Зэдатащ зэкъуэшитIым я гъащIэр

Хэку зауэшхуэр иджыри илъэс куэдкIэ щIэрыщIэу къы­зэIутхыжынущ, абы епха напэкIуэцI щIэ­хъумахэр, щIэуэ къэтщIа гуэрхэр щIыдгъужурэ, хэкIуэдахэм ятеухуа хъыбархэр зэхуэтIуэ­тэ­жынущ.

Зауэм хэкIуэда и Iыхьлыхэмрэ унэкъуэщхэмрэ я хъыбар иджыблагъэ къытхуиIуэтэжащ Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм и лъахэху­тэ къудамэм и библиотекарь нэхъыжь Безыр (Хъандэхъу) Ленэ. 
«Сэ сыкъызыхэкIа Безырхэ ящы­щу цIыху 12 хэкIуэдащ зауэм. Псыгуэнсу и уэрамхэм я зым абыхэм я цIэ зэрехьэ, езыми ­«Хэку зауэшхуэм хэкIуэда Безыр зэкъуэшхэм я фэеплъ» тетщ. Си адэшхуэмрэ абы и къуэш нэхъы­щIэмри яхэтщ абдежым зи цIэ ­тетхахэм: Безыр Къасым и къуэ­хэу Мухьэмэдрэ (1902 - 1942) Наш­рудинрэ (1921 - 1942). Илъэс пщыкIубгъу зи зэхуаку зэкъуэшитIым зы махуэм я гъащIэр зэратар, зы мащэми зэрыралъхьэжар ди унагъуэм нэхъ хъыбар гуузу илъхэм ящыщщ. 
ЗэкъуэшитIри 1941 гъэм зауэ ­IэнатIэм зэрыIухьам и щыхьэту ­къоув Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­щу зауэм хэкIуэдахэм я цIэхэр щызэхуахьэсыжа «Фэеплъ тхы­лъыр». Ардыдэм щыгъуазэ дещI Безырхэ Мухьэмэдрэ Нашрудинрэ Харьков деж зэрыщы­щIалъ­хьам. Ауэ Iуэхур къызэре­кIуэкIам и хъыбарыр къытхуэ­зы­Iуэтэжар псоми фIыуэ яцIыху ди къуажэгъу, IуэрыIуатэдж КъардэнгъущI Зырамыкут. Ар езыр си адэшхуэхэм я гъусэу дэкIа къудейтэкъым, зэрыхэкIуэда щIы­кIэ­ри и нэгум щIэкIат. «Мыр илъэс куэд щIауэ фхуэсIуэтэжыну си гум илъу къызохьэкI, иджы сыхуэхьэзыру къысщохъури, кхъыIэ, сщымыгъупщэж щIыкIэ, фы­къызэдаIуэ», - жиIэри, Зырамыку си адэм деж къэкIуауэ щытащ махуэ гуэрым.
Зэгъусэу дэ­кIахэр зыхэт дзэм и Iыхьэр 1942 гъэм Харьков деж щызауэу, къикIуэтын хуей хъуащ. АрщхьэкIэ Нашрудин уIэгъэ хьэлъэ хъуати, и къуэш нэхъыщIэр губгъуэм къримынэу, Мухьэмэд абдежым къы­щынащ икIи зэкъуэшитIым абдежым я псэр щатащ. Ахэр Харьков деж «къуэшыкхъэм» зэрыщыщIалъхьари итщ ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа тхылъым. 
Къуажэм гукъэкIыж куэд дэлъщ си адэшхуэ Мухьэмэд ­теухуауэ. Абы дин щIэныгъэ бгъэ­дэлъащ, республикэм ита мыд­рисэхэм я зыр къиухауэ. Хабзэ­шхуэ хэлъу, хьэрычэтыщIэ лъэ­рызехьэу щытауэ къытхуаIуэтэж. Чырбыш ищIу, абы къыщIиха мылъкумкIэ цIыхухэм ядэIэпы­къуу, псапэ щIэнкIэ ерыщт. Ны­сащIэхэм псы къыздрах щIыпIэм кIуэ гъуэгум кIэлъыплъу, зи Iуэху дэмыкIхэм щIэупщIэу, щэхуми нахуэми, и мылъку ятригъэкIуа­дэу апхуэдэт. «Ди зекIуапIэхэм телъ уэсыр итхъуауэ нэху ды­къекIыу щытащ», - жаIэж иджы зи нэхъыжьыгъуэ нанэхэм. Лэ­жьакIуэшхуэу, мылъкуми пщIэ хуищIу щытами, цIыхум япэ со­мыр зэи иригъэщакъым. Абы и щыхьэту зы «нысашэ хъыбари» къызэринэкIащ ди адэшхуэм. ХьэщIэ къеблэгъахэм языхэз тутын ефэу къыщIэкIат. Къа­жы­хьа-на­жыхьами, газет кIапэ къудей къэбгъуэтыну гугъут а зэманым. «Къуажэм ди напэр токI», - жаIэн ямыухыу, Мухьэмэд и жыпым иIэбэщ, мэл къы­зы­щIэкIын тхы­лъымпIэ ахъшэ ишыхьри, хьэ­щIэм зыкъримы­гъащIэу ту­тын хьэзырыр хуи­шият, жаIэж. Ап­хуэдэ гуэру къы­щIэкIынщ «Адыгэм и хьэщIэр ­быдапIэ исщ» щIыжаIэри. 
Алыхьыр унагъуэшхуэкIэ къы­хуэупсат си адэшхуэм. Си адэр абы къыщIэна быниплIым язт. А мащIэращ сщIэр абы теухуауэ, итIани, уи щхьэр лъагэу щIэ­пIэтын цIыху уи япэ итахэм щахэтым деж, гъащIэм нэхъ гу зэIухакIэ ухэтыфщ. Ахэр дунейм те­мытыжми, уэ къыпхуащI пщIэр абыхэм къызэрыпхуалэжьар зыщумыгъэгъупщэмэ, уэри цIыху­хэм напэ къабзэкIэ уазэрыбгъэ­дэтыным иужь уитынущ».  
 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: