зэрамурадыр къащIащ.
Жэщыбгым тэтэрхэр хьэщIэхэм деж щыщIэлъэдам мохэр къамэ къихакIэ къаIущIэри псори зэтраукIащ, щхьэгъубжэмкIэ дэлъри, яшхэр хьэзырти, зрадзри, Кърымым къикIыжащ. Къэсыжа нэужькIэ къэхъуар адрей пщыхэм жраIэжащ икIи псоми Iэмал ягъуэтащ бийр къызэрытеуэнум зыхуагъэхьэзырыну. Кърымым щыIахэм щытхъу къалэжьащ, хъаным и хьилагъыр къызэращIам къыхэкIыу икIи къагупсыса IэмалыфIыр ягу ирихьащ. Пщыхэр зэгурыIуащ, жи, абдежым щыщIэдзауэ мэл щхьэ щIэлъэныкъуэр ягъэлъэпIэну, ар Iэнэм къытехьэмэ, абы теухуауэ хъуэхъу яIэтыну.

                                                       Къэхъуа 1уэху
Адыгэм мэлыщхьэр зэи хыфIидзэнукъым, ар гуэныхьщ. ЛIы бэлыхь гуэр псэуащ Къудей Чэрим и цIэу. Ар гу зыкIуэцIылъ цIыху пэжт, акъылыфIэт, и зэманым еплъытмэ, щIэныгъэфI иIэт. Зы хъыбар гъэщIэгъуэн щыIэщ, лъэпкъым щымыщ, абы и хабзэхэм пщIэ хуэзымыщI унафэщIым зэрыпэщIэувауэ щытам теухуауэ. Ар Къэбэрдейм и Совет нэхъыщхьэм и президиумым и унафэщIу ла жьэрт, партым и обкомым и япэ секретару Мазин жиIэу зы урыс гуэр къыщагъэкIуам.
НтIэ, ар къришэкIырт, республикэр, цIыхухэр, щIыпIэхэр иригъэцIыхуу. Тырныауз щыIауэ шхэгъуэр къэсати, мохэр ирагъэблэгъащ, ныш хуаукIати, Iэнэр и кIэм щынэсым щхьэ щIэлъэныкъуэри къахьащ. Парт лэжьакIуэр мы щIыпIэхэм зэи щыIатэкъым, хабзэ екIуэкIхэри ищIэртэкъыми, сыт мы хьэм и Iыхьэр си Iэнэм къыщIытефлъхьар, жиIэри щхьэ щIэлъэныкъуэр къищтэри хыфIидзащ. Чэрим абы удзым хидзар къищтэжщ, зэпилъэщIыхьыжри, тепщэчым ирилъхьэжащ икIи ди хабзэм ипкъ иткIэ мы Iыхьэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр жриIащ. АрщхьэкIэ, зыхуэмейм жепIэр зэхищIыкIын, модрейр щхьэмкIэ Iэбащ, аргуэру хыфIидзэн и мураду.
- Си гум ищIам хуэдэу сэ хьэзыру сыщысти, мобы щхьэ щIэлъэныкъуэр къыщищтэм, сыпхъуэри и Iэпщэр субыдащ, - жиIэжырт ди нэхъыжьым, - ар иутIыпщу сыхьэным ирилъхьэжыхукIэ скъузащ, абы иужькIэ жесIащ:
- Дэ псоми дгъэлъапIэ ди хабзэхэр зэи апхуэдэу къызэпумыуд.
Парт секретарыр арэзы хъуащ. Чэрим лIышхуэт, къаруушхуэ иIэт, гу кIуэцIылът: «Щхьэр имыгъэтIылъыжамэ сытыт епщIэнур?» - жысIэри сеупщIати, «Уэлэхьэ, и къупщхьэр згъэщэщэнутэм», жиIауэ щытащ.
АрщхьэкIэ, Мазиным жраIари къыгурыIуакъым, япэу лэжьапIэм IуигъэкIахэми хэтащ, адыгэ хабзэми, республикэм щыпсэу цIыхухэми зэи пщIэ яхуищIакъым, республикэр зэригъэпудыным, зауэм щыгъуэ мы щIыпIэхэм къэнахэм, партизанхэм ящIар иубу, фIей якIэрицIэлъу екIуэкIащ.
                                     Хэт щхьэ щIэлъэныкъуэ зыкъутэр?
  Щхьэ щIэлъэныкъуэ къахьа иужькIэ Iэнэм трагъэувэ, нэхъыжьитIым я зэхуакум дэту, и пэнцIывыр а тIум я дамащхьэхэм блэплъ щIыкIэу. Нышыр щIаукIар хьэщIэхэращи, абыхэм я нэхъыжьым щхьэр икъутэу ежьэжми зыри къедэуэнукъым. Апхуэдэу зыщIи урохьэлIэ, ауэ и нэхъыбапIэм зэращIыр нэгъуэщIущ: хьэщIэ нэхъыжьым хэгъэрей нэхъыжьым фIыщIэ хуещIри, щхьэр абы и дежкIэ егъэкIуэтэж, ауэ пэнцIывыр бжэмкIэ гъэзауэ – си щIэкIыжыгъуэр къэсащ, зэран укъысхуэмыхъу, жиIэу къригъэкIыу.
  А псалъэмакъыр кIыхьу икIи гъэщIэгъуэну йокIуэкI, нэхъыжьитIым хабзэр фIыуэ ящIэу зэрихьэлIамэ, гушыIэ дахи къагъэлъагъуэ. ИкIэм- икIэжым зэгуроIуэри, хэгъэрей нэхъыжьым щхьэр екъутэ. Япэрауэ, тхьэкIумэр къытрегъэжри, сэр къезытам хуеший. ПэнцIывыр и сэмэгурабгъумкIэ щысым ирет (Джылахъстэнейм, нэгъуэщI щIыпIэ гуэрхэм хьэщIэ нэхъыжьыр сэмэгурабгъумкIэ зэрагъэтIысым къыхэкIыу абы пэнцIывыр хуагъэфащэркъым, нэщIащэр ират). ДэнэкIэ щымысми, нэщIащэр нэр и гъусэу хьэщIэ нэхъыжьым и Iыхьэщ. ЩхьэкуцIыр зэрылъыр езы тхьэмадэм къегъанэ.
  Щхьэм щыщ зылъысыр IиткIэ къэIэбэу къыIихыу, тхьэмадэм фIыщIэ хуищIу хабзэщ.
                                Щхьэ щIэлъэныкъуэ тыншу щIакъутэр
  Нэхъ пасэм щыгъуэ мэлыр зыукIам ищIэрт мэлыщхьэм и ижьрабгъу лъэныкъуэр нэхъыжь Iэнэм зэрытралъхьэнур икIи абы и къутэныр лIыжьхэм къемыхьэлъэкIын папщIэ нэщIащэм и лъабжьэIуэкIэ джыдэ тIыгумкIэ теуIуэт къупщхьэр игъэчэн щхьэкIэ. Апхуэдэу ящIа щхьэ лъэныкъуэр нэхъыжьхэм тыншу якъутэрт.
  Иджы мы хьилагъэ тIэкIур куэдрэ къагъэсэбэпу плъагъужыркъым, аращи, щхьэ щIэлъэныкъуэ зыкъутэну къызылъысхэм бэлыхь ятелъщ, зауцIэпIыж, яхуэмыкъутэу. Бэлыхь хэмытын щхьэкIэ щхьэр зымыкъутэхэри гъунэжщ: пэнцIывыр пащIыкI, нэр, куцIыр кърахри, ягуэш – ар хьэдыгъуэдахэщ.
  Мэл зыщэхэм уелъэIумэ, псалъэ хамылъхьэу тоуIуэ щхьэм, тIэкIу къагъачэу. ЛъэныкъуитIми тегъэуIуэн хуейщ. Нэхъ пасэм щыгъуэ апхуэдэ щIыкIэкIэ нэхъыжьым и къалэнхэр зэрыщагъэпсынщIэр щыхьэт техъуэрт Iэнэр зэрихьэну ягъэтIыса тхьэмадэм пщIэ лей зэрыхуащIым.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: