Хьэжмусэ и щIэблэм къыIэрыхьэжа дамыгъэ

Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр Сыринэ Хьэжмусэ Мэзракъ и къуэм (1910 - 25.07.1944 гъ.) зэрыхуагъэфащэрэ илъэс 80-м нэблагъэ ­дэ­кIыжауэ, дамыгъэм и тхы­лъыр къыIэрагъэхьэжащ лIы­хъу­жьым и пхъум. 

Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ Мэзракъ и къуитIри. Лейтенант Хьэжмусэ и зауэ гъуэгуанэр къы­зэрекIуэкIар къэхутэжыным ­теухуауэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ Урысейм и ФНС-м и управленэу КъБР-м щыIэм и къэ­рал налог инспектор нэхъыщ­хьэ, УФ-м и къэрал граждан Iэна­-тIэм езанэ класс зиIэ и чэн­­джэщэгъу Нэхущ Ахьмэдрэ Бахъ­сэн муниципальнэ райо­ным и щIыпIэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и управле­нием и къудамэм и IэщIагъэлI па­жэ Нэхущ Дианэрэ. Абыхэм зэ­хуахьэсыжахэм фыщыдогъэ­гъуазэ.
Сыринэ Хьэжмусэ Мэзракъ и къуэр 1910 гъэм Тэрч областым и Налшык округым хыхьэ Къармэ хьэблэ (иджы КъБР-м и Дзэ­лыкъуэ районым и Каменно­-мост къуажэм) къыщалъхуащ, адыгэщ. И щхьэгъусэщ Къа­гъыр­мэс ФатIимэт Бэ­чыр и ­пхъур. 1941 гъэм гъатхэ­пэм и 15-м абы зэдагъуэтащ хъы­джэбз цIыкIу, Алевтинэ фIащащ. Хьэжмусэ 1941 гъэм шы­щхьэуIум и 24-м Пятигорск дзэ комиссариатым къулыкъу ищIэну ириджэри, Дзэ Плъы­жьым хагъэхьащ. 
Къулыкъу щищIа япэ мазэхэм теухуауэ мащIэщ хъыбару щы­Iэр. И дамыгъэхэр зэрыт тхы­лъым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, 1942 гъэм и накъыгъэм Ип­щэ зэуапIэм Iутащ, 1943 гъэм ­гъатхэпэм и 3-м Ипщэ-къухьэ­-пIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэу уIэгъэ щыхъуащ. 
ИужькIэ ар ебланэ фочауэ батальон щхьэхуэм хэхуащ. Ап­хуэдэ ебгъэрыкIуэ гупхэр зэуа­пIэм и гуащIэгъуэхэм хэтт. Къагъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ орден къратыхункIэ е уIэгъэ ­хъухункIэ а къалэныр ягъэзащIэрт. ЗэфIэкI ин къэзыгъэлъэгъуахэр иужькIэ лъэсыдзэхэм ягъакIуэрт, унафэщI къулыкъу­хэр яIыгъыу. Сыринэ Хьэжмуси Хэкум зэрыхуэпэжыр наIуэ ищIат. Ленинград фронтым и 109-нэ фочауэ корпусым и уна­фэщIым 1944 гъэм гъатхэпэм   и 3-м къыдигъэкIа унафэ №011/н-м тету, ебланэ фочауэ офицер батальоным и топгъауэ, 2-нэ ранг зиIэ дзэхэр зыхуей­хэмкIэ къызэзыгъэпэщ Сыринэ Хьэж­му­сэ Мэзракъ и къуэм къыхуа­гъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь орденыр. 
Дамыгъэр зэрыхуагъэфэщам щыхьэт техъуэ дэфтэрым, 1944 гъэм мазаем и 21-м ятхам, итщ: «2-нэ ранг зиIэ техник-интендант Сыринэ Хь. М. топгъауэ гупым хэту Нарвэ къалэм и ипщэ-­къухьэпIэр зыубыда (1944 гъэм мазаем и 12-м) нэмыцэ зэрып­хъуакIуэхэм щебгъэрыкIуэм, бийм хэщIыныгъэ яритри, икIуэтхэм я гъуэгури зэхуищIащ. Ма­заем и 13-м топышэкIэ нэмыцэр мэ­зым къыщIихури, зэхэуэм ­ехъулIэныгъэ щаIащ». Архив дэф­тэрхэм зэрыхэлъымкIэ, 1944 гъэм мазаем и 25-м зэуапIэм щыIэу 7-нэ фочауэ ебгъэрыкIуэ батальоным и топгъауэ взводым и унафэщI лейтенант Сыринэ Хьэжмусэ Мэзракъ и къуэм и лъэпхъуамбэхэр щIыIэм писы­кIауэ 1944 гъэм мазаем и 29-м къыщыщIэдзауэ Ленинград къалэм ЭГ №1116-м щIэлъащ. Сы­ма­джэщым къыщIэкIыжри, 1944 гъэм мэлыжьыхьым и 8-м, батальоным хыхьэжащ. 
1944 гъэм и гъэмахуэм гуп унафэщIу ар яхэтащ Латвиер щхьэхуит къэзыщIыжахэм. Еща­нэ Прибалтикэ зэуапIэм и 54-нэ дзэм и 123-нэ фочауэ гупым и унафэщIым 1944 гъэм фокIа-дэм и 1-м къыдигъэкIа унафэ №066/н-м тету, 285-нэ фочауэ дивизэм и 1017-нэ фочауэ полкым и топгъауэ гупым и унафэщI лейтенант, ВКП (б)-м хэт Сыринэ Хьэжмусэ Мэзракъ и къуэм Хэку зауэм и орденым и етIуанэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ (езыр мыпсэужу). 
Дамыгъэр зэрыратым теухуа­уэ 1944 гъэм шыщхьэуIум и 8-м ятха тхылъымпIэм итщ: «1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 23-м щегъэжьауэ 30 пщIондэ Латвие ССР-м хыхьэ Куправэ къуажэм и Iэгъуэблагъэм щекIуэкIа зэхэуэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыщигъэлъэгъуащ Сыринэ Хьэжмусэ. Зы махуэм къриубыдэу, абы ­лIыхъужьыгъэ хэлъу бийм я ебгъэрыкIуэу 4 къигъэувыIащ, нэ­мыцэ сэлэтрэ офицеру 30-м нэс иукIащ. Бийр икIуэтыжащ. 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м зэ­рыпхъуакIуэхэр аргуэру къате­зэ­рыгуащ. Я бжыгъэкIэ къа­зэ­ре­фIэкIым хуэдэу, Сыринэр зауэм хыхьэри, бийр хигъэщIащ я техникэр зэтрикъутащ. И Хэкур лIыгъэ хэлъу ихъумэу, а зэхэуэ гуа­щIэм Сыринэр хэкIуэдащ». 
285-нэ фочауэ дивизэм игъуэ­та хэщIыныгъэхэм теухуауэ хъыбар зэрырагъащIэ тхылъымпIэм (1944 гъэм шыщхьэуIум и 11-м ятхам - №030039) зэритымкIэ, 1017-нэ фочауэ полкым и топ­гъауэ гупым и унафэщI лейтенант Сыринэ Хьэжмусэ зауэм хэкIуэдащ 1944 гъэм бадзэуэ­гъуэм и 25-м. ЛIыхъужьыр япэу щыщIалъхьэжар Латвие ССР-м и Куправэ станицэм метр 450-кIэ и ищхъэрэкIэщ. 
Абы и дэфтэрым къыщыгъэ­лъэ­гъуащ и щхьэгъусэ Сыринэ ФатIимэт Бэчыр и пхъур - ­КъБАССР-м и Нагорнэ районым хыхьэ Каменномост къуажэм щыпсэуар. Гуп унафэщIхэм бзылъхугъэм 1944 гъэм шы­щхьэуIум и 1-м хъыбарегъащIэ къыIэрагъэхьат: «Уи щхьэгъусэ, топгъауэ гупым и унафэщI, Къэбэрдей АССР-м и Нагорнэ районым хыхьэ Каменно-Матскэ къуажэм къыщалъхуа Сыринэ Хьэжмусэ 1944 гъэм бадзэуэ­гъуэм и 26-м лIыгъэ хэлъу, и дзэ щIыхьым пщIэ хуищIу зауэм хэкIуэдащ. Латвие ССР-м и Куп­ровэ станицэм ищхъэрэкIэ ­метр 450-кIэ пыIухауэ ар щыщIалъхьэжащ». 
ЩIалъхьэжахэм я цIэ-унэцIэ­хэр зэрыт тхылъымпIэм къызэ­рыщыгъэлъэгъуамкIэ, лейтенант Сыринэ Хьэжмусэ Латвием и Балвскэ районым хыхьэ Куп­равэ къуажэм къулыкъу ящIэу хэкIуэдахэм я кхъэу щыIэм етIуа­нэу щыщIалъхьэжащ. Абы и цIэр сыным тетхэжащ. 
СССР-м и НКО-м кадрхэмкIэ и управленэ нэхъыщхьэм 1944 гъэм фокIадэм и 12-м къыдигъэкIа унафэ №02990-м итщ лейтенант Сыринэ Хьэжмусэ нэ­мыцэ зэрыпхъуакIуэхэм япэ­щIэту 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м зэрыхэкIуэдам къыхэкIыу, Дзэ Плъыжьым зэрыхатхъыкIыжар. 
Къыхэгъэщын хуейщ Сыри­нэм зауэм къыдыхэтахэм я зы IуэхущIафэ. Военкоматым зы акт щыхъумащ, 1945 гъэм накъыгъэм и 21-м ятхауэ. Ар 1017-нэ фочауэ гупым и унафэщIхэм 1945 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м Сыринэ Хьэжмусэ Вагъуэ Плъыжь орденыр къызэрыратынум теухуауэ военкоматым зэ­рызыхуагъэзарт. Дамыгъэр щхьэ­гъусэм иратыжащ. 
Сыринэ Хьэжмусэ и цIэр Каменномостскэ къуажэм дэт фэ­еплъым тетщ. Апхуэдэуи дыщэ хьэрфкIэ и унэцIэр зэмыщхьу къытеIущIыкIащ Дзэлыкъуэ­къуажэ щыIэ Фэеплъ блыным - «Сарынов Хажмуса Мурзаканович», «Сиринов Хажмуса Муз­ракович», «Соринов Хажмуса Мурзаканович». 
КъБР-м и Фэеплъ тхылъым (2015 гъэм къыдэкIам, 2-нэ том) 302-нэ и напэкIуэцIым итщ: «Сы­ринэ Хьэжмусэ Мырзэкъан и ­къуэр 1914 гъэм къалъхуащ, адыгэщ, Каменномост къуажэм къыщалъхуащ. Нагорнэ щIы­налъэ военкоматым ар Совет Армэм ириджащ 1941 гъэм шы­щхьэуIум и 24-м. Лейтенантщ. 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м хэкIуэдащ. ЩыщIалъхьэжар Латвие ССР-м и Куправэ станицэрщ». 
Абы мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэжыпхъэу къагъэ­лъагъуэ: «Сыринэ Хьэжмусэ Мэзракъ и къуэр 1910 гъэм къалъхуащ, адыгэщ, Каменномост къуажэм щыщщ. Пятигорск дзэ комиссариатым Совет Армэм ириджащ 1941 гъэм шыщхьэуIум и 24-м. Лейтенантщ. ХэкIуэдащ 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м. ЩыщIалъхьэжар Латвием и Вилякскэ щIыналъэм хыхьэ Куправэ къуажэм зауэлIхэм я кхъэу щыIэрщ».
Мы хъыбархэр къыщIэзыгъэ­щыжахэм Хьэжмусэ ипхъу Шакъ Алевтинэ къагъуэтащ. АбыкIэ сэбэп къахуэхъуащ Хьэжмусэ и къуэш нэхъыщIэ Билал и пхъу­рылъху Кумыщ Арсен. 2023 гъэм накъыгъэм и 24-м Хьэжмусэ и пхъум къыбгъэдэкI тхыгъэ ягъэ­хьэзырри, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм кадрхэмкIэ и управленэ нэхъыщхьэм зыхуагъэзауэ щытащ лIыхъу­жьым СССР-м къыхуигъэфэщауэ къаIэрымыхьэжа къэрал дамыгъэхэм я тхылъыр къратыжыну елъэIуу. 
Урысей Федерацэм Зыхъу­мэжыныгъэмкIэ и министерст­вэм и архив нэхъыщхьэм и дэфтэрхэр къапщыта нэужь, жэуап къатхыжащ: япэрауэ, 109-нэ фочауэ корпусым и уна­фэ­щIым 1944 гъэм гъатхэпэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ №011/н-м ­тету Вагъуэ Плъыжь орденыр Сыринэм къызэрыхуагъэфэщар. Дамыгъэм щыхьэт техъуэ  и тхылъыр (№770331-р) 1997 гъэм гъатхэпэм и 12-м Налшык къалэм и дзэ комиссарым иритыжащ лIыхъужьым ипхъу Сыринэ Аллэ; етIуанэрауэ, 123-нэ фочауэ корпусым и уна­фэщIым 1944 гъэм фокIадэм и 1-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Сыринэ Хьэжмусэ къы­хуагъэфэщащ Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр. Ауэ ар лIыхъужьым и Iыхьлыхэм Iэрагъэхьэжауэ зыщIыпIи къыщыдгъуэтакъым. 1941 гъэм фокIа­дэм и 8-м къыщыщIэдзауэ 1944 гъэм щIышылэм и 27 пщIондэ Ленинград зыхъумахэм Сыри­нэр яхэтауэ е «Ленинград зэрихъумам папщIэ» медалыр хуа­гъэ­фэщауи дэфтэрхэм хэлъкъым. Абы къыхэкIыу, Вагъуэ Плъыжь орденымрэ «Ленинград зэрихъумам папщIэ» ме­далымрэ я тхылъхэр щIывэттыжын щхьэусыгъуэ щыIэкъым. Хэку зауэм и орденым и етIуанэ нагъыщэм и тхылъыр къыфIэ­рыдгъэхьэжынущ, УФ-м и Президентым къэрал дамыгъэхэмкIэ и Управленэм хабзэм тету ­хуит дищIа нэужь».
Нэхущ Ахьмэдрэ Нэхущ Дианэрэ я къэхутэныгъэхэр ехъу­лIэныгъэ яIэу зэфIэкIащ. 

Зыгъэхьэзырар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться: