ЦIыхубз щыпкъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм и ветеран, цIыхубз щыпкъэ Шэт Ларисэ Iэдэм и пхъум къыщалъхуа махуэр егъэлъа­пIэ. Абы йохъуэхъу илъэс куэдкIэ къулыкъур зыдрихьэкIахэр, нобэ лажьэхэр, фIыщIэ хуащI и зэфIэкIымкIэ къазэрыдэгуашэм пап­щIэ. 

Шэт Ларисэ КъБАССР-м и Прохладнэ районым хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм 1960 гъэм мэлыжьыхьым и 27-м къыщалъхуащ.
Япэ совет прокурор нэхъыщхьэ Курский Д. И. и цIэр зэрихьэу Саратов дэт юридическэ институтыр 1982 гъэм къиухри, Новгород областым и прокуратурэм лэжьэн щы­щIидзащ. Ар стажеру къащтащ, иужькIэ прокуратурэм и следователу, Хвойнинск рай­оным и прокурорым и дэIэпыкъуэгъуу щытащ, мызэ-мытIэу игъэзэщIащ районым и прокурорым и къалэнхэр. 
1985 гъэм и жэпуэгъуэм Шэт Ларисэ КъБАССР-м и прокуратурэм къагъэкIуэжащ, Тырныауз къалэм и прокурорым и дэIэпыкъуэгъу IэнатIэр дзыхь хуащIри. АдэкIэ къулыкъур ирихьэкIащ Прохладнэ райо­ным и прокурорым и дэIэпы­къуэгъуу, дэIэпыкъуэгъу нэхъыжьу. 
2013 гъэм и дыгъэгъазэм Ларисэ пенсэм кIуэри, зигъэ­псэхуну тIысыжащ.
Къыхэдгъэщынщи, Шэт Ларисэ институтым щеджэу ­къратащ КПСС-м и Саратов обкомым и щIыхь тхылъыр, Новгород областым и прокурорым и унафэкIэ абы и цIэр ЩIыхь пхъэбгъум иратхащ, КъБАССР-м и прокуратурэм и унафэщI къулыкъухэр зыхуэбгъэфащэ хъунухэм хагъэхьат.
Урысей Федерацэм и прокурор нэхъыщхьэм Шэт Ларисэ фIыщIэ къыхуищIащ, къратащ «За верность закону» 1-нэ нагъыщэр,  «Прокуратурэм и ветеран» медалыр. Мызэ-мытIэу республикэм и прокурорым гулъытэ къыхуищIащ и къалэныр щапхъэ пылъу зэригъэзащIэм, жэрдэм зэрыхэ­лъым­рэ Iуэхур псынщIэу зэрызэфIихымрэ папщIэ. Илъэс куэдкIэ хьэлэлу зэрылэжьам щхьэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ. 
Шэт Ларисэ прокуратурэм и Ветеранхэм (пенсионерхэм) я советым хэтщи, жылагъуэ Iуэху­хэми хуэжыджэрщ.
Зи махуэшхуэр зыгъэлъапIэ Ларисэ дэри дохъуэхъу узын­шэу, и мурадхэм ялъэIэсу, щIэблэм я гъуэгугъэлъагъуэу, гъащIэм и IэфIыр зыхищIэу куэдрэ псэуну. 

Зыгъэхьэзырар УЭРДОКЪУЭ Женящ.
Поделиться: