Дамыгъэ нэхъыщхьэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ 2010 гъэм щегъэжьауэ Адыгэ ныпым и махуэр мэлыжьыхьым и 25-м щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм. Апхуэдэуи ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэрал 50-м щIигъум бэракъым и махуэр щаIэт. БлэкIа илъэс зыбжанэм къриубыдэу мы махуэшхуэм лъэпкъ, дунейпсо мыхьэнэ иIэ хъуащ. Ар и нэщэнэщ зэгуэрым зэбгрыпхъа хъуа адыгэ лъэпкъыр нобэ нэхъ гъунэгъу зэрызэхуэхъужым, щIалэгъуалэр къызыхэкIам и тхыдэм зэрыдихьэхым. Ныпым и къежьапIэ хъуам, абы лъэпкъым дежкIэ иIэ мыхьэнэм, нобэ адыгэ ныпым хуащI пщIэм теухуауэ дызыщыгъуазэ псори щызэхуэтхьэсащ мы тхыгъэм.

И хъыбар къыщащIар

Адыгэ ныпым и гугъу япэ дыдэ зыщIар инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмундщ. «Шэрджэс щIыналъэм сызэрыкIуар» жыхуиIэ тхылъым абы къыщиIуэта гупсысэхэм тетхыхьащ адыгэ тхакIуэ Къуиикъуэ Асфар. 

А гукъэкIыжхэр 1839 гъэм тхылъ щхьэхуэу Лондон къыщыдэкIауэ щытащ. Япэ напэкIуэцIым щхъуэкIэплъыкIэу къыщыгъэлъэгъуа адыгэ ныпым тепсэлъыхьурэ, Спенсер етх: «Iэтащхьэ къэсар къезыгъэблагъэ фоч уэ макъхэр зэрыувыIэу, екIуу хуэпа зауэлI мин шууэ къытпежьэри, асыхьэтым шэрджэс щIалэ бжьыфIэ гупым дыкъаухъуреихьащ. Языныкъуэхэр къызэрыгуэкIыу, мэкъумэшыщIэхэм ещхьу хуэпат, адрейхэм Iэщэ-фащэр къакIэрылыдыкIырт. Абдежым Хъерсыс СулътIан зи цIэ тхьэмадэ махуэм къыщызэкIуэцIихащ Истамбыл къраха, Тыркум пщIэшхуэ щызиIэ пщы гуащэм IэкIуэлъакIуэу хидыкIа нып дахащэр. Апхуэдизу зыщIэхъуэпс лъэпкъ бэракъыр къызэралъагъуу, а цIыху къомым я гум из хъуауэ къыщыпкI гуфIэгъуэр нэхъри щIиIэтэу джатэ мин уафэм хуэгъэзауэ дыгъэм пэлыдащ».

Вагъуэхэмрэ шабзэхэмрэ

Адыгэ ныпым тет дамыгъэхэм къэхутакIуэхэр зэтемыхуэу топсэлъыхь. Языныкъуэхэм ар адыгэ лъэпкъ пщыкIутIым я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэу ябж. Адрейхэм ахэр ЩIыми, Уафэми, Псыми щыIэрыхуэ Лъэпщ и шабзэшэхэм я дамыгъэу къалъытэ. Ауэ ныпым щIэлъ гупсысэ куум улъэIэсын папщIэ, аргуэру тхыдэм гъэзэжыпхъэщ.

Домбеякъ лъэхъэнэм хиубыдэу хьэтхэм къащIэна фэеплъхэм захуэбгъазэмэ, нэрылъагъу мэхъу адыгэ бэракъым и зэхэлъыкIэми и купщIэми адыгэ-хьэт дамыгъэхэр я лъабжьэу зэрыщытыр. Гъуаплъэм, домбеякъым, дыщэм къыхэщIыкIа хьэт дамыгъэ хъурейхэр ди   эрэм и пэкIэ минитI гъэхэм щыIа Аладжэ Хъукъуэ щэнхабзэм хеубыдэ. А лъэхъэнэр археологхэм Мейкъуапэ щэнхабзэм ирапх. Абырэ Хьэт пащтыхьыгъуэм дыгъэр и лъабжьэу яIа дамыгъэ зэпрыдзымрэ тещIыхьауэ жыпIэ хъунущ XIX лIэщIыгъуэм «къагъэщIэрэщIэжа» адыгэ ныпыр. Дыгъэм и къэухь узыIуплъэм вагъуибгъу тету дамыгъэ хъурей ирокIуэ. Ику ит къэухьым вагъуэ цIыкIуий итщ. Шабзищ зэблэдзам хьэтхэм я дамыгъэ зэбгъузэнатIэр нэхъ зэщIэкъуауэ къегъэлъагъуэ: мамырыгъэм, мэкъумэшым теухуар IуагъэкIуэтри, шабзэшэхэм я теплъэ папцIэхэмкIэ зауэм пыщIа Iыхьэр нэхъ къыхагъэщащ.

Мейкъуапэ щэнхабзэми ехьэлIащ

УпщIэ къоув: дауэ XIX лIэщIыгъуэм Мейкъуапэ щэнхабзэмрэ анадолэрыс алыджхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ зэрызэлъэIэсар? Абы и жэуапыр тхыгъэжьхэм къыбжаIэфынущ. Псалъэм папщIэ, XX лIэщIыгъуэм къагъуэтыжа Кархемих къраха гъущIым тетхам къраджыкIащ «атхэмрэ хьэтхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм икIыу Азие ЦIыкIум зэрыIэпхъуар». КъищынэмыщIауэ, Псыкупсэ къыхэлъадэ Хьэтыпс деж къыщагъуэтыжащ кхъуэщынхэм я убыдыпIэм тегъэуа мейкъуапэ-хьэт дамыгъэхэр.

Лъэпкъ псом къызэдащтауи, лIакъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэуи адыгэхэм нып зыбжанэ зэрахьауэ къыхощ тхыдэм. Ауэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэу къанэр адыгэхэм 1830 гъэм къаIэта, я Хэкур щахъумэжым зи лъабжьэ щIэува ныпращ.

Ныпым и мыхьэнэр ноби инщ

Иужьрей илъэс 20-м адыгэ ныпыр Кавказым исхэми хэхэс адыгэхэм я дежкIи лъэпкъ дамыгъэ нэхъыщхьэ хъуащ. Нобэ ар щыдолъагъу автобусхэм, щыгъынхэм, сыхьэтхэм, нэгъуэщI куэдми къыкIэрыщу. А ныпыр щамыIыгъ зы адыгэ хьэгъуэлIыгъуи екIуэкIыркъым.

Дамыгъэм и дахагъымрэ гуакIуагъымрэ щызыхэпщIэр УФ-м и хэгъэгухэм я езанэ дамыгъэр зезыхьэ Адыгэ Республикэращ. Къэрал IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэм я унащхьэхэм щохуарзэ республикэм и къэрал ныпыр – адыгэ ныпыр.

Адыгэхэр щыпсэу дэнэ хэгъэгуи къэрали щагъэлъапIэ ныпым и махуэр. Абы епха дауэдапщэхэр къыщызэрагъэпэщ щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм, курыт еджапIэхэм, сабий гъэсапIэхэм, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм, хасэ къудамэхэм, йокIуэкI зэпеуэхэр, фестивалхэр.

Нобэ ди ныпым и къалэныр нэсу игъэзащIэу къэплъытэ хъунущ. Псэкупсэ гъэсэныгъэм деж щегъэжьауэ лIыгъэщIапIэ иувэ цIыхухъум и гум, и псэм хэлъщ ныпыр. Щапхъэу къэбгъэлъагъуэ хъунущ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIэ адыгэ щIалэхэм я дзэ фащэхэм, пыIэхэм ар зэрытетыр. КъытIэрыхьэ сурэтхэмрэ видеохэмкIэ долъагъу щIалэхэм я бгъэгум тет нып удзыфэр - абы зауэлIхэм къарурэ хахуагърэ къахелъхьэ, ныпым зауэ губгъуэм ит зэкъуэшхэр зэрегъащIэ, я гур къызэрегъэгъуэтыж, абы ди щхьэр лъагэу дегъэлъагъуж, ди щIалэхэм я лIыгъэм дызэрыригушхуэр нэхъри еIэт.

НэщIэпыджэ Замирэ.

 

Поделиться: