Адыгэ ныпым и махуэр зэдагъэлъапIэАдыгэ ныпым и махуэшхуэр мэлыжьыхьым и 25-м дуней псом щагъэлъапIэ. Иужьрей илъэсхэм махуэшхуэр щIалэгъуалэм ягъэлъапIэ зэрыхъуар, а Iуэхур нэхъыжьхэми зэрыдаIыгъыр гуапэщ. Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэ хъуа Адыгэ ныпыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ комитетым и жэрдэмкIэ къащтауэ 2010 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. Адыгэ ныпым и гугъу япэ дыдэ зыщIар инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмундщ. Абы и гукъэкIыжхэр 1839 гъэм тхылъ щхьэхуэу Лондон къыщыдэкIауэ щытащ. Япэ напэкIуэцIым щхъуэкIэплъыкIэу къыщыгъэлъэгъуа адыгэ ныпым тепсэлъыхьу, Спенсер етх: «Iэтащхьэ къэсар къезыгъэблагъэ фоч уэ макъхэр зэрыувыIэу, екIуу хуэпа зауэлI мин шууэ къытпежьэри, асыхьэтым шэрджэс щIалэ бжьыфIэ гупым дыкъаухъуреихьащ. Языныкъуэхэр къызэрыгуэкIыу, мэкъумэшыщIэхэм ещхьу хуэпат, адрейхэм Iэщэ-фащэр къакIэрылыдыкIырт. Абдежым Хъерсыс СулътIан зи цIэ тхьэмадэ махуэм къыщызэкIуэцIихащ Истамбыл къраха, Тыркум пщIэшхуэ щызиIэ пщы гуащэм IэкIуэлъакIуэу хидыкIа нып дахащэр. Апхуэдизу зыщIэхъуэпс лъэпкъ ныпыр къызэралъагъуу, а цIыху къомым я гум из хъуауэ къыщыпкI гуфIэгъуэр нэхъри щIиIэтэу, джатэ мин уафэм хуэгъэзарэ дыгъэм пэлыдащ». Ныпым цIыхухэр зэкъуэтыныгъэм къыхуреджэ, хабзэ, нэмыс яхэлъыным, нэхъыжьхэм пщIэ, нэхъыщIэхэм гулъытэ яхуэщIыным хуеущий. Ныпым и махуэр щагъэлъапIэкIэ, мы Iуэхум адыгэ фащэ екIур ящыгъыу ини цIыкIуи хэтщ, я нэгум гуфIэгъуэрэ гушхуэныгъэрэ къищу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ мы махуэм пшыхьхэр, концертхэр, джэгухэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, шыгъажэхэр щрагъэкIуэкI, цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм, сурэтыщIхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр ягъэлъагъуэ.
Поделиться:
Читать также:
11.05.2025 - 16:59 →
Зы мафIэгум зэдисахэм я хъыбар
11.05.2025 - 12:56 →
Узыншагъэмрэ дахагъэмрэ я IэщIагъэлIхэр
11.05.2025 - 10:53 →
Хэкум зи псэр щIэзыта Джэрыджэ зэкъуэшхэр
10.05.2025 - 12:47 →
Яхэтащ Европэр хуит къэзыщIыжахэм
06.05.2025 - 12:05 →
Псори цIыхум и тыншыпIэрщ зыхуэщIар
|