Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ

КъБКъУ-м и киноконцерт пэ­шым гукъинэжу щагъэлъэ­пIащ Адыгэ ныпым и махуэр.  Ар къызэригъэпэщащ педкол­лед­жым и егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кан­­дидат Пэщол Сэкимэ. 

Пшыхьыр езыгъэкIуэкIхэм къы­­­зэхуэсахэр щагъэгъуэзащ адыгэ ныпым и тхыдэм, абы тет шабзэхэмрэ вагъуэхэмрэ я мыхьэнэм. 
Дунейм и лъэпкъ псоми я ­дамыгъэ, адрейхэм къазэ­ры­щ­хьэщыкI нагъыщэ яIэжщ, бзэ, хабзэ, дуней тетыкIэ  жыпIэми. Адыгэ ныпыр зыщIар зэхэгъэ­кIыпауэ ящIэркъым. Языны­къуэхэм зэрыжаIэмкIэ, щэкI ­уд­зы­­фэм шабзищрэ вагъуэ     пщы­кIутIрэ щыхидыкIыу Хэкум къе­зыгъэхьар Уэсмэн империем щыпсэу адыгэ бзылъхугъэщ. ЕтIуанэ Iуэху еплъыкIэр: 1836 гъэм инджылыз тIасхъэщIэх Джон Уркварт Шэрджэс Хэкум адыгэу хъуам я нып къригъэ хьауэ жаIэж. А гъэ дыдэм Шап­сыгъым щекIуэкIа Хасэм къе­кIуэлIауэ хъуам шабзищрэ ва-      гъуэ пщыкIутIрэ зытет ныпыр Шэрджэс Хэкум и ныпу къащ­тэным арэзы техъуащ. Абы къыщыщIэдзауэ адыгэхэр а ныпым щIэту я щхьэхуитыныгъэм щIэзэуащ. 
1992 гъэм мэлыжьыхьым и        24-м Адыгэ Республикэм и нып дамыгъэу къащтащ ар. ИужькIэ, 2010 гъэм, Дунейпсо Адыгэ                  Хасэм и унафэкIэ мэлыжьы-хьым и  25-р «Адыгэ ныпым и     махуэу» ягъэуващ.
Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къэзыухъуреихь дунейм пщIэ хуащIу къокIуэкI. Дунейм         и  берычэтым  и   плъыфэ   нэ­хъыщ­хьэр щхъуантIафэращ. Арауэ жаIэ ди ныпыр  щIэудзы­фэр. Нэ­гъуэщI­хэм зэрыжаIэм-кIэ, а плъы­фэр къыщIыхахар муслъы­мэн диным и плъыфэ       нэхъыщхьэр зэрыудзыфэращ. Бэракъым тет вагъуэ 12-р шэрджэс лъэпкъ нэхъ инхэм я зырызщ. ­Зи пэр дэгъэзея шабзищ зэблэдзар зауэр гъэувыIэным, мамырыгъэр дунейм щытепщэным, зэгурыIуэныгъэм я дамыгъэт. Жы­пIэнурамэ, адыгэ лIа­къуэхэр зэкъуэзыгъэувэт ныпыр. 
Педколледжым пэщIэдзэ ­клас­­­схэм я егъэджакIуэхэр, сабий ­са­дым и гъэсакIуэхэр щагъэхьэзыр, юриспруденцэ къу­дамэхэм щеджэ и студентхэм, Сочэ къалэм щекIуэкIа «Род-       ные языки России» зэпеуэм и ­лауреат хъуа Къазий Аделинэ я пашэу, адыгэ ныпым, лъэпкъ ­лIакъуэхэм, адыгагъэм теухуауэ Бемырзэ Мухьэдин, ЩоджэнцIыкIу Нурий, АфIэунэ Лиуан, ­нэгъуэщIхэми я Iэдакъэ къы­щIэкIа усэхэм къеджа нэужь, адыгэ лIакъуэхэм (беслъэней, абазэх, кIэмыргуей, бжьэдыгъу, мамхэгъ, жэней, мэхъуэш, на­тыхъуей, убых, шапсыгъ, хьэтыкъуей, къэбэрдей) я тхыдэмрэ зыужьыкIэмрэ къытеувыIащ. КъыкIэлъыкIуэу удихьэхыу ягъэ­лъэгъуащ адыгэ хьэгъуэлIы­гъуэм щыщ унэишэ хабзэм щыщ теплъэгъуэ. Ар хъуэхъу дахэхэмкIэ, уэрэдрэ къафэхэмкIэ гъэн­щIауэ щытащ. 
- Дэтхэнэ зы лъэпкъми езым      и хабзэхэр иIэжщ, псоми зэ­дагъэзэщIэн хуейуэ. Хабзэр лъэп­къым и набдзэщ, и бзыпхъэщ, и нэмысщ. Лъэпкъыр ­фIыми Iейми къызэращIэр  аращ. Лъэпкъым хабзэфI         иIэмэ, узын­шэщ, шэч хэмылъу. Аращ дэтхэнэ зы адыгэми ар   щIищIапхъэр. «Сыадыгэщ» жы­зыIэ дэтхэнэ зыми псом япэ ­ири­гъэщыпхъэщ лъэпкъ хабзэхэр, - жиIащ Пэщол Сэкимэ. - Ныпыр - напэщ. Ныпыр къэралым, абы и цIыхухэм, лъэпкъым пщIэ зыхуищIу иIэ лъапIэныгъэ псоми я дамыгъэщ. Иджыпсту адыгэ ныпыр ди спортсменхэм дуней псом къыщаIэт, щагъэлъагъуэ, ирогушхуэ. ХьэгъуэлIыгъуэ­хэм, махуэ лъапIэхэм къыгуэ­хыпIэ зимыIэ и Iыхьэ лъапIэ ­хъуащ.
- ФIэхъус апщий, ди адыгэ лъэпкъми, гъунэгъу лъэпкъхэм ящщыщу мы зэхыхьэ дахэм кърихьэлIа дэтхэнэми! Мыпхуэдэу екIуу, удихьэхыу адыгэбзэр зыгъэбзэрабзэ щIэблэ дахэ зэрыдиIэр узыгъэгуфIэщ икIи узыгъэгушхуэщ! Мы зэхыхьэ щхьэпэр      зи жэрдэм, ар зыгъэхьэзыра Пэщол Сэкимэрэ ар зыгъэбжьы-фIа и студентхэмрэ, адыгэ лъэп­къым ди напэу ялъытэ ныпым и махуэр зыгъэлъапIэ, анэдэлъ­хубзэр зыгъэшэрыуэ, ди тхыдэм зыщызыгъэгъуазэ, макъамэм зезыгъэужь дэтхэнэ зыми фIы­щIэ фхуэфащэщ, - жиIащ ­КъБКъУ-м и педколледжым и етIуанэ къудамэм и унафэщI ­Къунащ Еленэ. - Тхыдэ дахэ зиIэ ди ныпыр дяпэкIи дывгъэхъумэ, нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна ди хабзэм пщIэ хуэдывгъэщI! КъызыхэкIам хуэфащэ щIалэ­гъуалэ къызэрытщIэувэр ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъужщ! Ди напэр къабзэу, ехъулIэныгъэ ди куэду, хэщI димыIэу, лъэпкъ узыншэу, берычэту, хэдгъахъуэу, дунейр мамыру Тхьэм дигъэпсэу!
Пшыхьыр ягъэдэхащ уэрэ­джы­IакIуэхэу ГъукIэ Ислъамрэ Тезадэ Астемыррэ, пшынауэ Iэзэ Уэзы Астемыр.
Къыхэгъэщыпхъэщ хамэ къэ­ралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу­хэми Адыгэ ныпым и махуэр зэрыщагъэлъапIэр. Ар и нэщэ­нэщ зэгуэрым зэбгрыпхъа хъуа адыгэ лъэпкъыр нэхъ гъунэгъу зэрызэхуэхъужым, щIалэгъуалэр къызыхэкIам и тхыдэм зэрыдихьэхым. 
Адыгэ ныпым и махуэр ­Къэ­рэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Абхъаз республикэхэм, Краснодар крайм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу нэгъуэщI къэралхэм зэрыщагъэлъапIэм иужьрей зэманым ИнтернетымкIэ дыкIэлъоплъ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ. 

Поделиться: