Зы мафIэгум зэдисахэм я хъыбар

Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и артистхэм накъыгъэм и 6-м япэу ягъэлъэгъуащ Рощин Михаил и тхыгъэм къытращIыкIа «Эшелон» драмэ спектаклыр. Ар ягъэуващ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрыри­къум и щIыхькIэ. 

Спектаклым и режиссёрыр КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Толстовэ Евгениещ. Ар теухуащ Хэку ­зауэшхуэм и зэманым къуэкIыпIэм ягъэIэпхъуа, Москва и заводхэм щы­лажьэ цIыхубзхэмрэ абы­-хэм я сабийхэмрэ. Ма­фIэгу зэвым мазэ бжыгъэкIэ ­исын хуей хъуа цIыхубз къызэрыгуэкIхэм гугъуехь куэд къы­зэранэкIыну къапэ­щылът. Ахэр зэ­ры­мыцIыхуми, хьэл-щэнкIэ зэмыщхьми, я дуней еплъыкIэр зэтемы­хуэми, зэкъуигъэуват зауэр мыгувэу иухыным теухуа гугъэфI зэраIэмрэ гъащIэм щынэхъыщхьэ цIыхугъэр яхъумэну зэрыхущIэ­къумрэ. Бзылъхугъэхэр чэзууэ сабийхэм кIэ­лъоплъ, зэдопщафIэ, зэдошхэ, сымаджэхэм ядо­Iэпыкъу. КIэщIу жыпIэмэ, мафIэгур абыхэм пIалъэкIэ унэ яхуэхъуащ. А псоми къару зиIэу яхэтыр эшелоным и унафэщI щIалэм и за­къуэщ.
Япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ, къэгупсыса мыхъуу, унагъуэхэм, къэралым я гъащIэр зыхъуэжа 1941 гъэм епха щэхухэм апхуэдизкIэ узыщIашэри, узыхэт зэманыр пщегъэгъупщэ. УIэгъэ хъуахэр е яукIахэр къыщымыгъэлъэгъуэ­жами, топышэ макъхэр къыщымыIуми, абдеж зауэр зэрыщекIуэ­кIыр, шынагъуэхэмрэ гугъуехь­хэм­рэ цIыху ма­мырхэм ­къазэрыщхьэщытыр, и гузэ­вэгъуэхэр ­къа­зэ­ры­лъэIэсыр нэрылъагъущ. Дэтхэнэри тогу­зэвыхь ­зауэм и зэранкIэ зыпэIэщIэ хъуа и Iыхь­лыхэм­рэ благъэхэмрэ. 
Зауэм теухуа лэжьыгъэхэм къащхьэщыкIыу, «Эшелон» спектаклым нэхугъэкIэ, гушыIэкIэ, гугъэкIэ гъэнщIащ. Аращ театреплъхэм нэпс щIагъэкI къудей мыхъуу, я дыхьэшх макъи щIызэхэп­хыр. 
И нэгу щIэкIа Iуэхугъуэхэр лъабжьэ зыхуэхъуа тхыгъэр зи IэрыкI Рощин Михаил пьесэр и анэм тыгъэ хуищIащ, Хэку зауэшхуэм пхыкIа анэхэм, бзылъ­хугъэхэм, сабийхэм лIыгъэшхуэ зэрызэрахьам щыхьэт техъуэу. 
Нэхъыщхьэращи, зэрыхабзэу, тхыдэм и гузэвэгъуэм теухуа спектаклым уримыгъэзэшауэ укъы­щIокIыж. Ар и щыхьэтщ артистхэм я ролхэр къа­зэрехъулIам, мытыншми, къагъэлъэгъуэж зэма­ным хэтам хуэдэу зытепсэлъыхьхэр ди фIэщ зэращIыфам. 
Зэманым жьы хуэмыщIыну мы лэжьыгъэм щIалэгъуалэр нэхъыбэу еплъын хуейщ, гъащIэм, мамырыгъэм, щхьэхуитыныгъэм, цIыхугъэм я уасэр зыхащIэн папщIэ.

Сурэтыр  Къэрей Элинэ  трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: