НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 21, блыщхьэ

♦УФ-м щагъэлъапIэ щIыпIэ самоуправленэм и махуэр

♦1920 гъэм Налшык цIыхубэ хозяйствэм и щIыналъэ совет къыщызэрагъэпэщащ.

♦1921 гъэм Налшык Лъэпкъ музей къыщызэIуахащ.

♦1925 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, генерал-майор, Иорданием и лIыкIуэу Тыркум, Иракым, Китайм щыIа, Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу щыта БырмамытI Фоуаз.

♦1940 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артисткэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата ЖьакIэмыхъу КIунэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Махуэм хуабэр градус 17 - 18, жэщым градус 11 - 12 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ПхуэмыщIэн зыкIэрумыщIэ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

22.07.2026 - 11:53 НОБЭ
21.07.2026 - 09:00 НОБЭ
17.07.2026 - 12:26 НОБЭ