ТекIуэныгъэ Иныр совет цIыхубэм къызэрахьрэ илъэс 80 щрикъум дигу къыдогъэкIыж абы лIыхъужьу хэтахэр, а фIыгъуэр къытхуэзыхьахэр. Апхуэдэхэм ящыщщ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Мэртэзей (иджы Дей) жылэм къыщалъхуа Iэщыжь Къамболэт Хьэцу и къуэр (1911 - 1995). КIыхьт, гугъуехьрэ хьэзаб куэдкIэ гъэнщIат Къамболэт и зауэ гъуэгуанэр. Зауэм и пэщIэдзэ дыдэм фронтым Iухьа адыгэлIыр Берлин нэсыфащ.
Дунейр щызэрызехьэ, къэрал ухуэкIэхэр зэтракъутэрэ еплъыкIэщIэхэр къыщыхалъхьэ лъэхъэнэм дунейм къытехьа Iэщыжь Къамболэт и сабиигъуэр хиубыдащ Совет властыр ди щIыналъэм щыщагъэува япэ илъэсхэм. Iэщыжьхэ я унагъуэр властыщIэм и телъхьэ япэу хъуахэм ящыщти, я бынхэри псэукIэщIэ гъуэгум щIэхыу теуващ. Мэртэзей дэт еджапIэр хъарзынэу къэзыуха Къамболэт комсомол зэщIэхъееныгъэм хэтащ. Комсомолец жыджэрыр 1926 гъэм щIэтIысхьащ а лъэхъэнэм цIэрыIуэу щыта Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум (ЛУГ). Лъэпкъ IэщIагъэлIхэм я кIыщу къалъытэ а IуэхущIапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Къамболэт егъэджакIуэу зы илъэскIэ лэжьащ, иужькIэ, 1931 гъэм, дзэм ираджащ, къэралым къулыкъу хуищIэну. Абы щыIэурэ, Iэщыжьым къиухащ дзэ-ветеринар еджапIэри.
Илъэсищыр дэкIыу дзэ къулыкъум къыпэрыкIыжа нэужь, Къамболэт япэщIыкIэ щылэжьащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм. Ар ящыщщ Бахъсэн ГЭС-р зыухуахэми. ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъ, пщэрылъ къыщащI къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу зэфIэзых IэщIагъэлIыр 1936 гъэм ягъэуващ Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым и гъэзэщIакIуэ комитетым щIы IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщIу. ИужькIэ КъБАССР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и цIыхубэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэу щытащ. Зауэм ипэ къихуэ илъэсхэм Iэщыжьыр лэжьащ ди республикэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и комитетым и нэIэм щIэту къызэрагъэпэщауэ щыта еджапIэм и унафэщIу. Абы щагъэхьэзырырт ди щIыналъэм и мэкъумэш IэнатIэм и IэщIагъэлIхэр. Ар къалэнышхуэт икIи жэуаплыныгъэ ин зыпылът, атIэми Iуэху зехьэкIэ екIу зыбгъэдэлъ коммунист щIалэр а псоми тэрэзу пэлъэщырт, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэу, зи пашэ IэнатIэр иригъэфIакIуэу.
- Зауэм щыщIидза махуэм еджапIэм и пщIантIэм псори дыщызэхуэсат, Правительствэм къыбгъэдэкI, мыхьэнэшхуэ зиIэ хъыбар къатыну къыджаIэри, - игу къигъэкIыжырт 1941 гъэм и гъэмахуэр Къамболэт. - Мэкъуауэгъуэм и 22-м сыхьэт 12-м радиом къиIукIащ гуауэшхуэ къызэрыхъуар. ЕджапIэм щылажьэхэр зылI и быну дыкъэуват, Хэкур бийм щытхъумэну дыхьэзыру. Сэри занщIэу сыкIуауэ щытащ партым и обкомым.
Апхуэдэу хъуами, Къамболэт партым и унафэкIэ ягъэкIуауэ щытащ Урожайнэ МТС-м, гъавэ Iухыжыгъуэ лъэхъэнэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщынымрэ хэщIыныгъэншэу Iухыжынымрэ пщэрылъ къыщащIри. Ар къалэнышхуэт: зауэ IэнатIэм Iутхэр ерыскъыкIэ къызэгъэпэщыным мыхьэнэшхуэ иIэт, дауи. Зэрихабзэу, а къалэнри тэмэму зэфIихащ Iэщыжьым. Лэжьыгъэ и пIалъэ зыщIэ щIалэм и унафэм щIэту шыщхьэуIум ирихьэлIэу хьэцэпэцэр кърахьэлIэжащ, хэкIуэдыкI щымыIэу. Сэхураныр зэщIэкъуэнми иужь ихьащ.
А псори зэфIигъэкIри, Iэщыжьыр аргуэру обкомым кIуащ, фронтым дагъэкIыну лъаIуэу. ШыщхьэуIум и кIэухым абы къыIащIалъхьащ зауэм зэрыраджэр зэрыт тхылъыр икIи пIалъэ къыхимыгъэкIыу ар гъуэгу теуващ. Абы къалэн къыщащIат Краснодар крайм щызэхуашэс полкхэм зауэлIхэр нигъэсын хуейуэ. Ар зэфIигъэкIри, бжьыхьэм ирихьэлIэу езыри Мэхъэчкъалэ ягъэкIуащ, абы щызэхуашэс 345-нэ фочауэ дивизэм хэту. Куэд дэмыкIыу ядзащ бийм къиухъуреихьа Севастополь и Iэшэлъашэм икIи хагъэхьащ Приморскэ дзэ гуп хэхам, генерал-майор Петров Иван зи пашэм. Тенджыз ФIыцIэ флотымрэ а дзэ гупымрэ Хэку зауэшхуэм и тхыдэм зэи хэмыгъуэщэжын лъэужь къыханащ. 1941 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм щIидзэри махуэ 250-кIэ, 1942 гъэм и бадзэуэгъуэм и 4 пщIондэ, Севастополь деж щекIуэкIащ зэпэщIэувэныгъэ ткIий. Ди сэлэтхэм зэкъым-тIэукъым зэрыIуадзыжар къалэр къызыщтэну ебгъэрыкIуэ бий бзаджэр. Абы щыгъуэ зауэ IэнатIэм Iутахэм яшэча бэлыхьхэмрэ щыщIэныгъэхэмрэ и фэм дэкIащ лейтенант нэхъыщIэ Iэщыжь Къамболэти.
Зи бжыгъэкIэ куэдкIэ нэхъыбэ бийм, Iэщэ-фащэкIэ къызыхуэтыншэу зэщIэузэдам, упэщIэтыну егъэлеяуэ гугъут. ЛIыгъэрэ хахуагъэ инрэ къагъэлъагъуэу ди зауэлIхэр хэтащ а зауэ гуащIэхэм, хыщIыныгъэшхуэ яIэу. 1942 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м унафэ ящIащ къалэр ятыну, ди дзэхэм ящыщу къэнар Севастополь къыдашыжу, адрей фронтхэм трагуэшэжыну. Бийм къиухъуреихьа къалэм укъыдэкIыныр къызэрымыкIуэу гугъут: дэнэкIи мафIэрэ шэрэт. Ди зауэлI куэдым я щхьэ щагъэтIылъащ абдеж, къэухъуреиныгъэм къикIыфа мащIэм къуршхэмкIэ задзащ. Къэнар зэрыщыту гъэру яубыдауэ щытащ. Апхуэдэ гугъуехь зи щхьэ кърикIуахэм ящыщащ коммунист Iэщыжь Къамболэти. ГъэрыпIэм ихуа ди зауэлIхэр фашистхэм япэщIыкIэ Симферополь яхуащ, иужькIэ трагъэуващ Германием кIуэ гъуэгу кIыхьым. Абы нэмысу щхьэхуимытхэр Польшэм хыхьэ Кельцы къа-лэм дэт гъэрыпIэм яшащ.
ГъэрыпIэм ихуами, и гур имыгъэкIуэду щхьэхуитыныгъэм хуеIэрт Къамболэт. КъыщIэпхъуэжын мурад яIэу абы гъусэ хуэхъуат къыдэзэуахэу Балъкъ щыщ ЦIыпIынэхэ я щIалэрэ Адыгейм къикIа ПIапI Хьэжумаррэ. Абыхэм къахутат лъэхъуэщым пэмыжыжьэу Брест хуэкIуэ гъуэгур зэрыщыIэри, ущыщIэпхъуэж хъуну махуэри сыхьэтри. 1943 гъэм и фокIадэ мазэм и тхьэмахуэ махуэхэм ящыщ зым ди зауэлIхэм я мурадыр зрагъэхъулIащ.
- Жэщ псом псэху димыIэу дыкIуащ мэзхэм, чыцэхэм дыпхыкIыурэ. Гъуэгум щыгъынрэ ерыскъыкIэ къыщыддэIэпыкъуащ полякхэр, - а лъэхъэнэ гугъум тепсэлъыхьыжырт Iэщыжьыр. - Буг псым дыкъэса нэужь, зыдмыгъэлъагъуэурэ дитIысхьэфауэ щытащ Брест хуэкIуэ мафIэгум. АдэкIэ, ди насып къикIри, партизан гупым дарихьэлIащ.
Апхуэдэу гъэрыпIэм къикIыфащ адыгэлI акъылыфIэр, лIыгъэрэ хахуагъэрэ зыхэлъыр. Зэныбжьэгъуищыр хэхуащ Свердлов Яков и цIэр зезыхьэ Брест партизан гупышхуэм икIи къикIуэт ямыщIэу, щхьэмыгъазэу абы хэту зэуащ 1943 гъэм и жэпуэгъуэм къыщыщIэдзауэ 1944 гъэм и бадзэуэгъуэ пщIондэ. Брест щIыналъэр хуит къащIыжа нэужь, адыгэ щIалэхэр хагъэхьэжащ 28-нэ дзэм. Ахэр хэтащ Варшавэ, Пиллау портыр хуит къэзыщIыжахэм, иужькIэ Берлин ебгъэрыкIуахэм.
Хэку зауэшхуэр иуха нэужь, Iэщыжь Къамболэт щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ, и бгъэгум къэрал дамыгъэ зыбжанэ щылыду. Апхуэдэхэт «Севастополь зэрахъумам папщIэ», «Варшавэ хуит къызэращIыжам папщIэ», «Хэку зауэшхуэм и партизан» медалхэр, нэгъуэщIхэри. Мамыр гъащIэм зэрыхыхьэжу Къамболэт жыджэру хэтащ бийм зэтрикъута хозяйствэр, экономикэр зэфIэгъэувэжыным. Ар лэжьащ ДОСААФ-м и щIыналъэ къудамэм, курыт школым я унафэщIу, жэуаплыныгъэ зыпылъ нэгъуэщI IэнатIэхэри хьэлэлу ирихьэкIащ. Сыт щыгъуи абы и щIыбагъ къыдэтащ и унагъуэ дахэр. Абырэ и щхьэгъусэ Мариерэ Польшэм щызэрыцIыхуауэ щытащ икIи я щIалэгъуэм зэхуащIа гурылъ къабзэр дунейм тетыху яхъумащ. Марие илъэс куэдкIэ щылэжьащ Урожайнэ жылэм дэт интернатым и шхапIэм и унафэщIу. Зэщхьэгъусэхэм бынищ къащIэхъуащ: Светланэ, Кларэ, Вячеслав, дэтхэнэми щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтащ.
Iэщыжь Къамболэт Хьэцу и къуэм, зауэлI хахуэм, партизан псэемыблэжым, Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьым, апхуэдэу а зауэм ихьа абы и къуэшхэу ЦIыкIуэрэ Хьэжпагуэри я фэеплъхэр нобэ яхъумэ абыхэм я бынхэм, къащIэува щIэблэхэм. Iэщыжь зэшхэм хуэдэ зауэлI щхьэмыгъазэхэращ нобэ дгъэлъапIэ ТекIуэныгъэ иныр къытхуэзыхьар. Ар зэи тщыгъупщэ хъунукъым!