Псэр и закъуэ къыщынэм дежЗэкия Симазэ къыжриIар ищIэжти, бжэм бгъэдыхьэурэ ищIэм еплъырт. Симазэ сурэт IэмыщIэ иIыгъыу зэпиплъыхьырт, зыгуэрхэри тритхэрт. Зыхуихьынур имыщIэу, Закия тIэу-щэ унэм щIэплъащ. Иужьрейуэ бжэр щыIуихам, Симазэ пIэм зыщигъэукIурияуэ тхылъ еджэ хуэдэу щылът. Пэшым хуэму щыщIыхьам, Симазэ жейм хилъэфауэ фIэкIа пщIэнтэкъым. Хубэ щытрипIэм, «уэра ар?», жиIэри и нэр къызэтрихащ. Зэкия Симазэ и щхьэм телъэщIыхьу тIэкIурэ щысауэ, Симазэ зыкъиIэтри, и анэм IэплIэ къыхуищIащ. «КхъыIэ, ущIэмыкIыжу къызбгъэдэс», - здыжиIэм, Симазэ и псэр хэкIащ. Анэм гужьеяуэ Симазэ и щхьэр щхьэнтэм трилъхьэри, унэм щIэжыну хуежьат, ауэ Симазэ къызэрелъэIуар игу къэкIыжри, къигъэзэжащ. ГуIэу ипхъу тхьэмыщкIэм щхьэщысу, Ибрэхьими къыдыхьэжащ. Къапэщылъыр ящIэ пэтми, хьэлъэт лIэныгъэр зи ишэгъуэ дахэ хъуа пщащэм хуэпхьыну. ЗэлI-зэфызым къахукъуэкIа гуауэр хьэлъэт. ТIури зэщыджэу гъыуэ Элиф къыдыхьэжащ. УнэмкIэ гъы макъ къыщIэIукIым къыгуригъэIуащ и шыпхъу закъуэр афIэкIа зэримылъагъужынур. Пэшым щIыхьэри, адэ-анэм и IитIыр ятрилъхьэри щыми Симазэ тхьэмыщкIэр ягъеижащ. Пщыхьэщхьэм къуажэ гъуор уэрамым дыхьэри, Гъуазэ Ибрэхьим ипхъу Симазэ зэрыщымыIэжыр, пщэдей зэрыщIалъхьэнум и хъыбар жылэм яригъэщIащ. Къуажэм сымыкIуэжу иджыри зы мазэм щигъукIэ къалэм сыдэсащ. - Адэ-анэр мэгузавэ, щхьэ унэмыкIуэжрэ? - жиIэу си къуэш нэхъыжь Эмрей къыщызжиIэм сыкIуэжащ. Тыкуэным сыздыблэкIыжым Элиф къэслъэгъуащ, уеблэмэ къысщыхъуащ ар зэжьэр сэрауэ. Абы IэлъэщI фIыцIэ телът, гукъыдэж зэримыIэри плъагъурт. - Алий, уэрат сэ къэслъыхъуэр, дызэпсалъэ хъуну? - щыжиIэм, - Хъунущ, Элиф, дауэ фыщытхэ? - Алий, сэ уэ укъэслъыхъуэу куэдрэ сыкъыIухьащ тыкуэн бжэIупэм. «Симазэ дауэ щыт?» жыпIэу ущIэупщIэркъыми? Дауи, уи жагъуэ къищIащ, ауэ ар езыри зыхуэмей Iуэхуу къэхъуащ. ПщIэрэ, Симазэ зэрысабийрэ сымаджэт, щIыIэ хыхьэри и гур къеуз хъуауэ. Дохутырхэм хъужыну зэи къагъэгугъакъым, ин хъумэ, и гум имышэчыну аращ сыт щыгъуи къыжраIар. Сэ сфIэгъэщIэгъуэну седаIуэрт, жиIэну зыхуейм сыпэплъэу. Симазэ сэ зэрысцIыхурэ апхуэдэ лъэпкъ дэслъэгъуатэкъым. - ИлъэситIкIэ Къайсэр къалэм дыщыкIуам, нэхъыбэм Симазэ сымаджэщым щIэлъауэ аращ. Ар зигъусэу плъэгъуа щIалэр ди анэ шыпхъум и къуэщ, и цIэр Яшарщ. Абыхэм я дежщ дыздэщыIар. Иужь дыдэу фыщызэхуэзам Симазэ къару иIэтэкъым и узыфэр къыбжиIэну. Куэд къызэримыгъэщIэжынур къыбжиIэу, уэри уи жагъуэ ищIыну хуейтэкъым. - Куэдрэ егупсысащ, зэрысымаджэр, ущыгугъ зэрымыхъунур къызэрыбжиIэнум, и чэнджэщ къызихьэлIати, Яшар и гъусэу укъилъагъумэ, и гур зэщыуэнщ, жытIэри къэдгупсысат. Дизэригугъам хуэдэуи хъуащ. Иджы Симазэ диIэжкъым, мазэрэ ныкъуэрэ мэхъу абы лъандэрэ, мыри фэеплъу къуитыжащ хэкум къыздрахауэ, - жиIэри Симазэ и сурэтищ къысIэщIилъхьащ. Акъылым хузэгъэзахуэртэкъым Симазэ щымыIэжу, симыIэжу. Элиф къысIэщIилъхьа сурэтым Симазэ итщ, къызэзгъэдзэкIрэ сеплъмэ: «Алий, мыр си фэеплъу зехьэ. КхъыIэ, къысхуэгъэгъу уи жагъуэ зэрысщIар». Псэм къытегъуалъхьэ гуIэгъуэр си щхьэм нэсу хуожьэ. Ар дауэ? Ар щхьэ сэ къысщыщIа? Дуней сызытетыр мэункIыфI. - Ар дауэ, ар дауэ… - си нэпсхэр схуэмыIыгъыжу къысфIыщIож, си гущхьэр зэгуоуд, макъкIэ сыкъыщиудауэ согъ. Сыкъэзылъагъуми емыкIу сыкъищIынкIэ зэрыхъунур къысфIэмыIуэхужу, сыгъуэгыу кхъэм си лъэр нэсхусащ. Элиф Симазэ и кхъащхьэм сыбгъэдишэри, езыр тIэкIу IукIуэтащ. Сэ кхъащхьэм зытезубгъуауэ си япэ лъагъуныгъэр согъеиж, зэрызыхуэзгъэгусар къысхуигъэгъунуи солъэIу. Псалъэ быдэ изот мы щIыпIэм сыщыпсэуху махуэ къэс и деж сыкъэкIуэну. Куэдрэ сыщылъа, мащIэрэ сыщылъа, Элиф къыстеIэбащ, итIанэщ мы дунейм сызэрытетыр къыщысщIэжар. Сыкъэтэджыжри зэгъусэу кхъэм дыкъыдэкIыжащ. Жэщ хъуауэщ унэм сыщекIуэлIэжар. Си щытыкIэмкIэ къагурыIащ Iуэхур зытетыр. Си адэ-анэм сэлам есхри си пэшым сыщIыхьэжащ. Си анэр ныскIэлъыщIыхьат, ауэ къыгурыIуат си псэм бэлыхьу телъыр. ЕтIуанэ махуэм си анэм хуэсIуэтэжащ Симазэ и дыуэщIым сыщIыщымыIари, зыри зэрыхэзмыщIыкIари. Анэм сыкъыгурыIуащ. - ТхьэмыщкIэ, сыту губзыгъэу къыщIэкIат, ар бгъэхъужыну яужь уихьами, зыри къикIынутэкъым. Абы уэ гугъу уригъэхьыну хуейтэкъым, аращ щIибзыщIар. ЖэнэткIэ Тхьэм игъэгуфIэ, - жиIащ си анэм. Еджэни къысфIэмыIуэхужу си лэжьапIэм илъэситхукIэ сыIутащ. Симазэ и кхъащхьэм къуажэм сыщыщыIэм деж сымыкIуауэ зы жэщи сыгъуэлъыжыркъым, ар ди къуажэдэс псоми ящIэри, абы есэжащ. Зэманым псори пщхьэщех. ЦIыхум сыпсэуащэрэт жеIэ, унагъуэ зэрыхъунум, щIэблэ дахэ къызэригъэнэнум йогупсыс. Сэри аращ. «Уи ныбжьэгъухэр псори унагъуэ хъуащ, уэри къэпшарэт», - жаIэу къызаудэкIыр. Си ныбжьэгъу Явуз къишауэ хьэгъуэлIыгъуэм дыхэту: - Нобэ къодгъэшэнущ, ди гуфIэгъуэм хэт хъыджэбзхэм щыщу уигу ирихьыр дыгъэлъагъуи, ныпхуэтшэнущ, - жаIэри, яфIэщыпсу си унафэр я IэмыщIэ иралъхьэжауэ къызожьэри зэхэсхэщ. Пэш дызыщIэсым къыщIыхьэ дэтхэнэ хъыджэбзми зы щIалэ и гъусэт. И закъуэу къыщIэбэкъуа хъыджэбзыр сигу ирихьри: - Мор хъунт,- жысIэу щезгъэлъагъум, хъыджэбзым йоупщI: - Мо ди щIалэм удэкIуэнт? – жаIэри. Сэ къызоплъри зыри щыжимыIэм, «хьэуэ къыхигъэкIакъыми», жаIэри нысхуашэ. Иджыри къэс сыщIемыджами и щхьэусыгъуэр аращ, гукъыдэж лъэпкъ сиIакъым, ауэ университетым адыгэбзэ къудамэ къыщызэIуахыу зэхэсхати, сыкъыщIэтIысхьащ. - Уи шхьэгъусэм ищIэрэ уи япэ лъэгъуныгъэр? - щIэупщIащ Нэрыс. - ЕщIэ икIи и жагъуэ ищIыркъым. Симазэ деж сызэрыкIуэр, ар хуейми хуэмейми сызэрыкIуэнур, къыгуроIуэри, сыхуэаразыщ. - Аращ си Iуэхур къызэрекIуэкIари, фызэредэIуам щхьэкIэ Тхьэр арэзы къыфхухъу! - Алий тэджри Маринэ и пIэм игъэтIысыжащ. Нэпсыр къызыщIэж нэ куэд щыплъагъурт дыщеджэ пэшым, Маринэ псом япэ иту. Апхуэдэ щIыкIэу къащIащ, къадеджэ щIалэщIэм и хъыбар гуузыр.
Поделиться:
Читать также:
12.05.2025 - 15:30 →
ЩIыхуэм дэкIуэдащ щIалэр
12.05.2025 - 12:33 →
Шыдыгъу
07.05.2025 - 15:59 →
Хьэчим щхьэ Борэн?
07.05.2025 - 09:21 →
ЗЭАНЭЗЭПХЪУР ЗОПСАЛЪЭ
30.04.2025 - 14:30 →
Хъыбар кIэщIхэр
|