Спортым и хъыбархэрДыкъынэмрэ ХьэпцIэмрэ къахожаныкI
Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Мейкъуапэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэ куэдым я бэнакIуэ 637-рэ, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэт мурад яIэу зэхьэзэхуэм щыIащ спортсмен 37-рэ икIи ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр къыщагъэлъэгъуащ.
Зэпеуэм домбеякъ медалхэр къыщахьащ Дыкъынэ Русланрэ (кг 35-рэ) ХьэпцIэ Самиррэ (кг 57-рэ) икIи абыхэм Iэмал ягъуэтащ ди къэралым и командэ къыхэхам хэту Европэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. Ар щекIуэкIынур зэкIэ яубзыхуакъым, зэрыхуагъэфащэмкIэ, Алыджырщ е Италиерщ.
Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Табыхъу Тимур, Жыкъуэ Залымхъан, Чыл Казбек, Бекъан Хъызыр сымэ.
ФIым къыхураджэу
«Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Къэбэрдей-Балъкъэрым киокушин-карате лIэужьыгъуэмкIэ и республикэ зэхьэзэхуэ зэIуха Налшык къалэм щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы хэтащ Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Шэшэным я спортсмен 250-м щIигъу.
Зэхьэзэхуэр екIуэкIащ «Терроризмэмрэ экстремизмэмрэ КъБР-м щымыгъэIэн» къэрал программэм ипкъ иткIэ, къитащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм. Апхуэдэуи абы щрагъэкIуэкIащ илъэси 5 - 9 зи ныбжь спортсмен цIыкIухэм папщIэ егъэджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэIущIэхэр.
Зэпеуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, гупхэм я зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр щиубыдащ «Кайман Налшык» спорт клубым, Осетие Ищхъэрэм къикIа «Азумэ» командэр етIаунэ хъуащ. Ещанэ увыпIэр иубыдащ ди къалащхьэм и «Филэ» спорт клубым.
ЗэIущIэм къыщыхэжаныкIахэм кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр, фэеплъ саугъэтхэр иратащ.
Джырандокъуэм и гъэсэным и медаль
![]() Зэхьэзэхуэм хэтащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 43-м я спортсмени 150-рэ, я ныбжькIэ илъэс 18 - 20 хъухэу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм щыщу Джафаров Ренат килограмм 66-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыжьын медаль къыщихьащ. Ар зыгъасэр Джырандокъуэ Амирщ.
ВагъуэщIэхэр
![]() Я ныбжь елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ ныбжьыщIэхэм я деж 3-нэ разряд зиIэ Хачатуровэ Мие, 2-нэ разряд зиIэхэу Хачатуровэ Евэрэ Бэч Арианэрэ, 1-нэ разряд зиIэ Цой Евэ сымэ.
Къул Мелихъан етIуанэ увыпIэр къыщихьащ зэхьэзэхуэм. Абы иIэщ 2-нэ разряд. Япэ разрядхэр зиIэ Батыр Денизэ, Бэч Меллисэ сыми домбеякъ медалхэр къахьащ.
3-нэ спорт разряд зиIэ КъарэцIыкIу Аишэ япэ увыпIэр къихьащ, 2-нэ спорт разряд зиIэ Нэгъуей Саидэ етIуанэ хъуащ.
Спортсменхэр ягъэхьэзыращ Продуновэ-Исметовэ Еленэрэ Третьяковэ Эллэрэ.
Поделиться:
Читать также:
18.06.2025 - 14:14 →
Дубай кIуэнухэр
17.06.2025 - 18:49 →
Бжэр япэу къызэIуех
17.06.2025 - 16:35 →
ПлIыми медаль зырыз къахь
16.06.2025 - 17:00 →
МедалиплI къэралым къыхуахь
16.06.2025 - 16:00 →
Къуэныкъуей Назир и фэеплъ зэIущIэ
|