КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и хэхыгъуэщIэм хэтхэм![]() КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и еплIанэ хэхыгъуэм и япэ пленар зэIущIэм. Республикэм и унафэщIыр чэнджэщэгъу органым хэтхэм ехъуэхъуащ еплIанэ хэхыгъуэр тэмэму къызэрызэрагъэпэщамкIэ икIи адэкIэ лэжьыгъэфI яIэну зэригуапэр къыхигъэщащ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм къыхигъэщхьэхукIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я сэбэп зыхэлъхэр хъумэнымкIэ, щIыналъэм и стратегие зыужьыныгъэм, зэпIэзэрытыныгъэм, зэгурыIуэныгъэм хуэгъэза къалэн инхэр гъэзэщIэнымкIэ, жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэм и системэ тэмэм зэтегъэувэнымкIэ, цIыхухэмрэ властым и къэрал органхэмрэ я зэпыщIэныгъэр убзыхунымкIэ палатэм къалэн хэха зэригъэзащIэр.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2026 - 10:47 →
Къэрал мылъкур зэрызэрагъэзахуэр
01.05.2026 - 09:11 →
Зыужьыныгъэм и тегъэщIапIэхэр
18.04.2026 - 12:00 →
Къэрал Думэм жэрдэмыр къыщыдаIыгъ
11.04.2026 - 11:12 →
ЩIыхэр зэрагъэзахуэ
28.03.2026 - 11:00 →
«Урысей зэкъуэтым» къепщытэж
| ||





