НОБЭНакъыгъэм и 7, бэрэжьей Радиом, связым и IэнатIэ псоми я лэжьакIуэхэм я махуэщ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр къыщызэрагъэпэща махуэщ 1985 гъэм Налшык Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ. 1990 гъэм КъБР-м и «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. 1936 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном Чэгъэду Владимир. 1950 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Балэ Иринэ. 1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къудей Владимир. 1954 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарым и къуэдзэ ДыщэкI (ПхытIыкI) Соня. 1957 гъэм къалъхуащ сурэтыщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ПщыхьэщIэ Хьэсэнбий. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 21 – 23-рэ, жэщым градус 12 - 13 щыхъунущ.
Джэдуужьым ещхьу щхьэнтэкум исщ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:11 →
НОБЭ
12.12.2025 - 16:00 →
НОБЭ
12.12.2025 - 12:00 →
«Лъэбыцэжь» и махуэ
11.12.2025 - 09:00 →
НОБЭ
10.12.2025 - 11:11 →
НОБЭ
| ||




