ЗэпыщIэныгъэр къызыпэкIуарСэхьиб-Джэрий адыгэхэм я щIыналъэр иубыду Дагъыстэнымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ зэпрыкIыбжэ ищIын мурадкIэ, 1540 гъэм дзэшхуэ къызэрегъэпэщри, Урысеймрэ адыгэхэмрэ къатоуэ. А тхыдэ Iуэхугъуэм тетхыхьащ профессор Дзэмыхь Къасболэт. Нобэ тыдодзэ абы и IэдакъэщIэкIым щыщ пычыгъуэ. «1545 гъэм и закъуэ ар Шэрджэсым тIэу къохьэ: гъатхэм къухьэпIэмкIэ щыпсэу адыгэхэм, бжьыхьэм къэбэрдейхэм я щIыналъэхэм. Щхьэусыгъуэрэ фIэгъэнапIэу ищIар жанеипщ Къанщокъуэм хуагъэувауэ щыта тыгъэр зэрыримытарщ. Кърымхэм нэхъыбэу къагъэсэбэпар уэсмэнхэм кърата топхэмрэ гынжьей фочхэмрэщ. Адыгэхэм Кърымым иIэ Iэщэм хуэдэ зэрамыIэм и закъуэкъым къащIытекIуар, атIэ ахэр псори зэрызэкъуэмыуварщ. 1545 гъэм жанейхэм шу мини 10 ягъэшэсауэ аращ. Кърымхэр абыхэм нэхърэ хуэдиплIкIэ нэхъыбэт. Тхыгъэ зэхуэмыдэ щыIэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, а лъэхъэнэм езы адыгэхэми зэныкъуэкъужу щIадзат. Языныкъуэхэм кърымхэм я деж дэIэпыкъуэгъу къыщалъыхъуэрт. Хьэжы-Реммал и тхыгъэхэмрэ къиIуэтэжауэ щытахэмрэ къазэрыхэщыжымкIэ, 1551 гъэм Сэхьиб-Джэрий хьэтыкъуейхэмрэ бжьэдыгъухэмрэ ятеуащ. Абы къикIыжа нэужь, ар яукI. Абы и пIэкIэ Истамбыл кърагъэкIри ягъэув Долэт-Джэрий. XV лIэщIыгъуэм и кIэм Орда Инымрэ кърым хъаныгъуэмрэ япэщIэувэу абыхэм ебэнын папщIэ ирагъэкIуэкIа къэрал щIыб политикэм адыгэхэмрэ урысхэмрэ гъунэгъу зэхуищI къудей мыхъуу, абы къигъэщIащ XVI лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэр. Ди деж къэса дэфтэрхэм къагъэлъагъуэ адыгэхэр кърым-уэсмэнхэм зэрапэщIэтар, ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм и инагъыр, гуащIагъыр, зауэлIрэ Iэщэу яIар, щIыуэ яIыгъамрэ абыхэм я гъунапкъэхэр здынэсу щытамрэ. Адыгэхэм фIы дыдэу къагурыIуэрт урыс къэралыгъуэр бгъэбыдэмэ, ар лъэщ хъумэ, кърым хъанхэмрэ уэсмэн сулътIанхэмрэ абы къызэригъэувыIэфынур. XVI лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ XVII лIэщIыгъуэр иухыху Кавказ Ищхъэрэм я лъэр щагъэувыным щхьэкIэ хуабжьу зэныкъуэкъуащ Персымрэ Тыркумрэ. А зэманым къриубыдэу абыхэм зауэ мащIи ирагъэкIуэкIакъым. Урыс къэралыр а тIум я Iуэхум хэIэбакъым. Ахэр зэрышхыху, езым и лъэр хуэм-хуэмурэ, тIэкIу-тIэкIуурэ Кавказ Ищхъэрэм щигъэбыдащ. Урыс къэралым и жьауэм щIэуващ Ищхъэрэ Поволжьер, зэфIэкI зиIэ, мылъкукIэ хуэщIа нэгъуейхэмрэ адыгэхэмрэ. Ар я гум техуэртэкъым икIи абы хуабжьу игъэпIейтейрт Тыркумрэ Кърым хъаныгъуэмрэ. Япэ урыс-адыгэ зэгурыIуэныгъэхэм Iэ традзауэ щытащ 1552 гъэм. Абы къыщыщIидзэри, гъуэгуанэ кIыхь къикIуащ урыс-адыгэ зэпыщIэныгъэхэр зэтеувэным, иужьым ар иухащ Урыс къэралым Кавказ Ищхъэрэр хэгъэхьэным пыщIа IуэхумкIэ. Ауэ адыгэхэр зытеува гъуэгур сыт щыгъуи захуэу, хуиту, къэгъэшыпIи щыхупIи имыIэу екIуэкIауэ пхужыIэнукъым. Къэхъуащ ахэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу щызэдэпсэуаи, щызэгурымыIуаи, щызэпэувыжаи, икIэм-икIэжым, дзэшхуэ къришэу зауэ гуащIэ икIи хьэлъэ къащрищIэкIаи. 1552 – 1555 гъэхэм жанеймрэ беслъэнеймрэ пщыгъэр щызыIыгъахэм ящыщ гуп зэгурыIуэри, урыс пащтыхьым и лIыкIуэхэм лъэIу тхылъкIэ зыхуагъэзащ урыс пащтыхьыр къадэIэпыкъуну, абы и жьауэм, и дамэм щIигъэувэну. Абдежым къыщыщIедзэ къуэкIыпIэ адыгэхэмрэ урысхэмрэ зэгъунэгъу хъуным. Адыгэхэм Къэзан (1552 гъ.), Астрэхъан (1556 гъ.) хъанхэм я дзэхэр хагъащIэу ахэр я лъахэм ирахужа нэужь, урыс къэралым адыгэхэр гъусэ къахуэхъуну къелъытэри, абыхэм я лъэIур егъэзащIэ. А лъэхъэнэм Долэт-Джэрий Урысейм дзэшхуэ къришэну зигъэхьэзырырт. Ауэ хъаныр адыгэхэм къатоуэ. 1555 гъэм жанеипщ Сибокъуэ я унафэщIу адыгэ лIыкIуэхэр Москва макIуэ. Абыхэм яхэтт Сибокъуэ и къуэ Къудэдыкъуэ, и къуэш Ацымгъукъуэ, абазэпщ Тутэрыкъуэ сымэ. Щепотьев Андрей урыс пащтыхьым жриIащ адыгэхэр пэжу къабгъэдэтыну я щIымкIэ тхьэ зэраIуар. Пащтыхьым ар и гуапэ хъуащ икIи пщIэшхуэ къахуищIащ адыгэ лIыкIуэхэм. Ахэр хуит ищIащ щыхуейм деж Москва къэкIуэну, кIуэжыну, пащтыхьыдзэм къулыкъу щащIэну. Улахуэ хъарзыни яхуигъэуващ. Тутэрыкъуэрэ Къудэдыкъуэрэ чыристэн диныр къащтэри, урысыдзэм хыхьащ. Иванрэ Александррэ къыфIащащ. Урыс къэралым фIы дыдэу ищIэрт кърымыдзэм и къарухэм ящыщу адыгэхэм дапщэ яубыдми. Урыс пащтыхьым къуэкIыпIэ адыгэхэм къажриIащ кърым хъаныр къатеуэмэ, къазэрыщыжынур, ауэ Тыркум щхьэкIэ зыкIи къигъэгугъакъым. Зэпсэлъэныгъэхэм япкъ иткIэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Абы къигъэувырт адыгэхэм урыс къэралым адыгэшу мин иратын, зауэ къэхъумэ, шу мин 20 ягъэшэсын хуейуэ. Москва адыгэхэм яхуиIэ хъуа ныбжьэгъугъэм и фIыгъи къекIыжырт. Иджы абы езыр зэрыхуейм хуэдэу иухуэрт Кърымым хуиIэ щытыкIэр. 1555 гъэм Кърымыр Кавказ Ищхъэрэм къихьауэ хъыбар зэрызэхихыу, урыс пащтыхьым унафэ ищIри, кърым улусхэм япэувыну зауэлI мин 13-м щIигъу хъууэ дзэшхуэ къигъэкIуащ, дзэзешэ Шереметьевыр я пашэу. Тэтэрхэр адыгэхэм я щIым ирахужащ. Апхуэдэу зэгурыIуэныгъэм къигъэув Iуэхугъуэхэр гъэзэщIэн щIадзащ. 1556 гъэм кърым хъаныр Псыхуабэ къедза щIыналъэм ис адыгэхэм ятеуэну ежьащ, ауэ Днепр псым и Iуфэм Iус Ислам Кермен жылагъуэм деж Ржев дзэзешэм и отрядыр нэсауэ къазэрыпэувыным хуэдэу хьэзыру къапэплъэу зэрыщытыр щызэхихым, ягъэзэжащ. А гъэ дыдэм и бжьыхьэм жанеипщ Сибокъуэ Къанщокъуэрэ Таздруийрэ Темрыкъуэ, Тэман быдапIэхэр яубыдащ. Днепр деж урысхэмрэ адыгэхэмрэ зэгъусэу щрагъэкIуэкIа зауэм IуэхугъуэфIхэр къахуишащ: тырку сулътIаным Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм яхуэгъэзауэ илэжьыну и мурада Iуэхухэр пIалъэ кIыхькIэ зэпыуда хъуащ, урысхэми Астрахъан къазэури, ар я щIыналъэм хагъэхьащ. Адыгэхэмрэ урысхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр кIуэ пэтми нэхъ быдэ, лъэщ хъурт. Абы лъэныкъуитIми я фейдэ хэлът. Зэгъусэу кърымхэмрэ тыркухэмрэ езауэрт, хагъащIэрт, я щхьэр кърагъэIэтыртэкъым, зрагъэубгъуртэкъым. 1561 гъэм урысхэмрэ адыгэхэмрэ зэгъусэу Дон псым тету ехыурэ Кафэ нос, абдеж щыт быдапIэхэр зэтракъутащ, кърымхэмрэ тыркухэмрэ зэрыгушхуэ Кафи къащтащ. Абы щыгъуэм Польшэм и пащтыхь Сигизмунд-Август Кърым хъаным жриIащ Мэзкуурэ адыгэхэмрэ зэгъусэмэ, уазэрыпэмылъэщынур икIи елъэIуащ а тIур зэкъуичыну. Долэт-Джэрий урысхэмрэ адыгэхэмрэ щIэх-щIэхыурэ ятеуэу щIидзащ. Польшэм и пащтыхьыр зэпымыууэ абы къыдэIэпыкъурт. Мэзкуу къуэкIыпIэ адыгэхэм яхуиIэ пыщIэныгъэр тIэкIу-тIэкIуурэ къотIасхъэ, иужьым, зэкъуачыпэ. Роман ипхъу урыс пащтыхь гуащэ Анастасие лIа нэужь, Иуан IV пащтыхьым 1560 гъэм, Урысейм и Iуэхур дэкIын папщIэ, Европэм пащтыхьыгъуэр щызыIыгъхэмрэ адыгэпщ цIэрыIуэхэмрэ благъагъэкIэ ябгъэдэувэну мурад ещI. ЛIыкIуэхэр егъакIуэ Польшэм, абы и пащтыхь Сигизмунд-Август и шыпхъум деж. Швецием и пащтыхь Густав ипхъухэм ящыщ зыми лъыхъуауэ щытащ, Къэбэрдейм и пщы уэлий Идар Темрыкъуэ деж Вокширин Фёдор, КъуэкIыпIэ Шэрджэсым Сукин Борис сымэ иутIыпщащ лIыкIуэ-лъыхъуу... Псоми зэрытщIэщи, 1560 гъэм урыс пащтыхь Иуан ЕплIанэм, Урысейм и Iуэхур дэкIын папщIэ, благъагъэ зэпыщIэныгъэхэр къигъэсэбэпын мурадкIэ кърихьэжьа Iуэхугъуэхэр, езыр зэрыхуейм хуэдэу, щызэтеувауэ щытар Къэбэрдейм и закъуэщ. Ар зэфIэкIа нэужь, урыс правительствэмрэ къуэкIыпIэ шэрджэсхэмрэ зэпищIэну зи пщэ иралъхьа Вишневецкий Дмитрий Польшэм и пащтыхь Сигизмунд-Август ЕтIуанэм деж кIуащ. Кърым хъаныр хущIэкъурт КъуэкIыпIэ Шэрджэсыр иубыдыну. Польшэм и пащтыхьыр абы дэщIырт икIи щыхуейм деж дэIэпыкъуну хьэзырт. А Iуэхум фIыуэ щыгъуазэ пщыхэу Шыбокъуэрэ Къаныкъуэрэ Кърымым ягъэкIуащ абы и пащтыхьым «Шэрджэс къэралыгъуэм щхьэкIэ елъэIуну». Тэман хытIыгуныкъуэм пэмыжыжьэу псэуа жанейхэмрэ къуэкIыпIэ адыгэхэмрэ Кърым хъанымрэ Тыркумрэ я жьауэм щIэтмэ нэхъ къащтэрт. Ауэ къухьэпIэмкIэ щыпсэуа шэрджэсхэм я нэхъыбэм къэралищми – Тыркуми, Кърымми, Урысейми – я щхьэр хуагъэщхъын ядакъым». Зыгъэхьэзырар Дохъушокъуэ Синэщ.
Поделиться:
Читать также:
06.05.2025 - 14:29 →
Лъэныкъуэ куэд къызэщIиубыдэрт
06.05.2025 - 13:23 →
ЗэфIигъэкIар мащIэкъым
05.05.2025 - 16:14 →
Зы цIыхуми елъытащ
05.05.2025 - 14:33 →
Си анэм сеупщIыжынущ
05.05.2025 - 13:27 →
Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэ
|