ГъущI гъуэгумкIэ ягъэIэпхъуэхэр![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым гъущI гъуэгумкIэ щагъэIэпхъуэ хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэкIхэмрэ я куэдагъым илъэс къэс хэхъуэ зэпытщ. ЖыпIэнурамэ, дызэрыт илъэсым и гъатхэпэм къриубыдэу а транспорт лIэужьыгъуэмкIэ ди щIыналъэм ирашащ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэу тонн мин 48,4-рэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 43,5-кIэ нэхъыбэ, къитащ Кавказ Ищхъэрэм ГъущI гъуэгухэмкIэ и управленэм и пресс-IуэхущIапIэм. 2025 гъэм и япэ мазищым хьэлъэу ирашар тонн мини 119,8-рэ мэхъу, ауэ проценти 2,1-кIэ ар нэхъ мащIэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ. Мы гъэм и щIышылэ - гъатхэпэ мазэхэм гъущI гъуэгумкIэ ягъэIэпхъуащ ухуэныгъэ материалу тонн мини 108,2-рэ икIи 2024 гъэм и апхуэдэ пIалъэм нэхърэ проценти 2,7-кIэ нэхъыбэщ ар. ЕрыскъыхэкIыу Iурагъэшащ тонн мини 9,4-рэ. Ар процент 20,6-кIэ нэхъ мащIэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм ирихьэлIэу яхузэфIэкIам нэхърэ.
Поделиться:
Читать также:
05.03.2026 - 12:14 →
ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ ящIынущ
05.03.2026 - 12:11 →
Пщащэ набдзэгубдзаплъэ
04.03.2026 - 15:25 →
Нэгъабэрейм къыкIэроху
04.03.2026 - 13:19 →
Къалэм уиутIыпщыркъым
03.03.2026 - 13:24 →
Куэд къызэщIеубыдэ
| ||





