Хэкум зи псэр щIэзыта Джэрыджэ зэкъуэшхэр

Джэрыджэ Алджэрий и ­унагъуэр ехьэжьауэ псэухэм ящыщтэкъым. Дэни къикIынт ехьэжьауэ узэрыпсэун - Iэп­щэрылажьэу колхозым хэтти, лэжьапщIэу ­къратыр уна­гъуэм шхыну яхурикъу къудейт. И щхьэгъусэ Нури лъэкI къыщигъанэртэкъым колхоз губгъуэм, ауэ абы лэжьыгъэм нэмыщIи зэрыбынипщI хъу унагъуэр къыщыгугъырт.

Егъэлеяуэ гугъу дехьу къагъэтэджат зэщхьэгъусэхэм я бы­нийр. Иджы, Тхьэм и шы­куркIэ, щаIуэтэжыну зэманыр къэса хуэдэт. Iэминатрэ ХьэIи­шэтрэ зэкIэ унагъуэ Iуэху нэхъыщхьэ ямыщIэфми, Чэмилэрэ ФатIимэтрэ я лэжьыгъэ Iыхьэ ирахьэкIырт. ЩIалэхэр-щэ? «Джэрыджэ Алджэрий и къуэхэр» жрагъэIэу лэжьыгъэ­кIэ цIэрыIуэт. Хьэлыми, Хъу­сейни, Анатоли зи къэшэгъуэ щауэхэт, Исмэхьили и пащIэ-жьакIэ зэщIэувэу хуежьат. Пху­жымыIэным хуэдизт и бынхэм яхэплъа нэужь Нурэ и гур зэ­рыхэхъуэр. Зи узыншагъэр мы­щIагъуэж Алджэрии и щIалэ­хэм щэхуу якIэлъыплъырт, я лэжьэкIэмрэ дуней тетыкIэмрэ гугъэм я нэхъ дахэр пищIэу. Псом хуэмыдэу адэ-анэм я гур фIы къыхуэзыщIыр гъэфIагъыбзэу ТIутIэкIэ зэджэ Ана­толэт. Ар икъукIэ гумащIэт Iэщабэ-Iущабэт, адрей и къуэ­ш­хэм къащхьэщыкIыу, и гур щIэ­ныгъэмкIэ щыIэт. Курс гуэрхэри парт школри къиухат, къуажэ комсомол организацэм и сек­ретару щытат. Адыгэ­бзэри и псэм хэлъти, абы ирилэжьэну хъуапсэрт. 
А гуращэр и гъуэгугъэлъа­гъуэу, Анатолэ, псори къигъа­нэри, «Социалистическэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр» газетым щы­лэжьэну уват. Илъэс 19-м зэрыщхьэдэха щымыIэми, ар щIалэ зэщIэкъуат, жыджэрт, гъэсэныгъэ дахэ хэлът. Газетыр зыхуейр кIуэрыкIуэм тету къипхъуатэрт, и бзэр жант, и тхыгъэхэр шэрыуэт. Апхуэдэущ щIалэ къамылыфэ щхьэпэ­лъагэр ягу къызэринэжар а зэ­ма­ным къыдэлэжьахэм. Ауэ лэжьапIэ дыдэми хэIущIыIу ­зыщимыщIу Анатолэ нэгъуэщI зэчиягъи бгъэдэлът: абы пхъэм къыхищIыкIырт сурэт гъэщIэ­гъуэн дыдэхэр, а IэщIагъэми Налшык изостудием щыхуе­джат. Апхуэдэу, нэхъ пэгъу­нэгъу дыдэхэм фIэкIа яримы­гъэ­лъагъуми, абы игъэ­хьэ­зы­рырт и гущIагъщIэлъ нэхъ IэфI­хэр щызэхуэхьэса усэ тхылъ…
И илъэс бжыгъэр нэсати, редакцэм щIашри, Джэрыджэ Анатолэ дзэм ираджащ. Куэд мыщIэуи ар къыщIэхутащ танкистхэр щагъэхьэзыру Чкалов къалэм дэта училищэм. ЩIалэ жаныр мыбыи щапхъэ игъэ­лъагъуэу щеджащ. Ар къиуха нэужь, лейтенант нэхъыщIэ Джэрыджэр зауэм Iухьащ танк взводым и командиру. А зэманым зэуапIэм Iутт Анатолэ и къуэш нэхъыжь дыдэ Хьэлым, 1939 гъэм дзэм ираджар. Зэ­ш­хэм ящыщ Хъусейн 115-нэ шу дивизэм хэтт. И чэзур къэсащ Исмэхьили: илъэс 18 зэрыри­къуу ари 1942 гъэм зауэм дашащ…
Зэшыпхъухэм я нэхъыжь Чэмилэ ихъумауэ щытащ я дэлъхухэм зауэм къратхыкIа письмохэр. Абыхэм ящыщ ­дэтхэнэри къыпхуэщтэркъым, умы­пIейтейуэ. Ухуей-ухуэмейми уи псэм къылъоIэс илъэс 75 - 80 ипэкIэ зи щIалэгъуэу щыта адыгэ щIалэхэм я гу­рыгъу-гурыщIэ къызэрыгуэкI­хэр. УмыгъэщIагъуэу къанэркъым махуэ къэс ажалым и ­нэгум иплъэу зауэм Iут цIыхум, езым и щхьэр къыфIэмыIуэ­хужу, адэ-анэм папщIэ и гур зэрыгъур, унагъуэм зыгуэркIэ зыщIигъэкъуэну зэрыхэтыр, къыдалъхуахэм гумащIагъэрэ гущIэгъуу яхуиIэр. ЦIыху гумащIэр зауэми гумащIэу къы­щынэж къыщIэкIынщ.
Хуит укъамыщIамэ, хамэ ­письмо укъеджэным емыкIу ­зэ­рыпылъыр гурыIуэгъуэщ. ­Нэхъ къемызэгъыжщ ар га­зетым къытебдзэныр. Ауэ зи ­гугъу сщIа тхыгъэ куэдым къахэсха мы письмохэр зей Джэ­рыджэ Анатолэ апхуэдэ лъэIу­кIэ зыхуэбгъэзэжыфынукъым. Зыхуатхахэм хуит дыкъыщащIакIэ, зытхам и фэеплъ ­ирехъу, письмохэм щыщ пычыгъуэ зыбжанэ мыбдеж къы­щысхьынщ зэрытха дыдэм хуэ­дэу, зы псалъи зэзмыхъуэ­кIа-уэ. Зауэм Iутым къитхыр, дауи, романкъым икIи рассказкъым. Ар хэт и дежкIи гурыIуэгъуэщ. Анатоли и дэтхэнэ письмоми къытригъэзэжурэ щызэтохуэ къигъэна псом я узыншагъэм зэрыщIэупщIэри, езым лажьэ зэримыIэри, я сурэт хуагъэхьыну зэрылъаIуэри, аргуэру ахъ­шэ къазэрыхуиутIыпщари, нэгъуэщI куэдри. Ауэ письмоуэ хъуам хэмытыр зыщ: зауэм зэрыIутырщ. Абы къыхэкIыуи гугъущ Анатолэ щызэуа щIы­пIэхэмрэ зэрызэуа щIыкIэмрэ зэфIэбгъэувэжыну. Пэжу, ар нэгъуэщI Iуэхущ.
Мыри къыхэзгъэщыну сы­хуейт: Анатолэ япэ письмохэр къызэритхар редакцэм здриха, адыгэ газетым и псалъащхьэр зытет тхылъымпIэщ. ИщIэ къы­щIэкIынт тхылъымпIэ дыдэри зэпэубыда зэрыхъунур.
«… Исмэхьил къигъэхьа письмор къысIэрыхьащ. Хуабжьу сигу ныкъуэщ фи псэукIэм папщIэ, ауэ сыт, мыбы дыщыIэу зы Iэмал диIэкъым. Гъавэ ямытмэ, сыт фшхырэ, дауэ фы­хъурэ, псори къысхуэфтх. 4.03.1941 гъэ».
«… Училищэ сызыщIэсам иджыри сыщIэсщ. Лейтенанту, танкисту соджэ. Автомашинэ­-ри танкри игъащIэм сисам хуэ­дэу сызэрыхуейуэ къызохуэкI. Ар IэщIагъэ схуэхъунщ жысIэу зэи сигу къэкIынтэкъым. Хъусейн, ди къуажэ щIалэ дэкIахэм ящыщу хэт письмо къитхрэ? Хьэлым и хъыбар зэрызмы­щIэм сегъэгузавэ, фэри абы и письмо къызэрыфхуэмыкIуэ? Сэ дяпэкIэ сымыгувэурэ нэстхынущ, сыту жыпIэмэ, Ныуэ зэ­рыгузавэр сощIэ. Хуабжьу псори сигу фыкъэкIащ. Дунейм ­теткъым къуэш-шыпхъу уиIэу, адэ-анэ уиIэу ущытын нэхърэ нэхъыфI. 
Си адэ лъапIэ, си анэ дыщэ, си шыпхъухэ, узыншагъэр Тхьэм къывит, сэ сыузыншэщ, абы хуэдэу сыузыншэуи сы­ныфхуэкIуэжынщ. Чкалов, 21.09.1941 гъэ».
«Дауэ фыщыт псори, сыт хуэдэу фыпсэурэ? Сэ сыфIщ, си гур щIэныкъуэр фэращ. Ис­мэхьил и письмори къысIэ­ры­хьащ. Исмэхьил, колхозым ущылажьэми, нэгъуэщI щIыпIэ ущылажьэми, хьетI жегъэIэ. ­Уэращ мысыхьэткIэ ди адэмрэ анэмрэ Iуэху яхуэзыщIэну яIэр, сыт жаIэми щIэ, ягу зумыгъабгъэ. Унагъуэм и сэбэп къы­зы­пыкIын лэжьыгъэ гуэр уэ умы­щIэмэ, уадэмыIэпыкъумэ, а тIум я закъуэ сыт ящIэн? Сэ иджы си Iэпэм содзэкъэж, «иджы щытыжащэрэт сыла­жьэу ди деж сыщыIэжу, зыри зытезмыгъакIуэу дыпсэунт», жызоIэ.
Хъусейн шу ягъэшэсахэм яхэтщ жыпIащи, дэкIа, хьэмэрэ иджыри Нартан щыIэ? Абыи срогузавэ. Ныуэ гъыуэ къы­щIэкIынщ, иремыгузавэ дэр щхьэкIэ, Тхьэм жыхуиIар ­хъунщ. 16.03.1942 гъэ». 
«… Фэ къывотх уэ зыкъэб­гъанэу дэ ахъшэ къытхуумыгъэхь жывоIэри. Сэ сыту сщIын ахъшэр? Фэ фыкъэзгъанэу си жып ахъшэр схуилъхьэнукъым. КъыфIэрыхьами сщIэркъым, мыбы ипэ иту сом минищ ныфхуезгъэхьащ, иджы­ри ап­хуэдиз ныфхуезгъэхьынущ. Узын­шэу фыщыт, къыс­щIэуп­щIэ псоми сэлам схуефхыж. 12.07.1943гъэ».
«Си адэ лъапIэ, си анэ дыщэ, си шыпхъуфIхэ, дауэ фыщыт псори? Иджыри ахъшэ ныфхузогъэхь - сом 1500-рэ. Тхьэм узыншагъэкIэ фигъэшх. Сэ сывдэIэпыкъуну Iэмал зэрыз­гъуэтыр аращ зэкIэ. Ад, сыт ухуэдэ, сигу укъэкIащ. Уи сурэт щхьэкIэ сынолъэIуати, сыту къысхуумыгъэхьрэ? Ныуэ, уи сурэт сиIэщи, махуэ къэс ­соплъ, ауэ ХьэIишэт и сурэтщ жыфIэу къысхуевгъэхьар си фIэщ хъуркъым арауэ: апхуэдэу гъур цIыкIуу.
Фымыгузавэ, дынэкIуэжынщи, псори дыкъэщIэ­рэ­щIэ­жынщ. 22.02.1944 гъэ». 
«… Иужь зэманым фи письмо къысIэрыхьэжыркъым, сэ письмо зытIущ нэстха пэтми. Августым и 19-м си сурэт ныф­хуезгъэхьащ, ахъши щIыгъуу. КъыфIэрыхьа? Сэ сыхъар­зы­нэщ, зыри сыхуэныкъуэкъым, сыщIэгузавэр фэращ.
Иджыблагъэ щIалэ 15 сыхуэзат ди щIыпIэм къикIауэ. Зыр Кэнжэ щыщт, Iэпщэхэ ейт. Псори щIалэ дыдэт, 1923 гъэм къалъхуахэу, ауэ орден, медаль къэзыхьахэр яхэтт. Хуабжьу сащыгуфIыкIащ.
Письмо къысхуэфтх, фи хъыбар сщIэмэ, си гур мэзагъэ. 16.09.1944 гъэ».
«… Исмэхьил здэщыIэр къыс-хуэфтхыну дапщэрэ сынывэ­лъэIуами, абы и жэуап къы­зэфтакъым. Сэ щхьэкIэ фы­мыгузавэ, сэ сыхъарзынэщ.
ЕрыскъыкIэ дауэ фIыхъурэ, колхозым зыгуэр къывитрэ? 
Иджыпсту сом мин нызоу­тIыпщ, иужькIи ныфхуезгъэ­хьынщ. Мыгувэу дызэрылъа­гъужыну къыщIэкIынщ. Узын­шэу фыщыт». 
«Си анэ IэфI, си адэ лъапIэ, фи письмор къысIэрыхьащ. Сэ фыкъысщIэупщIэмэ, фэр нэхъ гукъеуэ сиIэкъым, сыузыншэщ. Ныуэ, уэ къыботх уэ къебгъэхь письмом нэхъ гуфIэгъуэ мы сыхьэткIэ диIэкъым, ахэр си ­гуфIакIэм дэлъу къызохьэкI, ба хуэсщIу, жоIэри. Сэр папщIэ гузэвэгъуэ узэрыхэтыр сощIэ, ауэ сынолъэIу нэпс щIумыгъэ­кIыну, унэщхъейуэ цIыхухэм ­закъыумыгъэлъагъуну.
Аращи, зэрыбынунагъуэу узын­шагъэр Тхьэм къывит, сэ узыншэу сынэкIуэжынщи, ды­зэрылъагъужынщ, xъыбар куэди зэхуэтIуэтэнщ».
ТIутIэ иужьрейуэ къитха письмоитIым щIэткъым ахэр къыздритхыкIа щIыпIэри къыщитха илъэсри. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ахэр уэсят пэлъы­- тэу къыпщызыгъэхъу гуэрхэри хэлъщ абыхэм. Псэм зыхещIэ и уахътыр къыщыблэгъар. Хэт ищIэн, зауэр и кIэм нэсами, Анатолэ и псэми ищIагъэнт текIуэныгъэр зи нэкIэ зылъа­гъунухэм зэрахэмыхуэнур. Къы­гурыIуэ къыщIэкIынт абы и иужьрей псалъэхэри адэ-анэм я гугъэр хезымыгъэхыжын пцIы дахэу зэрыщытыр…
- Зауэр зэриухам и хъыбарыр Брамтэми къэсати, хэти и гуфIэгъуэт, хэти и хьэдагъэт, - игу къигъэкIыжырт щIалэхэм я шыпхъу ФатIимэт. - Си дэлъху­хэм я письмо куэд щIауэ къытIэрымыхьами, дэри ди ­гугъэр хэтхыжатэкъым. Ди анэр куэбжэпэм къыIунэжауэ Iутт, сапемыжьауэ къэсыжмэ, дауэ хъун жиIэрти. АтIэми хъыбар гуэри къытIэрымыхьэу зэманыр кIуэрт. АрщхьэкIэ ди ­гугъапIэ псори щыкъуэтлъхьэжа махуэри къэсащ, военкоматым и лэжьакIуэ гуэр къытхуэкIуэри. Ди гуауэр псынщIэ къытщызыщIыну псалъэ гуэрхэр къыджиIэри, абы стIолым къытрилъхьащ ордениплI: Хэку зауэшхуэм и ордену тIурэ Ва­гъуэ Плъыжь орденитIрэ. А плIыри ТIутIэ ейт. Ди анэр делэ хъуам хуэдэу еплъырт фызи ­къашэну хунэмысауэ зауэм ­дигъэкIа и къуэ уардиплIым я пIэкIэ стIолым къыхутралъхьа ордениплIым. 
Военкоматым къикIам Джэ­рыджэ Анатолэ офицер хахуэу, щхьэмыгъазэу зэрыщытам, абы зэрихьа лIыгъэм, Хэкум пщIэшхуэ къызэрыхуищIам ­теухуауэ зыгуэрхэр жиIэрт, ауэ абы и псалъэхэм хэт едэ­Iуэжрэт?... Абыхэм я лъапсэм псы ижыхьыжат. Зыщыгугъын щымыIэжу иджы хьэкъ ящы­хъуат иджыри къэс я фIэщ яхуэмыщIа псори: Хъусейн ­Сальск губгъуэм зэрикIуэдари, я дэлъху нэхъыжь дыдэ Хьэ­лымрэ илъэс 18 фIэкIа мыхъуа Исмэхьилрэ хъыбарыншэ зэ­рыхъуам къикIри, «зауэр доух, мыгувэу сынэкIуэжынущ» жи­Iэу къэзытха ТIутIэ афIэкIа зэрамылъагъужынури. 
- Абдеж щыщIидзэри, ди гъащIэр лъапэдэгъэзеигъуэ ­хъуащ. Ди адэм и узыншагъэр арыншами щIагъуэжтэкъыми, апхуэдиз гуауэр куэдрэ хуэ­хьакъым: илъэс зыбгъупщIщ зэрыпсэужар зауэм и ужькIэ. Гуауэм щхьэуназэ ищIат ди анэри. И псэр пыту дунейм тет щхьэкIэ, узэмыхъуэпсэнт. ИкIэм-икIэжым гъуэгум къри­жэ машинэм щIэкIэрэхъуэ­-жащ. Мыдрей къэнахэри дытхъакъым, - игу къигъэкIыжырт ФатIимэт. 
1985 гъэм ФатIимэт и цIэкIэ Архивым къикIа письмом итщ: «Лейтенант Джэрыджэ Анато­-лэ Алджэрий и къуэр, 1920 гъэм КъБАССР-м къыщалъхуар, зауэм хэкIуэдащ 1945 гъэм январым и 14-м. Польшэм щыщ Кельце къалэм щыщIалъ­хьащ». А сатыр зыщыплIым ихуащ адыгэ щIалэ ахъырзэманым, лъэпкъ щэнхабзэм и лэжьакIуэ гъуэзэджэ хъуну щытыгъам и гъащIэ псор.
Иджы зэшыпхъухэм ящIэ ­Польшэр хуит къыщащIыжым  я дэлъху ТIутIэрэ абы и ныб­жьэгъуфI Калатухин Влади­миррэ зэгъусэу танкым зэ­ры­рисхьар. Ауэ нобэми зэрыхъыбарыншэщ Хьэлыми, Хъусейни, Исмэхьили. Дэна ахэр щы­хэкIуэдар? Дапщэщ? Иджы ар къэщIэщыжыгъуафIэ хъуну къыщIэкIынкъым…
Иужь илъэсхэм хабзэ дахэ ­хъуауэ къокIуэкI зауэм хэкIуэдахэм я цIэхэр уэрамхэм фIащу. Джэрыджэ зэкъуэшхэм я цIэри фIащащ Вольнэ Аул къыгуащIыхь хьэблэщIэ гуэрым и зы уэрамым. Пэжу, зэшыпхъу­хэр щыгугъат я дэлъхухэм я цIэхэр езыхэр зытеса уэрамым фIащыжыну. Ауэ, уадыгэмэ Iуэхукъэ - дыдейр думыгъэгъэ­лъэпIэж закъуэмэ, хэти пхуэдгъэлъэпIэнущ, ди щхьэм япэ хамэр идмыгъэщмэ, емыкIуу къыдолъытэ.
Джэрыджэ зэкъуэшхэр зытеса уэрамыр, зэрыгурыIуэгъуэщи, цIэншэтэкъым, нэхъ тэ­мэ­му жыпIэмэ, абы зэрихьэрт куржы усакIуэшхуэ Руставели и цIэр. Руставели апхуэдэ пщIэ къимылэжьу, дауи, пхужыIэнукъым, ауэ абы и цIэр фIэпщ ­хъунущ сыт хуэдэ уэрамми. Анатолэрэ и къуэшхэмрэ къыщалъхуа, щапIа уэрамым нэхъ зэрихьапхъэр абыхэм я цIэрт, сыту жыпIэмэ, ар дэ ди щхьэм хуэтщIыж пщIэм и фэеплъщ, ди тхыдэщ, ди къэкIуэнум и ­лъабжьэщ. А лъабжьэр ерыщу ди IэкIэ щыщIэдудыж куэдрэ къызэрыхъур къыдгурыIуэжын зэрыхуейрэ Iэджэ щIат. Лъабжьэ зимыIэм щхьэкIэ иIэу зыми илъэгъуакъым.
 

АЛЫДЖ Джэрий.
Поделиться:

Читать также: