Адыгэбзэм къытехуа уIэгъэхэр

Зауэ нэужьым республикэм гъащIэр зэрыщызэфIэувэжа щIыкIэм и зы Iыхьэщ лъэпкъ интеллигенцэм къикIуа гъуэгуанэри. I947 гъэм Къэбэрдей АССР-м и ВКП(б)-м и обкомым и япэ секретарь Мазин Николай утыку кърихьа къэпсэлъэныгъэм тхакIуэхэр зыIута IэнатIэр нэгум къыщIегъэхьэ. 
Гу зэрылъытэгъуафIэщи, а лъэхъэнэм мыхьэнэ нэхъ зратыр «лъэпкъ кадрхэр» гъэхьэзырынырт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Iуэхур щекIуэкI щIыналъэм щыщ цIыхухэр лэжьыгъэм къыхэшэнырт. ЩIэныгъэм, щэнхабзэм, лъэпкъ театрым, гъуазджэм и къудамэхэм топсэлъыхь япэ секретарыр. Совет тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм я къудамэу республикэм щыIэм и лэжьыгъэми и гугъу ещI: 
«Къэбэрдей АССР-м лэжьыгъэ хъарзынэ иригъэкIуэкIащ къэбэрдей художественнэ литературэ зэпэща хъун папщIэ. Зауэм щIидзэн ипэкIэ «Ленинымрэ Сталинымрэ Къэбэрдей лъэпкъым я творчествэм къызэрыхэщыр» тхыгъэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдагъэкIащ, усакIуэхэу ЩоджэнцIыкIумрэ КIыщокъуэмрэ я усэхэмрэ поэмэхэмрэ зэрыт тхылъхэр, адыгэ уэрэдхэр, Теунэм и Iуэтэжхэр, усакIуэ щIалэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, къинэмыщIхэр дунейм къытехьащ, Совет властым къикIуа илъэсхэм художественнэ тхыгъэ зытхыфын цIыху зэрыщыIэр наIуэ къищIу. 
    I94I-I945 гъэхэм урысыбзэрэ адыгэбзэкIэ тхылъитI къыдэкIащ, урыс тхакIуэхэм фронтым щатха очеркхэр иту. 
    Республикэр нэмыцэхэм къыIэщIагъэкIыжа нэужь Совет тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэ зэфIагъэувэжам лэжьыгъэ гуэрхэр иригъэкIуэкIащ литературэм хуэлэжьэн къару зэгъэуIунымрэ щIыналъэм теухуа Iуэхугъуэхэм епха тхыгъэхэр гъэхьэзырынымрэ теухуауэ. УсакIуэхэу КIыщокъуэмрэ ЩоджэнцIыкIумрэ зауэм тепсэлъыхьыж лэжьыгъэ хъарзынэхэр ятхащ. КIыщокъуэм «Адэ» зыфIища и поэмэр, Къэбэрдей автономиер илъэс 25-рэ щрикъу гъэм ирихьэлIэу зэхалъхьа кантатэм лъабжьэ хуэхъуар, усакIуэм и ехъулIэныгъэу къэплъытэ хъунущ. 
   ЩоджэнцIыкIум Шекспир и пьесэ «Шыгурыхъур зэрагъэIэсар» («Укрощение строптивой») адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ, «Ныбжьэгъум и фэеплъу» поэмэм йолэжь. Шортэным «ЩIытIхэм ису» пьесэрэ «Офицерым и гъуэгуанэ» повестрэ зэхелъхьэ. Теунэр «Гъэунэхугъуэ» пьесэм холэжьыхь, тхакIуэхэу Киреевымрэ Столяровымрэ Тырныауз комбинатым теухуауэ очеркхэр зэрыт тхылъ ягъэхьэзыр». 
     АдэкIэ обкомым и секретарым ныкъусаныгъэхэри къыхегъэщ:    «Совет тхакIуэхэм я союзым и лэжьыгъэм щыщIэныгъэрэ щыуагъэу дэбгъуэни щыIэщ. Республикэм и театрхэм Акъсырэм итха «Лашын» пьесэмрэ Столяровым и «Исмэхьил-беймрэ» къызэрыщагъэлъэгъуар Зэгухьэныгъэми а тхыгъэхэр зи IэдакъэщIэкIхэми щыуагъэшхуэу яIэщIэкIащ. Ахэр тхыдэ и лъэныкъуэкIэ пэжкъым, политикэ и лъэныкъуэкIэ щыуагъэщ, зэраныгъэ къашэ. Колхозхэри, совхозхэри, промышленностри, стахановецхэри къиубыдакъым къэбэрдей литературэм и нэм. Социалистическэ ухуэныгъэм теухуауэ иджыри къэс зы тхыгъэшхуэ диIэкъым. ТхакIуэ щIалэхэм я IэдакъэщIэкIхэр уцIырхъауэ, кууагърэ купщIэрэ яхэмылъу апхуэдэщ. Къэбэрдейм и тхакIуэ щIалэхэм лъабжьэ хъун идеерэ Iэзагъ лъагэрэ ябгъэдэлъкъым. А ныкъусаныгъэхэр къызыхэкIыр гъащIэм зэрыщымыгъуазэмрэ езы тхакIуэхэр къэухьрэ щэнхабзэкIэ зэрылъахъшэмрэщ». 
     Лъэпкъ интеллигенцэр зэфIэувэн папщIэ, псом япэ бзэм гулъытэ хуэщIын зэрыхуейр къыхигъэщу, Мазиным гуащIэу къыпэджэжауэ щытащ ВКП (б)-м и Комитет нэхъыщхьэм и секретарь Жданов Андрей. «Къэбэрдей ВКП (б)-м и обкомым и лэжьыгъэм теухуауэ» къыщыпсалъэм, абы гу лъитащ адыгэбзэр зэрырагъэкIуэтым, щIыналъэм щыщ лэжьакIуэхэр зэрымащIэм:   «Тхылъхэм ятеухуауэ сэ сыт фыкъыщIызэупщIыр, - жеIэ Мазиным. - ТхылъитI [къудей] зэрадзэкIащ. Адыгэ тхыбзэм хуэшэрыуэ цIыху диIэкъым. Сыт апхуэдэу щIыщытыр, сыщIоупщэ сэ. Къэбэрдейм адыгэбзэ фIыуэ зыщIэ цIыху щыдимыIэу хъунукъым. НтIэ, къэбэрдей интеллигенцэм и кадрхэр пхуэгъэхьэзырыну, адыгэбзэр школым щумыгъэджу? Курыт школхэр урысыбзэм тепшэмэ, адыгэбзэ зыщIэ лэжьакIуэ дэнэ къыздикIынур? Аращи, упщIэ къоув: «Лъэпкъым къыхэкIа лэжьакIуэ дыхуей?» Дыхуеймэ, ныбжьэгъу Мазиным адыгэбзэм утехьэну тыншкъым жыхуиIэхэр лейщ. Iуэхур щхьэусыгъуэ мыхьэнэншэ гуэрым ебгъэлъахъэу, «урысыбзэкIэ ебгъэджэну нэхъ тыншщ, адыгэбзэр зелъэфэнейщ» жозыгъэIэ гупсысэр щIагъуэкъым. Ныбжьэгъу Мазиныр зытетыпхъэм текIауэ, тыншымрэ мытыншымрэ я лъэныкъуэмкIэ зригъэщIауэ къысфIэзыгъэщIыр аращ». 
    Зи гугъу тщIы лъэхъэнэм захуэуи къуаншэуи укъыщIэкIыну апхуэдизкIэ дзыхьщIыгъуэджэти, псалъэхэм я мыхьэнэм уагъэбэлэрыгъынкIэ уошынэ. ИтIани, тхыдэм къыхэнэр дэфтэрхэщ, абыхэми пэжым и зы Iыхьэ наIуэ къащI. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: