НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 23, бэрэжьей

Тхылъымрэ авторым и хуитыныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
1943 гъэм
СССР-м и Совнаркомым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ.
1912 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Теунэ Хьэчим.
1942 гъэм
къалъхуащ генерал-лейтенант, Абхъаз Республикэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта, Абхъазым и ЛIыхъужь Сосналы СулътIан.
1961 гъэм
къалъхуащ республикэм и псыщIэгъэлъадэ IэнатIэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Тохъу Мухьэмэд.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Махуэм хуабэр градус 19 - 21-рэ, жэщым градус 12 - 14 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ПщIаIамэ, бгъуэтыжынщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

12.05.2025 - 16:00 НОБЭ
07.05.2025 - 12:04 НОБЭ
06.05.2025 - 09:27 НОБЭ
05.05.2025 - 15:55 НОБЭ