Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыдигъэкIа унафэ №183-ПП-м и 2-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ 2025 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м Налшык къалэ №46-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм шыщхьэуIум и 1-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и IуэхукIэ» къыдигъэкIа унафэ №183-ПП-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, 2-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхауэ: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм зыфIэкI мыхъуну цIыху бжыгъэр 83-рэ (абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр яхэту) икIи къулыкъукIэ я улахуэхэмкIэ я лэжьапщIэ мазэ фондыр сом мин 1031,350-рэ хъууэ гъэувын. Абыхэм: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал граждан къулыкъущIэхэу 56-рэ къулыкъукIэ я улахуэхэмкIэ я лэжьапIэ мазэ фондыр сом мин 806,133-рэ хъууэ, абыхэм пщэрылъ щащIа полномочиехэр пхагъэкIын папщIэ федеральнэ бюджетым къикIыу къаутIыпща субвенцэхэм я хьэкъкIэ къулыкъукIэ я улахуэхэр лэжьапщIэхэмкIэ я мазэ фондыр сом мин 69,451 хъууэ яIыгъхэри яхэту; Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2007 гъэм шыщхьэуIум и 8-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм я лэжьакIуэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал граждан IэнатIэм хыхьэ къулыкъухэу щымыт IэнатIэхэр щызыIыгъхэм я лэжьыгъэм пэкIуэр етыным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №55-УП-м ипкъ иткIэ лэжьапщIэ зрат цIыху 14, къулыкъукIэ я улахуэхэмкIэ я лэжьапщIэм и мазэ фондыр сом мин 92,016-рэ хъууэ; лэжьапщIэ зэрат нэгъуэщI пщалъэхэм тету улахуэхэр зрат цIыху 12, къулыкъукIэ я улахуэхэм я лэжьапщIэм и мазэ фондыр сом мин 53,1052-рэ хъууэ.». Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2026 - 13:09 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
17.04.2026 - 11:08 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
17.04.2026 - 10:50 →
Я псэр зы чысэм илът
17.04.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
16.04.2026 - 16:19 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ ИУНАФЭ
| ||





