Фэеплъ жыгхэр

КъБР-м щыIэ МВД-м дэ­лажьэ Жылагъуэ советым и жэрдэмкIэ Налшык къалэ щызэхэтащ «Фэеплъ жыг ха­дэ» щIыуэпс-хэкупсэ Iуэхур.

Налшык къалэ дэт школ-интернат №1-м щекIуэкIа акцэр хуэгъэпсат ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъумрэ Хэкум и хъумакIуэм и илъэ­сымрэ. 
 Iуэху щхьэпэм хэтащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав, абы и къуэдзэ, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Куз­нецов Константин, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэны­гъэм­кIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ МВД-м и ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ организацэм и унафэщI Пыхъ МуIэедрэ, ведомствэм и IэнатIэхэм я унафэщIхэр, полицэм и ка­-  дет классхэм щеджэхэр, ап­хуэ­дэуи интернатым и гъэсэнхэр. 
Крючков Вячеслав къыщы­псалъэм министерствэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ фэеплъ акцэр егъэкIуэкIыныр къызэрыхалъхьам папщIэ икIи къыхигъэщащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ жыгхэр хэсэныр ди къэралым и хуитыныгъэр къэзызэуа цIыхухэм я фэеплъу зэрыщытыр. 
- Хэтсэ дэтхэнэ жыгымкIи дэ зэкъудогъэувэ иджырей, къэ­кIуэну щIэблэр, нэхъыжьхэм зэрахьа лIыгъэр ящыдмыгъэгъупщэу. Ахэращ дэ ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьахэр, ди къэкIуэнум, ди къэралым, дэтхэнэ унагъуэми ди лъапIэныгъэ нэхъыщхьэ мамырыгъэр къахузэзыгъэпэщар. 
Нобэрей Iуэхум хэта дэтхэ­нэри илъэс Iэджэ дэкIа нэужь мыбы къакIуэу лIыхъужьхэм захуигъэщхъыну, абыхэм я лIыгъэр, апхуэдэуи а жыгыр езым зэгуэр зэрыхисар игу ­къигъэкIыжыну. КърырекI мы жыгхэр быдэрэ къарууфIэу - гъащIэм, фэеплъымрэ мамырыгъэмрэ я дамыгъэу! - къыхигъэщащ министрым.
- ТекIуэныгъэ Иным и илъэс 80 дгъэлъапIэр дэркIэ лъэхъэнэ псо пэлъытэщ икIи ди къалэнщ мамырыгъэм папщIэ зи гъащIэр зыта сэлэт мелуан 27-р зэи тщымыгъупщэныр, - жиIащ Езауэ Анзор.
КъБР-м щыIэ МВД-м дэ­лажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэм и къуэдзэ Бакуев Жамалрэ Пыхъ МуIэедрэ жаIащ «Фэеплъ жыг хадэ» хэкупсэ акцэр нобэрей щIэблэм нэхъыжьхэм хуащI фIы­щIэ­шхуэр къызэрагъэлъа­гъуэу зэрыщытыр. 
Къызэхуэсахэм абдежым жыгыщIэ 80 хасащ, текIуэныгъэр зэрыхъу илъэс бжыгъэм хуэкIуэу.

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться:

Читать также: