«Налшык губампIэр» губампIэдэхыу…

Ди зэманым ипэжыпIэкIэ поджэж Чэрим Марианнэ и «Налшык губампIэ» романыр. Къалэм дэлъ губампIэр дэтхэнэми къыжьэхоуэ. Мыр гъащIэ губампIэщ, дызыхэпсэукI дунейщ, ди нобэм и къэгъэшыпIэхэм узыщрихьэлIэщ. Iуэхугъуэу къызэщIиубыдэри куэд мэхъу: гухэлъыр, адэ-анэмрэ бынымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэр, щIэныгъэм и мыхьэнэр, усыгъэр зищIысыр, литературэр гъащIэм зэрыхэувэр, хьэблэ зэхущытыкIэр, ныбжьэгъугъэр, къулыкъумрэ мылъкумрэ цIыхум дежкIэ, нэгъуэщI куэди.

А псом я гущIыIу зыкъищIу къызэпкърихащ диным и Iуэхур. «Япэм маршруткэм дэсхэм уэрэд кърагъауэу щытащ. Иджы мис муслъымэн диным укъыхураджэ. «Щыму дызекIуэным дапщэ и уасэр?» - яжепIи хъуркъым», - жеIэ игукIэ, мэжджытым къыщIэкIыжу маршруткэм итIысхьа Iэсият, IэлъэщIыр фарзщ жиIэу, шофёрыр къеущиен щыщIидзэкIэ. ГъащIэми апхуэдэ Iуэхугъуэхэм ущрохьэлIэ. Пэжуи, жьакIэ зэрытет къудейм муслъымэн ирихъуу къызыфIэщI куэдым я зы щапхъэщ шофёрыр. ЦIыхубэ транспортракъэ цIыхухэм я зэхэтыкIэ-зэхущытыкIэр нэхъыбэу щыплъагъур! И лIыхъужьыр абы исыху, аргуэру зы щапхъэу къегъэлъагъуэ теплъэкIэ муслъымэну, псалъэрэ -щэнкIэ диным хуэхейуэ зы бзылъхугъи. «Фарзым тету хуэпа» бзылъхугъэм щIыгъу сабийр маршруткэм бжэм деж зэрыщытым тегузэвыхь нэхъыжьхэм анэ ныбжьыщIэм жраIэ сабийр и куэщIым иригъэтIысхьэну. «КхъыIэ, фи щхьэ Iуэху зефхуэж!» - цIыхубзхэм къажьэхолъэ IэлъэщI зытелъыр.

Мыбдежым ипэжыпIэкIэ диным зи псэ хуэкъабзэу къыхэщыр Iэсиятщ. Аращ нэхъ дахэ, нэхъ гуапэ, нэхъ гумащIэ ищIыр.

Романым и пэм къыщыщIедзэри, и кIэм нэс диныр пхреш, абы и къабзагъэр къигъэлъагъуэу, диным зыкъуэзыгъэпщкIуэну хэтхэр фIэтхьэмыщкIэу. ИкIэщIыращи, диныр – IэлъэщIкъым, кIэ кIыхькъым, жьакIэкъым е щхьэгъусиплIкъым. Ар гумрэ псэмрэ я щытыкIэ къабзэщ.

Тхыгъэм хэт лIыхъужьхэм уахуогуавэ, узэгуагъэп, япIэ уоувэ, уакъыдощI. Романым щыпхышащ гугъэ. Ар псом хуэмыдэу гуапагъэ хэзылъхьэщ тхыгъэм щекIуэкI псоми. Ар къыхощ Iуэхугъуэ куэдым. ТхакIуэр и лIыхъужьхэм яхуэгумащIэщ. Iэмал ярет заужьыну, тобэ къахьыжыну, зыщIэгупсысыжыну, я гум ирелъхьэ гугъэ, къахуегъуэт яхуэфэщэн IуэхущIафэхэр. Марианнэ и лIыхъужьхэр и кIэм нэс ишэркъым, ябгъурыткъым. АтIэ гъуэгу зэхэкIыпIэм негъэсри, еутIыпщ. АдэкIэ зыкъалъыхъуэж езыхэм: я псэлъэкIэкIэ, IуэхущIафэкIэ, гупсысэкIэ. Мыр тхыгъэр щIэщыгъуэ зыщIхэм язщ.

Гухэлъыр гъэщIэгъуэну къызэпкърихащ. СызэреплъымкIэ, гъусэ зэхуищIхэм зэгуэгъуу яхэтыр 1эсиятрэ Нухьрэ я закъуэщ. Мы тIур тхыгъэм къызэрыхыхьэу хуабагъэ, акъыл жан, дэчых, гупсысэ куу ядыболъагъу. Iэсхьэдрэ Сурэтрэ я гурыщIэр къигъэлъэгъуэну хэтщ, абы теухуа гупсысэхэри къыщыхегъэщ тIум я дежи. Лъагъуныгъэм, унагъуэм теухуауэ яIэ гупсысэхэми дыкIэлъегъэплъ. Ауэ щыхъукIэ, а тIум я гухэлъыр си фIэщ хъуакъым. Зэгуэгъукъым Сэхьидрэ Саидэри. ЦIыхухэр къаплъэмэ, «унагъуэ дахэщ» къыхужаIэн щхьэкIэ, насыпыфIэу фэ зытрагъауэ къудейщ. «Зозэгъ, зэфIэнэркъым, зы унагъуэщ», - жи. Аращ губампIэ хъужри – зым и гур адрейм хуэгъэтIылъакъым, хуIэпихукъым. НасыпыфIэу зэдэпсэукъым Радикрэ Иннэри.

Романым и лIыхъужь нэхъыщхьэу къегъэлъагъуэ Iэсхьэд. Мыбы и гупсысэм, и зэхэщIыкIым зрегъэужь, и щIэныгъэр къегъэлъагъуэ, и цIыхугъэм щыхьэт тохъуэ, къулыкъу ирет, и гур зэрыкъабзэр дегъэлъагъу. И псэр нэхущ икIи къулейщ. Ауэ Iэсхьэд Сурэт гурыщIэ хуиIэу ди фIэщ зэрымыхъур зэран мэхъу а лIыхъужьыр ипэжыпIэкIэ насыпыфIэу дыбжынымкIэ.

Iэсиятрэ Нухьрэ. Мы тIур «Тхьэм зэхуишащ» жыхуаIэм хуэдэщ. ЛIыхъужьхэр апхуэдизу псэ къабзэу, губзыгъэу, гуапагъэ яхэлъу, захуагъэм и телъхьэу дигъэлъэгъуащи, къыдгурыIуэ хуэдэщ, зы къуаншагъи, зы щыуагъи зыкIэримылъхьа а тIум, иужьым насыпкIи зэретэжынур. А гупсысэр ди гурыфIыгъуэу дыкъоджэ романым. «Зэгуэгъухэм зыкъыуагъэщIэн я хьэлщ. Зэуэ зэбгъэкIун щIыбодзэ, къызыхэпхри умыщIэу», - мыпхуэдэу йогупсыс иужьым Сэхьиди, а тIум щакIэлъыплъкIэ.

Усыгъэр зищIысым, усэм и къэкIуэкIэм, усакIуэм и гурыгъузхэм, сатырхэм хэухуэна гупсысэхэм, усакIуэпсэм телъ дыркъуэхэм теухуауэ куэд жиIащ тхакIуэм. Iэсхьэд и усэкIэр, и гупсысэхэр щапхъэ ищIащ абы щхьэкIэ. Iэсхьэдрэ Сэхьидрэ усакIуэм и мыхьэнэм, Уафэрыс Салим (ар Iэсхьэд творческэ цIэуэ къищтащ) и хъэтIым щытепсэлъыхькIи, усакIуэ хьэлыр нэIурыт мэхъу.

«Усэр гупсысэкъым. Ар къызыхэкIыр зыхэщIэращ, къыбгурыIуэракъым. Псалъэхэр я мыхьэнэхэмкIэ фIэкIа къэбгъэсэбэпу щымытамэ, дэнэт дэ дыздынэсынур? Сыт усакIуэшхуэхэм ятхам я анэдэлъхубзэкIэ дыкъеджарэт, щIыжытIэр. Езыхэр къэтцIыхун щхьэкIэ…», - жеIэ Iэсхьэд. «Стхым фыкъеджэ щыжыпIэкIэ, ди зэхэщIыкIым и хьэтыри плъагъун хуейщ… игъащIэм зэрымылъэгъуа усакIуэмрэ усэджымрэ зэзыпхыр зым жиIэр адрейм къызэрыгурыIуэрщ. Лъэпкъыр фIыуэ плъагъур пэжмэ, и зэхэщIыкIым зыдэщI, си губзыгъагъэм фыкъылъэщIыхьэ, жыпIэу укъытхуемыплъыхыу», - педзыж Сэхьиди.

-Уэ зэрыжыпIэмкIэ, усакIуэм нэхърэ нэхъ насыпыншэ дунейм теткъым. НтIэ, сыт абы жиIэр сэ къызэрысхуэсэбэпынур? Уафэрыс Сэлим адрейхэм къащIыхэзгъэщыр сыпсэуарэт жызегъэIэри аращ, - жеIэ Сэхьид Уафэрысым и IэдакъэщIэкIхэм я гугъу щищIкIэ. Iэсхьэд къызэрилъытэмкIэ, усакIуэм и гур икIи нэщхъейщ икIи къогуфIыкI:

- И гур магъ зэпыт усакIуэм. И Iупэр зэтемыхьэуи мэгуфIэ. ЦIыху фIэфIщи, зэми гъащIэм къызэгуеч, зэм псэуфкъыми, матхэ!

- Зэм делэщ, зэм губзыгъэщ, - пхужымыIэу ара?

- Араипсщ.!.. Зэрынасыпыншэм насып къыхэзымыщIыкIыфам итхыращ сызыхуэмейр.

«Налшык губампIэ» тхылъыр куэдым щIаджыкIащ, тепсэлъыхьащ, зэIэпахыу зэджэхэм ящыщщ. Куэдым я гум къипсэлъыкIа тхакIуэм нэгъуэщI художественнэ тхыгъэшхуэхэри иIэщ, арзэдзэкIын Iуэхуми хуэIэижьщ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также:

13.08.2026 - 10:51 Адэм и гущыщIэ
12.08.2026 - 16:36 УзэщIакIуэ цIэрыIуэ
12.08.2026 - 15:33 Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
03.08.2026 - 19:28 Уэрэд