1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм теухуа тхыгъэ, нэтын куэд хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щызокIуэ мы зэманым. Абыхэм иджыри зэ къыщыгъэлъэгъуэжа мэхъу а мафIае илъэсхэм совет цIыхубэм щызэрихьа лIыхъужьыгъэр, къыкъуэкIа хахуагъэр. Апхуэдэуи щытопсэлъыхьыж фронтым и щIыбагъ къыдэнахэм ТекIуэныгъэр нэхъ щIэхыIуэу зыIэрагъэхьэным хуащIа хэлъхьэныгъэ инхэм. Ди къэралышхуэм зы унагъуи исакъым, дауи, а зауэжьым и мафIэм куэд-мащIэми имылыпщIа, абы зи Iыхьлырэ благъэрэ хэмыкIуэда.
Апхуэдэхэм ящыщт Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм щыпсэуа Гъусэ зэщхьэгъусэхэу Лъостэнрэ КIулацэрэ я унагъуэшхуэр. Зауэ зэманым абыхэм къатепсыха гуауэм теухуа тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр ноби щызэрахьэ Гъусэхэ къащIэхъуа щIэблэхэм я унагъуэхэм. А дэфтэрхэр зыхъумэ щIалэ Гъусэ Хьэмидбий иджыблагъэ «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым къытхуеблэгъащ. Абы зэрыжиIэмкIэ, и адэшхуэмрэ Лъостэн и къуэхэмрэ зэкъуэшитIым къалъхуащ. Лъэпкъым зы унагъуи искъым зэш-лIыхъужьхэм Хэку зауэшхуэм щызэрапхьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щымыгъуазэ икIи абыхэм я фэеплъым пщIэ яхуэзымыщI. Нэхъапэм зэшхэм я Iуэхур гъэкIуэтэныр, я цIэхэр нэхъри хэIущIыIу щIыныр адэм и нэIэм щIэту къекIуэкIащ. Иджы ахэр пщэрылъ зыщищIыжащ хэкупсэу зи дунейр езыхьэкI Хьэмидбий. Абы сакъыу ехъумэ нэхъыжьыфIым къыхуигъэна а фэеплъ дэфтэрхэр. Абыхэм ящыщщ илъэс 25-рэ ипэкIэ, ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр илъэс 55-рэ щрикъум ирихьэлIэу, тхакIуэ Бекъалды Илэ къыдигъэкIауэ щыта «Ахэр зэших хъурт» тхылъыр. Зэкъуэшхэм зэрахьа лIыгъэм теухуауэ щытащ ди газетым куэдрэ щылэжьа, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Хьэжыкъарэ Алик илъэси 10 ипэкIэ игъэзырауэ щыта мы тхыгъэри.
«ТекIуэныгъэ… ТекIуэныгъэм и махуэ лъапIэ! Илъэс куэд хъуауэ ар дэ къытхуокIуэ накъыгъэ мазэу дунейм и щIэрэщIэгъуэ дахэм.
ЦIыху хей дапщэм я псэр щIата ТекIуэныгъэм, дапщэм я щхьэр зэуапIэ губгъуэм щагъэтIылъа! Бэлыхьищэр зыгъэва лIыжь фызыжьхэм, зеиншэу къэна сабийхэм яшэча хьэзабыр сыт хуэдэ псалъэкIэ къыпхуэIуэтэн? Ар ди цIыхухэм зэи ящыгъупщэнукъым, зым адрейм Iэпихыурэ, а лъэхъэнэ хьэлъэм нэхъыжьхэм къагъэлъэгъуа хахуагъэми, зауае мафIэм псори зыхидзауэ щыта гуIэгъуэми ятеухуа пэжыр лIэщIыгъуэхэм кIуэцIрахынущ. КIуэцIрахынущ ди лIыхъужьхэм ягъэхъар ди тхыдэ къулейм къыхэнэн, абыхэм я фэеплъ нэхум щIэблэр щIапIыкIын, мамырыгъэм нэхъ лъапIэрэ зыхуэсакъыпхъэрэ зэрыщымыIэр дэтхэнэ зыми дапщэщи куууэ зыхищIэн папщIэ.
… Псы куэд ежэхащ абы лъандэрэ, ауэ зауэ мыгъуэжьым и уIэгъэр мыкIыжауэ я гум телъщ мафIаем и курыкупсэм хэтахэми, ар зи нэгу щIэкIа, и хьэзаб псори псэкIэ зыгъэва дэтхэнэ зыми.
Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм щыпсэуащ Гъусэхэ зэщхьэгъусэхэу Лъостэнрэ КIулацэрэ я унагъуэшхуэр. ЩIалихрэ зы хъыджэбзрэ зэдапIат. Зэшхэр мэш щIэкIэм, Iэщ зехьэкIэм хуагъэсат, пхъащIэ Iэзэхэт. ЦIыхур зэхъуапсэ унагъуэт. ЩIалэхэр уардэт, бжьыфIэт, я псы къэжэгъуэт.
Фашистхэр ди Хэкум къыщытеуам зэшхэм ящыщу СутIрэ Жэхьфаррэ 1939 гъэ лъандэрэ дзэ къулыкъум щыIэт. Махуэл дамыхыу, Мухьэжрэ Болэтрэ Iэщэ къащтащ. Абыхэм якIэлъеIэ пэтми, Мухьэбрэ Хьэбыжрэ къыщеджар 1942 гъэрщ. Къэзышауэ яхэтыр я нэхъыжь СутI и закъуэт. Абы къыщIэна бынитхум ящыщу нобэ псэужыр илъэс 81рэ зи ныбжь Хъадижэтщ.
Си адэшхуэм къыIэрыхьэ хъыбархэр гущIыхьэт. Зэпымыууэ согупсыс: дауэ хуэгъэва, дауэ къела а гуауэхэм, жысIэу. КъызэрыщIэкIамкIэ, хъыбар гуIэгъуэр зэрыт тхылъымпIэ кIапэхэр и щхьэнтэ щIагъым щIэлъми, я бынхэр псэууэ къыщыхъурт, куэбжэр къэкIыргъмэ, къэсыжауэ къыфIэщIырт. Мис апхуэдэу гугъэ зэпыту и гъащIэр ихьащ. Зэрыщытрати, си адэшхуэ Лъостэн пощтзехьэм гурыIуауэ, зэшхэм ящыщу тхур зэрыхэкIуэдам теухуа хъыбар гуауэхэр щIихъумэрт, ахэр си анэшхуэм зэрыщхьэщихыным яужь итт. Ауэ абы и гур тепыIэншэт, насыпыншагъэшхуэ къазэрылъыкъуэкIар псэкIэ зыхищIэрт, къеIуэтэж Хъадижэт.
Хэку зауэшхуэр зэриухам теухуа хъыбарыр напIэзыпIэм къуажэм щызэлъэщIысат. Инми цIыкIуми я дуней гуфIэгъуэт. Лъостэни къахуэнэжа я къуэ закъуэм темыпыIэу пэплъэрт. Ауэ, мазэ ныкъуэ нэхъ дэмыкIыу, хъыбар гущIыхьэ къыIэрыхьащ жэщи махуи Тхьэ зыхуелъэIу Мухьэж Берлин къалэр къыщащтэм хэкIуэдат.
Зэщхьэгъусэхэм къатепсыхар лъэпкъми, жылэми я зэхуэдэ гуауэт. КIулацэ я щIалэхэм пэплъэ зэпытт. Ахэр къызэрымыкIуэжынур зыщIэ къуажэдэсхэр абы хуэгумащIэт. Зауэр зэриухрэ илъэсипщIым щIигъуауэ, зыхьыну узыр къыщеуалIэм, къуажэ ефэндыр и щыхьэту, Лъостэн зиумысыжащ щIалэхэр зэрыхэкIуэдам теухуа хъыбархэр и щхьэгъусэм зэрыщигъэпщкIуамкIэ. КIулацэ зыри къыгурыIуэжыртэкъым, ахэр ямыIэжу, мыпсэужу зэхихыну хуейтэкъым. Апхуэдэ защIэу, псэухункIэ, и къуэхэм я кIуэдыкIар псэкIэ игъэващ.
Мухьэб Польшэр, Жэхьфар Кавказыр хуит къыщащIыжым, Болэт Будапешт деж, Мухьэж Берлин къыщащтэм, СутIрэ Хьэбыжрэ Сальск губгъуэм щыхэкIуэдащ.
Зэш лIыхъужьхэм я шыпхъу закъуэ Жанпагуэ я адэжь лъапсэр ихъумащ, абыхэм я жьэгу мафIэр мыужьыхауэ, ноби маблэ. ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 55-рэ щрикъум ирихьэлIэу а лъапсэм и гупэм зэкъуэшихым щыхуагъэува фэеплъыр цIыху кIуапIэщ, илъэс къэс накъыгъэм и 9-м зэхуэсхэр щрагъэкIуэкI, ди щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэр ягу къыщагъэкIыж. Мы гъэми къуажэдэс нэхъыжьхэр, еджакIуэхэр, ирагъэблэгъа хьэщIэхэр а щIыпIэм щызэхыхьэнурэ, Гъусэ Лъостэн и щIалэхэм я фэеплъым пщIэ хуащIынущ.
Зэманыр макIуэ, гъэхэр блокI, зауэ илъэс хьэлъэхэр тхыдэм хохьэж. Ауэ ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьахэр ди цIыхухэм зэи ящыгъупщэнукъым, сыту жыпIэмэ, абыхэм я цIэр дапщэщи тщIыгъущ икIи дяпэкIи тщIыгъунущ».