Фэеплъхэм гулъытэ хуащIНобэ, мэлыжьыхьым и 18-м, Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ я дунейпсо махуэщ.
Щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ фэеплъхэмрэ тхыдэм епха щIыпIэхэмрэ. Аращ цIыхубэр хуэсакъыу а ухуэныгъэхэмрэ щIыпIэхэмрэ я нэIэ щIытрагъэтыр. Тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъхэр хъумэнымкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ щIыналъэ къудамэр (ВООПИК) илъэс 50-м щIигъуауэ мэлажьэ, архитектурэ мыхьэнэ зиIэ унэхэр, фэеплъхэр зыхуагъэувахэмрэ ахэр зыгъэувахэмрэ цIыхубэм щамыгъэгъупщэу, щIэблэр а псом щагъэгъуазэу.
Архитектурэ беягъ зыбгъэдэлъ пасэрей ухуэныгъэхэр, фэеплъхэр, тхыдэм епха щIыпIэхэр ди нэхъыжьыфIхэм я псэукIам, блэкIам я гъуджэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къэралым, щIыналъэм заужьынымкIэ щхьэпэщ щэнхабзэ щIэинхэр: ахэр цIыхухэм я щIэныгъэм хэзыгъахъуэщ, щIыналъэр теплъэгъуафIэ зыщIщ.
Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъур зэрагъэлъэпIэнум, къэралым и дэнэ щIыпIи хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэми зыхуагъэхьэзыр. Махуэшхуэм ирихьэлIэу (зы мазэ иримыкъущ къэнэжар), республикэм и щIыналъэхэм зыхуей щыхуагъэзэж Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я фэеплъхэр.
Налшык къалэм и «Искож» хьэблэм щыIэ «Жертвам фашизма, погибшим в годы Великой Отечественной войны» фэеплъыр иджыпсту зэрагъэпэщыж, ягъэкъабзэ, ялэ. Абы и Iэгъуэблагъэри къагъэщIэрэщIэж. Къэбэрдей-Балъкъэрым зыхуей щыхуагъэзэж «Т-34», «115-нэ шуудзэм хэта зауэлIхэм», «Налшык щекIуэкIа зэхэуэхэм я лIыхъужьхэм» хуагъэува фэеплъхэри.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэр республикэм и районхэми щрагъэкIуэкI. Къэбгъэлъагъуэмэ, нэгъабэ Шэджэм щIыналъэм щагъэува «Хэку зауэшхуэм и джэрпэджэж» фэеплъым и Iэгъуэблагъэр мы зэманым зыхуей хуагъазэ.
Махуэшхуэхэм цIыхухэр фэеплъхэм деж щызэхуос, щхьэхуитыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ зи псэ щIэзыта зауэлIхэр ягу къагъэкIыж, хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуощыгъуэ.
Зыщыщ лъэпкъми зэрихьэ динми емылъытауэ, цIыхубэр зэкъуэзыгъэувэщ мыпхуэдэ дунейпсо махуэшхуэхэр. Зи Хэкур, зи лъэпкъыр, зи лъапсэр фIыуэ зылъагъухэм фэеплъхэр зэрахьэ егугъуу. Ахэри цIыхухэм хуэдабзэу, жьы, кхъахэ мэхъури, уакIэлъыплъын хуейщ. КъинэмыщIауэ, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэухэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр къезыгъэцIыхур, зыгъэпсэхуакIуэхэр ди щIыналъэм къезышалIэхэм ящыщщ фэеплъхэмрэ тхыдэм епха щIыпIэхэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2025 - 09:40 →
Гъуазджэм и цIыхухэр
06.05.2025 - 17:16 →
Уи ужькIэ къэбгъанэрщ…
06.05.2025 - 16:13 →
IэщIагъэр гъащIэ гъуэгуу
05.05.2025 - 16:13 →
Тхэ цIыхур игъащIэ псокIэ еджэн хуейщ
05.05.2025 - 15:12 →
Москва щагъэлъагъуэ
|