УсакIуэу къигъэщIаКIуащ БетIал псэужамэ, дызэрыт илъэсым илъэс 95-рэ хъунут. Багъы Пётр 1995 гъэм ныбжьэгъум теухуауэ итха гукъэкIыжхэм ущие куэд хэлъщ, езы усакIуэри нэгум IупщIу къыщIагъэхьэ. БетIал Алыхьым усакIуэу къигъэщIат. Езым итхам хуэдэу ар щыгуфIыкIырт нэгъуэщIхэм я тхыгъэфIхэми. Езым и усыгъэр игу щрихьыжым деж, фыкъедаIуэт, жиIэрти итхам къытхуеджэрт. И пащхьэм тхылъымпIэу телъыр зэхэтхыхьат, псалъэ къигъуэтахэр, усэ ныкъуэтххэр, телефон номерхэр, нэгъуэщI Iэджи тетхауэ. Зыбгъэдэс стIолым телъ тхылъхэм, тхылъымпIэхэм, зэридзэкIа Iэрытххэм тхьэрыкъуэф хуэдиз хъу и тхьэкIумэхэр къыгуэлэлу, и нэхэр щIригъэлъафэу, япэм иIа и хьэ плъыжьышхуэр зэзэмызэ къыхэгъуэлъхьэжырти, ар БетIал и гуфIэгъуэшхуэт. Абы Хьэсэнрэ сэрэ десэжат, ауэ ар зи гум темыхуэр институтым и унафэщI КIэрэф Къамболэтт. ИкъукIэ лIы тэмакъкIыхьт ар, хабзэшхуэ зыхэлът, БетIали фIыуэ илъагъут, ауэ и пIэм къизышыр хьэрат. Хьэсэнрэ сэрэ а щым я Iуэхум диукIырт, шэми дисырт, шхуми дисырт. Институт лэжьыгъэми усэ тхынми къыдэкIуэу, БетIал тхакIуэ, усакIуэ ныбжьыщIэхэми я ущиякIуэт, я чэнджэщэгъут, щIэблэр Iейм щихъумэрт, фIым хуиунэтIырт. Куэд къакIуэрт абы и деж, ятхахэр яIыгъыу е письмокIэ кърагъэхьауэ щытахэм я щхьэ кърикIуар зрагъэщIэну. Абыхэм БетIал яжриIэм уемыдэIуэну гугъут – акъылышхуэ хэлът, щIэхъуари, щIэмыхъуари, дяпэкIэ щIэн хуейри, ехьэкIи-къехьэкIи хэмылъу, ауэ ягу емыуэу яжриIэрт. БетIал псэуху ди лъэпкъ щэнхабзэм зегъэужьыным пылъащ: бзэщIэныгъэм телэжьащ, зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэр литературэм хуэзышэ лъагъуэм тригъэуващ, усыгъэхэм хуэхей куэди къыжьэдикъуащ. Зэгуэрым зы щIалэ щхьэпэлъагэ укIытэх гуэр, и ныбжьэгъуи и гъусэу, къакIуэри, БетIал абы кIыхьу епсэлъащ, и усэ къызэджахэр хузэпкърихащ. «Уэлэхьи, мыбы БетIал зыгуэр дилъэгъуам, игу ирихьын гуэр къыхуихьам», – жысIэрт сигукIэ. ЩIалитIыр щIэкIыжа нэужь, сеупщIащ: «Хэт сымэ ахэр?» – жысIэри. «Мис а нэхъ щхьэпэлъагэр Тхьэгъэзит Зуберщ, хыфIимыдзэжмэ, егугъумэ, ар усакIуэ хъунущ», – жиIэгъат БетIал. Куэдрэ и цIэр фIыкIэ къриIуэу, езым итхахэми къыхуеджэу, КIуащым и Iумэтым итахэм ящыщщ Нало Заур. Езы Заури БетIал зыхилъхьэ щымыIэу бгъэдэтащ, нобэр къыздэсым гукъыдэж ин хэлъу яужь итщ и ныбжьэгъу лъапIэу щытам ди щэнхабзэм, ди литературэм хуэфащэ увыпIэ зэрыщигъуэтыным. Институтым лэжьакIуэ сыкъыщыкIуам адыгэбзэм и грамматикэ ятхыну загъэхьэзыру щIадзат, мурадышхуэ яIэт, ямыгъуэтыр ар зыгъэзэщIэнт. Мурад къудей мыхъуу, тхылъым и шыфэлIыфэу щытынур БетIал иубзыхуат, ар нэхъыбэу, нэхъ хэкъузауэ зи щхьэфэ иIэбэну Iуэхугъуэхэри къыхигъэбелджылыкIри, ди грамматикэм и гъуазэр хэзышыну зыхуигъэфащэ щIэныгъэлIхэми я цIэр къриIуат. А псомкIи БетIал дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъур, чэнджэщ къезытыр адыгэбзэм куууэ хэзыщIыкI, илъэс куэд щIауэ абы елэжь, адыгэбзэм и IэфIымрэ и дахэмрэ зыщызымыгъэнщI Елбэд Хьэсэнт. Езы БетIали щIэныгъэлI Iэзэт: аспирантурэм щIэсу Москва щыщыIа илъэсхэм зи унафэ щIэта, адыгэбзэр щIэныгъэр и лъабжьэу къэзыхутэну псом япэу яужь ихьа профессор Яковлев Николай куэдым гу лъригъэтат. БетIали, усыгъэм къыхуалъхуауэ щымытамэ, бзэмкIэ щIэныгъэлI IэкIуэлъакIуэ дыдэ хъунут – аспирантыху бзэр зэрыбджыну Iэмалхэм ящыщу куэдым щыгъуазэ зищIат, нэгъуэщIыбзэхэмкIэ хуабжьу гурыхуэт, ахэр псынщIэу зригъэщIэфырт. Дахэу, уригъэхъуапсэу ирипсалъэрт урысыбзэм. Нэмыцэбзэрати, Багъы Николайрэ абырэ, тIэкIуи загъэщIагъуэу пIэрэ жыпIэну, а бзэмкIэ щызэпсалъэ Iэджэрэ къэхъурт. Бзэ лIэужьыгъуэ куэдым яIэ ухуэкIэхэм щыгъуазэт БетIал, адыгэбзэр нэгъуэщIыбзэхэм къахэзыгъэщхьэхукI щытыкIэхэр, зэхэлъыкIэхэр, къэпсэлъыкIэхэр, абыхэм щхьэусыгъуэ яхуэхъуа хабзэхэр къитIэщIырт, псалъэ къуэдзэхэмрэ междометиехэмрэ езым иджыну, зэхигъэкIыну и пщэ щIыдилъхьэжауэ щытари арауэ къыщIэкIынт. Адыгэбзэм и шыфэлIыфэхэм фIыуэ зэрыщыгъуазэм и щыхьэтт абы и усыгъэхэм я ухуэкIэ телъыджэр. Псалъэхэм я зэпхыкIэм, я къэкIуэкIэм, я IэтIэлъэтIагъэм, макъхэр зэрызэщIэжьыуэм нэгъэсауэ хищIыкIырти, бзэм и Iэмал псори, хабзэу хэлъри Iэзэу къигъэIурыщIэрт. Аращ БетIал и усэхэр адрейхэм щIахэмыгъуащэр – псалъэхэм мыхьэнэрэ теплъэгъуэу яIэхэр къанэ щымыIэу зэрыхуейуэ къигъэсэбэпыфу зэрыщытарщ. Куэд зыщIэхэр мащIэкъым, ауэ, куэд ящIэми, куууэ гупсысэфыр закъуэтIакъуэщ. БетIал япэкIи иужькIи, ди жагъуэ зэрыхъущи, а IуэхугъуитIыр зэпхауэ зыбгъэдэлъ ди усакIуэхэм, тхакIуэхэм мащIэщ яхэтари яхэтри. Литературоведхэр, критикхэр, псом хуэмыдэу КIуащым фIыуэ илъагъуу щыта Нало Заур, БетIал и усыгъэм и купщIэм, и ухуэкIэм, абы и тхыгъэм гъэщIэгъуэну, езы БетIал япэу усыгъэм къыщигъэсэбэпа Iэмалым, инверсиекIэ зэджэм, убгъуауэ мызэ-мытIэу тетхыхьащ. Абыхэм сытепсэлъыхьыну сэ си пщэ дэслъхьэжыркъым, ауэ, къызэрысфIэщIымкIэ, БетIал и усэхэр тIэкIу гугъуу тхащ. ЩыIэщ усакIуэ, и IэдакъэщIэкIым губзыгъафэ къытригъэуэн папщIэ бзэр зэхиIуантIэу, щIагъыбзэкIэ псалъэу, зэпхьэлIэ мыхъухэр зэригъапщэу, и усэхэр хэIущIыIу ищIын мурадкIэ, абыхэм къыщиIэт Iуэхугъуэхэм я географием гъунапкъэншэу зригъэубгъуу, ауэ щыхъукIи, зытепсэлъыхьым хищIыкIыр Истамбыл губгъуафэ изоплъ зыхужаIэм хуэдэ зыгуэру. УсакIуэм, тхакIуэм и тхыгъэм авторым и гупсысэм и кууагъыр, и талантым и инагъыр къуегъэлъагъу, къуегъащIэ, ауэ сэ си щхьэкIэ къысщохъу авторым и лъэкIыныгъэ псори и тхыгъэм белджылы, сэтей къищIын хуэмейуэ, абы и губзыгъагъымрэ и тхыгъэм и губзыгъагъэмрэ зэлъэщIэмыхьапхъэу, тхыгъэр зэпымыууэ абы кIэлъеIэми. Арыншамэ, итх псори зыкъомкIэ зэтехуэнущ, гупсысэ и IуэхукIэ щIэщыгъуагъэ хэбгъуэтэжынукъым. БетIал и усэхэр «Махуэр хуабэщи, дыгъэ къопс, абы и псэр ди псэм хуэдэщ» усэкIэм щIемыщхьыр, ахэр тIэкIу гурыIуэгъуей щIэхъур, япэрауэ, зытепсэлъыхьыр ауэ къызэрыгуэкI Iуэхугъуэу зэрыщымытырщ (адыгэбзэкIэ тхами, умыматематикыу математикэр къызэрыбгурымыIуэнум ещхьщ). ЕтIуанэу, гупсысэ куу хилъхьэмрэ бзэм и Iэмалхэмрэ щызэхуимыгъэхъуф, бзэр къыщыхуэмыгъэIурыщIэфхэм дежщ. ТхакIуэр, усакIуэр зыхуэтхэхэм къахуемыплъыхыу, ахэр езым зэрызыхудригъэплъеин Iэзагъэ бгъэдэлъын хуейщ. Уэр нэхърэ мынэхъ губзыгъэм и тхыгъэ укъеджэныр хьэзабщ, ар пщызымыгъэгъупщэ «тхакIуи» ди мащIэкъым. БетIал фIыуэ щыгъуазэт а зэманым щIэныгъэр здынэсам, искусствэм, литературэм я гугъу умыщIыххи. Мыстым къыщыхъуати, мыст хуэдэти, жиIэу псалъэ купщIэншэ зэи къыжьэдэхуртэкъым, зытепсэлъыхьым сыт щыгъуи фIыуэ хищIыкIырт, и бзэр шэрыуэт, абы и гупсысэм, и псалъэм дэтхэнэ зыми къыхихын игъуэтырт. Арат жьыри щIэри абы щIызыIэпишэр. Гъусэ къыхуэхъухэр тригъэурт, ягу бампIэ дихырт, чэнджэщэгъу яхуэхъурт, езым цIыхум защигъэнщIыртэкъым, губзыгъагъыу, лIыгъэу, гъэщIэгъуэну, дахагъэу яхэлъыр къиулъэпхъэщырт, ахэр нэхъри игъэбагъуэрт.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 15:00 →
Унэхэр
10.11.2025 - 13:30 →
И лIыгъэр ноби ящыгъупщакъым
08.11.2025 - 12:52 →
Гупсысэ щIэщыгъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр
08.11.2025 - 11:51 →
МЭЗЫТХЬЭ КЪЫДЭУИ!
06.11.2025 - 12:26 →
Литературэ зэпеуэхэм я нэхъ иныр иухащ
| ||



