Анэмрэ бынымрэ![]() Иужьрей зэманым интернетым къыщрахьэкI ныбэрылъымрэ анэмрэ я зыпыщIэныгъэм теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэн. Дызэрыщыгъуазэщи, ныбэ ихъуа сабийр хэхъуэн, зиужьын папщIэ анэр абы лъырэ къупщхьэкIэ догуашэ. Ауэ, иужьрей къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, жыпIэ хъунущ ныбэрылъри анэм дэIэпыкъуу. КъызэрыщIэкIымкIэ, сабийр зэрызэпкърылъ налъэхэм щыщ анэм и Iэпкълъэпкъым макIуэ бынжэмкIэ. А налъэхэр куэд мыхъуми, анэр узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм щахъумэ, псом хуэмыдэу къупщхьэ узым. ГъэщIэгъуэнращи, и сабийм къыпкърыкIа налъэхэр анэм и Iэпкълъэпкъым зэи имыкIыжу къонэ. Анэр псэуху и быным къыпкърыкIа налъэхэр илъынущ и гум, щхьэм, тхьэмбылым. Аращ анэмрэ бынымрэ гурэ псэкIэ щIызэрыщIэр, зым гузэвэгъуэ гуэр къыщыщIамэ, адрейм ар щIызыхищIэр.
Поделиться:
Читать также:
11.05.2025 - 16:59 →
Зы мафIэгум зэдисахэм я хъыбар
11.05.2025 - 12:56 →
Узыншагъэмрэ дахагъэмрэ я IэщIагъэлIхэр
11.05.2025 - 10:53 →
Хэкум зи псэр щIэзыта Джэрыджэ зэкъуэшхэр
10.05.2025 - 12:47 →
Яхэтащ Европэр хуит къэзыщIыжахэм
06.05.2025 - 12:05 →
Псори цIыхум и тыншыпIэрщ зыхуэщIар
|