Узыншагъэмрэ дахагъэмрэ я IэщIагъэлIхэр

Иджырей гъуазджэм и пэшу Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым итым къыщызэIуахащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 щрикъум ирагъэхьэлIа гъэлъэ­гъуэныгъэ. Ар теухуащ къэралым и щхьэхуитыныгъэр къэ­зэуным, къалэр зэфIэгъэувэжыным зи зэфIэкI хэзылъхьа ­дохутырхэмрэ архитекторхэмрэ. Зым уIэгъэ хъуахэр къригъэламэ, зауэ нэужьым сымаджэхэр игъэхъужамэ, адрейхэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэхакъута къалэм и теплъэр зэфIагъэувэжащ - а псори зэфIэкIрэ лIыгъэрэ зэпхьэлIэн Iуэхут. 

Дэтхэнэ совет цIыхуми хуэдэу, гъэлъэгъуэныгъэр зытеухуа IэщIагъэлIхэр я къару еблэжакъым цIыхубэм псэкIэ зиузэщIы­жын, гъащIэ мамырым лъабжьэ быдэ игъуэтыжын папщIэ. 
 Мыхьэнэшхуэ зиIэ «Дызэгъусэу», «ТекIуэныгъэ», «ГукъэкIыж», «Хэку», «Иригушхуэ», «Ди къэкIуэнур» псалъэхэр зытет кIэлъымпIэ Iувхэр кIапсэкIэ фIэщIащ пэшым и унащхьэм. Абыхэм я зэ­хуакухэм къыдощ Налшык къалэм и щIыпIэ, ухуэныгъэ гъэщIэ­гъуэнхэм зэман зэхуэмыдэхэм траха сурэтхэр, ахэр зи проекткIэ ящIа архитектор цIэрыIуэхэр къозыгъэцIыху, я гъащIэ гъуэгуанэм кIэщIу ухэзыгъэгъуазэ плакатхэр. Я щIыбагъхэри нэщIкъым абыхэм - хъурейуэ къыздэпкIухьым лъэныкъуитIми зауэ зэманым, абы иужь илъэсхэм ухашэ. Пэшым и хъуреягъкIэ щыбо­лъагъу ­дохутырхэр, яхузэфIэкIар яфIэмащIэми ярейуэ, я нэ плъызахэм уагъэгумэщI. 
Зы плIанэпэм дэтщ зауэ зэманым и нэщэнэхэу хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр (радио, сурэттех, пхъуантэ, гъущI пыIэ, н. къ.) зытет дапхъэ. Адрей лъэныкъуэмкIэ къыщытым телъщ ­дохутыр хуэIухуэщIэхэр (хущхъуэ зэрыхалъхьэ мастэ, лъы дэуейр къызэрапщ Iэмэпсымэ, хущхъуалъэ, щIыфэм трагъауэ банкI, н. къ.). 
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэща IуэхущIапIэм, къалэм и зыужьыныгъэмкIэ «Платформа» институтым, дэIэпыкъуэгъу ­хуэхъуахэщ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэмрэ Архитекторхэм я щIыналъэ зэгухьэныгъэмрэ. КъБР-м и Ар­хитекторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Логоватовский Юрий гъэлъэгъуэныгъэр дауэ къыщыхъуами дыщеупщIым, гушхуэ­ныгъэ ин къызэрыхилъхьар къыхигъэщащ. «Мыпхуэдэ гъэлъэ­гъуэныгъэхэм, хабзэ зэрыхъуауэ, зэманым «и мэ къыщыкIэрихыр» нэхъыбэщ, мыр нобэрей гъащIэм хуэкIуэу, уигъэину, абы щыгъуэми гуауэм и инагъыр зыхыуигъащIэу гъэщIэгъуэн гуэрщ. Сигу ирихьащ жысIэнри зыри жызмыIэххэнри зыуэ къысщохъу, сызэримыгугъауэ зэпэщ, узыгъэгупсысэ, куэд къызэщIэзыубыдэ Iуэху дахэ хъуащи», - жиIащ абы. 
ЗэIущIэм зыкърагъэхьэлIат КъБКъУ-м АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым и студентхэм. Нэрылъагъут ныбжьыщIэхэм ялъагъу псор зэрафIэгъэщIэгъуэныр, я IэщIагъэм нэхъри зэрытрагъэгушхуэр. 
Гъэлъэгъуэныгъэм зи цIэ къыщраIуахэм я къалэн хьэлъэм хуэдэ зы дохутыри зы ухуакIуи я пщэм дяпэкIэ къыдэмыхуэну, гъащIэ узыншэ, гъащIэ дахэ яIэну! 

Сурэтыр  Къарей Элинэ  трихащ.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:

Читать также: