Мэлыжьыхьым и 25, мэрем
♦Техьэгъуэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
♦ДНК-м и дунейпсо махуэщ
♦Адыгэ ныпым и махуэщ
♦1920 гъэм Налшык япэ медицинэ IуэхущIапIэ къыщызэIуахащ.
♦1913 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Лъостэн Исуф.
♦1944 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къуэдз Iэбубэчыр.
♦1953 гъэм къалъхуащ КъШР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Щэрмэт Людмилэ.
♦1954 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, къэрал лэжьакIуэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 - 19, жэщым градус 12 - 15 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Насыпыр Iыхьэ мыгуэшщ.