Псэр и закъуэ къыщынэм деж

Iэдэмрэ 1эсиятрэ гумкIэ Ибрэхьимрэ Симазэрэ яшэжыну гъуэгу техьащ. Ялъэгъуахэм тепсэлъыхьыжурэ, уэршэрурэ Тырку щIыналъэм нэсыжащ. Симазэ и гур къызэрыгъуэтыжат:

- Алыхьым и фIыщIэщ, сыкъыщалъхуа щIыпIэм дыкъэсыжащ, ди анэр, Элиф слъагъунущ, Алий сыхуэзэнущ.

Адэмрэ Симазэрэ къэкIуэжыну къапэплъэ анэри Элифи бжэIупэмкIэ плъэрей хъуахэт: «Ди адэр узыншэу, Симазэ псэууэ ди Тхьэм къытхуихьыж», - жаIэурэ Тхьэм елъэIурт.  

Машинэ псынщIэм и макъыр зэрызэхахыу, Элифрэ Закиярэ къыдэжащ икIи гуфIэгъуэ нэпсхэр къыщIэжу я къэтахэр IэплIэешэкIкIэ ирагъэблэгъэжащ.

Iэнэ ягъэувыну хуэпIащIэу Симазэ и анэр пщэфIапIэмкIэ щыкIуэм, Iэдэм къигъэувыIэжащ:

- КхъыIэ, хъуну щытмэ, Къэбэрдейм къикIа шхыныгъуэ ди адэ-анэм къыфхудагъэшащи, ди гуапэ хъунут япэщIыкIэ ахэр Iэнэм тефлъхьамэ.

ЗэлIзэфызыр зэплъыжри къэувыIэжащ:

- Хъунщ, фи жагъуэ тхуэщIынкъым, гуфIэгъуэ шхын Тхьэм тхуищI. 1эсият Симазэрэ Элифрэ и гъусэу, Iэнэр къытрагъэувэ, мыкIуэдыну щIыIалъэм илъу лы гъэвари, лы гъэжьари, гуэгушылри, къазылри, джэдылри, нэгъуэщI шхын зэмылIэужьыгъуэ куэду къашати, и ныкъуэр ягъэхуэбэжщ, Iэнэр хьэзыр ящIщ, пэрытIысхьэри шхахэщ. Куэд щIауэ щIэхъуэпсу къыщIэкIынт мы унагъуэр хэкум къикIа шхын яшхынуи, къехъулIат. Хэкум щыIэ шхыным и IэфIагъым тепсэлъыхьурэ шей зэдефэжащ.

Ибрэхьим къэпсалъэри жиIащ:

- Ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ, хэкум щыдвгъэшхар ффIэмащIэу, хэкум къыздидвгъэша шхыныр ди анэ быдзышэм хуэдэу IэфIу нобэ дывгъэшхащ, дывгъэтхъащ, Тхьэм фигъэпсэу! Псапэ къэфхьащ! ФIыгъуэу щыIэр Тхьэшхуэм къыфхуищIэ!

- Фи хьэлэлщ, ди гуапэщ, фигу ирихьамэ!

Шхэныр яухри, Хэкум зэрыщыIар, хьэгъуэлIыгъуэм зэрыхэтар, Iуащхьэмахуэ зэралъэгъуар - жаIэжын мащIэт, зыр зым игу къигъэкIыжурэ жаIэжу зыкъомрэ щысащ. 1эсият Симазэ и Iэр иубыдри унэмкIэ щIишащ, дакъикъэ тощI хуэдиз дэкIауэ Симазэ, адыгэ фащэ дахащэ щыгъыу, и адэ-анэмрэ и шыпхъумрэ я пащхьэ къришащ. Псори щым хъуащ:

- КъэфцIыхужрэ фи хъыджэбз дахэкIейр? Дахащэу екIуркъэ мы фащэр Симазэ?

Элиф къыщылъэтри:

- Симазэ, мыр уэра? - жиIэри и нэгу иплъащ. ЖаIэнури ящIэнури ямыщIэжу унагъуэр зоплъыжри щысщ. Симазэ къыпэщыт Iуэхур мыхъуамэ, сыту нысащIэ дахэ хъунут жиIэу здегупсысым, анэм и гур хэщIырт, ауэ закъримыгъащIэу Симазэ бгъэдыхьэри IэплIэ хуищIащ, Элифи и шыпхъум зришэкIащ. Я гъунэгъу цIыхуитI-щы хьэщIэр ялъагъуну къэкIуати, абыхэми ягъэщIэгъуащ, «апхуэдэу фащэр дахэу зэкIу иджыри къэс тлъэгъуахэм язщ», - жаIэри. Япхъу пажэр ин, дахэ зэрыхъуам иригуфIэрт адэ-анэр, икIи гукIэ иринэщхъейт:

- Ди Тхьэ, зы Iэмал гуэр щыIэу къыщIэгъэкI, Симазэ хъужыну, е и хъущхъуэгъуэ, е дохутырыфI дыхуэгъазэ! Анэм и нэпсхэр илъэщIурэ и пхъум бгъэдыхьэри аргуэру IэплIэ хуищIащ:

- Сыту удахащэ, сыту фащэр дахэу уэкIурэ, - жиIэри.

ЗдэщыIахэм щытраха сурэтхэр 1эсият иригъэщIыжати, ахэр унагъуэм исхэм яригъэлъэгъуащ,

- Мыр ди фэеплъу къыфхузогъанэ, хэкум Симазэ зэрыщыIар щымыгъупщэжын хуэдэу. Дыкъилъагъуну игу къихьэмэ, сурэтым еплъынщи дызэрылъагъунхэщ, - гушыIэу пищэжащ 1эсият.

Унагъуэм исхэм дуней гуфIэгъуэр я нэгум къощ, адэмрэ я пхъумрэ къэсыжащ. Я нэгу щIокI Симазэ хъыджэбзышхуэ зэрыхъуар, и ныбжьыр жыжьэ нэмысами, зи ишэгъуэ къэса хъыджэбзхэм къазэрыкIэрымыхур.

ХьэщIэр ялъагъуну къекIуэкIа гъуэнэгъухэми я щыпэлъагъуу къыщIэкIынут хэкум къикIыжа Симазэ апхуэдэу зэрагъэфIар. Жэщыр хэкIуэтэху уэршэрахэщ.

Нэху къекIмэ, Iэдэмрэ 1эсиятрэ ежьэжыну траухуати, пщэдджыжьышхэр зэрызэфIэкIыу къэтэджыжахэщ.

Ибрэхьим хьэщIэ зэдэлъхузэшыпхъум гуапэу сэлам ярихыжащ, я дадэ-нанэхэми, я адэ-анэми, я нэхъыжьхэми, псоми сэлам гуапэ ирахыжыну елъэIуащ.

- Фи фIыгъэкIэ дызыщымыгугъа насып къыдэуэлIащ, ди нэкIэ тлъэгъуащ ди унэкъуэщхэр къызэрытхуэгумащIэр, дыкъалъагъуну зэрыхуейр, абы фэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъу, Тхьэм фигъэпсэухэ, гугъу зыкъыддевгъэхьащ, Тхьэм фхудигъэщIэж.

 Симазэ и анэм и нэпсыр къыфIыщIэжу ябгъэдыхьэри:

- Фэ тIум псапэу къэфхьам и инагъыр дэ зэи тщыгъупщэнкъым, Тхьэм фигъэпсэухэ!

- Гъуэгуанэ дахэу щыIэм я нэхъыфIым Тхьэм фытришэ! - жаIэри хьэщIэхэр ирагъэжьэжащ.

Элиф хъыджэбз гъур кIыхь хъуати, жэри Симазэ зыщихыжа щыгъынхэр зыщригъэтIэгъэну елъэIуащ. И шыпхъур зэрыхъуапсэр къыгурыIуэри, Симазэ и шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIум зригъэхуэпащ, дэIэпыкъуурэ. ТIури зэплъыжри, тIэкIу хуэин жыпIэнут, арщхьэкIэ етIанэгъэ хуэфIыпсу зэрыхуэхъунур плъагъурт.

- Симазэ, зэзэмызэ щызбгъэтIэгъэн? - щIэупщIащ пщащэр.

- А, делэ цIыкIу, уэ къыпхуэнэжыну къыщIэкIынущ ар, щыгъыныр зейр 1эсиятщи, абы и фэеплъу зепхьэнщ.

 ЗэшыпхъуитIыр апхуэдэ псалъэмакъым есэжати, тIэкIу нэщхъеяхэщ. Езы тIум фIэкIа пэшым зыри щIэстэкъыми, Симазэ къригъэжьащ:

- Элиф, сщIэнур сщIэркъым. Алий зэ мыхъуми зэ къыздэкIуэ къызжиIэмэ, дауэ сыхъуну? Е сихьыну хуежьэмэ, сыт сщIэжыну? А хэгъуэлIыгъуэм сыздыхэтым куэд си щхьэм къихьащ, ауэ хэкIыпIэ къысхуэгъуэтакъым, Алий и жагъуэ сымыщIу си Iуэхур зыIутыр зэрыжесIэнум теухуауэ. ЖесIэмэ, дауэ зищIыну, сыкъыгурыIуэну? Дохутырти, хущхъуэти, жиIэнщи зыри къызэрымыкIын Iуэхум яужь ихьэнщ. Сэ ар сигу техуэнукъым, сэ абыхэм яфIэгуэныхь сыхъуну сыхуейкъым.

- АтIэ сыт Iэмал? - щIэупщIащ Элиф.

- СщIэркъым, зэрысщIынури къэзгупсысынури. Алий сэ фIыуэ солъагъу, езыми фIыуэ сыкъелъагъу, лей есхыфынукъым.

- ПщIэрэ, сэ семыгупсысауэ щыткъым а фи Iуэхум. УкъэкIуэжащ, фызэхуэзэнщ, уздэщыIамрэ плъэгъуамрэ хуэпIуэтэнщ, итIанэ иужькIэ афIэкIа зэи Алий ухуэзэжынкъым.

Симазэ ней-нейуэ и шыпхъум еплъащ:

- Ар дауэ, сыт къэбгупсысар?

Алий къиIуэтэж хъыбарыр курсым щIэсхэм апхуэдизкIэ яфIэгъэщIэгъуэн хъуати, шей ефэхэри Алий пищэнум пэплъэу тIысыжахэщ. ТIэкIуи загъэпсэхуауэ, «мыбы сыту пIэрэ адэкIэ пищэнур?» жаIэу пэплъэрт. Алий здэщысам деж тIысыжри пищэжащ.

МахуитI дэкIри, тхьэмахуэти, Симазэ сэрэ тыкуэн бжэIупэм деж дыщызэхуэзащ. Гуапэу сэлам зэтхри, Симазэ къызэлъэIуащ:

- Алий, кхъыIэ, мо ди лъэс лъагъуэм тIэкIурэ дригъэкIуэж, - щыжиIэм, хьэуэ къыхэзмыгъэкIыу, тIури зэгъусэу апхуэдиз илъэскIэ зэгъусэу дыздрикIуа гъуэгум тету дежьащ.

ТIуми ди Iэм зэкIуэцIышыхьауэ хьэпшып гуэрхэр тIыгът, псэлъэн япэ Симазэ къыщIидзащ:

- Апхуэдизрэ дызэхуэмызэурэ гъэщIэгъуэн куэд си гъащIэм къыщыхъуащ, уэри уи зыхуэпэкIэмкIэ уи Iуэхухэр Iей хуэдэкъым. Си гуапэщ къалэ щIалэ екIу узэрыхъуар, ухуэмыхуу укъыщIэкIакъым. Иджы хэт и пщащи уи гъусэу къалэм зигъэщIагъуэу дэтынущ.

ТЭНАЩ Хьэжымырзэ.
Поделиться:

Читать также:

12.05.2025 - 12:33 Шыдыгъу
07.05.2025 - 15:59 Хьэчим щхьэ Борэн?
30.04.2025 - 14:30 Хъыбар кIэщIхэр