Зэи тщыгъупщэнукъым щIата пщIэм и инагъыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек  ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрехъуэхъур 

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Ди ветеран лъапIэхэ!
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъумкIэ!
Дэтхэнэ зыми ди дежкIэ махуэшхуэ нэхъ­ лъапIэ дыдэу щыт ар и щыхьэтщ ди цIыхубэм я текIуэныгъэм и мыхьэнэм и инагъым икIи къызэрымыкIуэ лIыхъу­жьыгъэрэ псэемыблэжагърэ къагъэлъагъуэу ди Хэкур зыхъума, нацизмэр зэхэзыкъута ди адэхэм, ди адэшхуэхэм, абыхэм я адэжхэм яхуэтщI пщIэшхуэм и дамыгъэщ.
Нобэ ахэр псори ТекIуэныгъэм и лъагапIэм тетщ. Абы папщIэ ахэр зэуащ икIи лэ­жьащ, цIыхуфэм дэмыхуэн гугъуехь­хэр я къару емыблэжу къыщызэпачащ я гъащIэ гъуэгуанэм, псоми пхыкIри, зи лъапIагъэр тхыдэм игъащIэкIэ къыхэнэну ТекIуэныгъэр къахьащ.
Абыхэм къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэмрэ къызэфIэ­мы­щIэныгъэмрэ, Хэкум къулыкъу зэрыхуащIамрэ хьэлэлу зэ­рыхуэлэжьамрэ ди дежкIэ сыт щыгъуи щытынущ хэкупсагъэмрэ къэралым ху­э­пэжынымрэ я щапхъэ нэсу.
Хэку зауэшхуэм и зэманым фронтым хахуэу Iутахэмрэ я ­къару емыблэжу лэжьахэмрэ мыухыж щIыхь яхудощI!
Дэ зэи тщыгъупщэнукъым а ТекIуэныгъэм щIата пщIэм и инагъыр. Ди Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэ и къуэрэ и ­пхъуу мин 40-м щIигъум я гъащIэхэр щIатащ абы.
Ди щхьэр нобэ яхудогъэшхъ Хэку зауэш­хуэм хэкIуэдахэм, абы и ветерану дунейм ехыжа псоми.
Дэ ди къалэнщ а фэеплъыр гъэлъэ­пIэным къытщIэхъуэ щIэблэр хуэдущиину. Псом хуэмыдэу нобэ, сэлэт-къегъэ­лакIуэхэм я къуэрылъхухэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ дзэ Iуэху хэхам хэту Урысейм и щхьэхуитыныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэрагъэпэщын хуейуэ къащыхудэкIа мы зэманым, абы мыхьэ­нэшхуэ иIэщ.
Дэ дрогушхуэ ди лIыхъужьхэм, тщыгъуп­щэркъым хэкIуэдахэр. Я хахуа­гъэрэ псэемыблэжагъкIэ абыхэм къагъэ­лъэгъуащ Хэку зауэшхуэм хэтахэм я лIыхъужьыгъэм зэрыхуэфащэр.
Шэч къытесхьэркъым, текIуэныгъэр къэ­зыхьахэм къыт­хуагъэна лъапIэныгъэ­хэм, щапхъэхэм дытету, дызэкъуэту, ди цIыхубэм я псэ къулеигъэр ди тегъэщIапIэу, дэ сыт хуэдэ ­гугъуехьри къызэднэкIыфынущ, ди Хэкум зэрыхуэфэщэну, зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр зэдгъэхъ­у­лIэфынущ.
МахуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу, си лъахэгъу лъапIэхэ! ТекIуэныгъэм и махуэмкIэ!

Поделиться: