Я хьэлъагъ елъытауэМы гъэм мэлыжьыхьым и 14-м Дагъыстэным и Хасавюрт къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ балигъхэм я чемпионат. Зэхьэзэхуэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм я бэнакIуи 132-рэ, абыхэм ящыщу 15-р Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ, икIи ехъулIэныгъэфIхэр ди щIалэхэм щызыIэрагъэхьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ БищIо Астемыррэ (кг 72-рэ) КъуэщIысокъуэ Нурдинрэ (кг 97-рэ). ЕтIуанэ хъуахэщ Хьэжырокъуэ Умаррэ (кг 60) Чыл Казбекрэ (кг 82-рэ). ЩIыхьыр лъагэу яIэт
Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ щIыналъэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысей Ипщэмрэ я бэнакIуэ ныбжьыщIэу 400-м нэблагъэ, хэгъэрейхэри яхэту. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэм ехъулIэныгъэфIхэр зэхьэзэхуэм къыщагъэлъэгъуащ икIи псори зэхэту медаль 18 абы къыщахьащ, 8-р дыщэу. Я хьэлъагъхэм елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Къэжэр Жамболэт (кг 26-рэ), Бэждыгъу Темырлан (кг 33-рэ), Заифов Умар (кг 42-рэ), Бицу Мухьэмэд (кг 48-рэ), Урысмамбэт Аслъэн (кг 50), Къэжэр Ибрэхьим (кг 52-рэ), Мыз Мухьэмэд (кг 68-рэ), БешкIур Ибрэхьим (кг 72-рэ) сымэ.
Поделиться:
Читать также:
18.01.2026 - 10:01 →
Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ лъэщхэр
17.01.2026 - 12:05 →
Налшыкыпсым и Iуфэр мыгувэу къыпхуэцIыхужынукъым
16.01.2026 - 12:59 →
Спорт хъыбархэр
16.01.2026 - 11:40 →
Узыншэу псэуным хуаузэщI
| ||





