«Зауэм и бынхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Зауэм и бынхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2025 гъэм гъатхэпэм и 26-м
№I26-П-П
Зауэм и бынхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэм я IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым
къищтащ 2025 гъэм гъатхэпэм и 26-м
1-нэ статья. Мы Законым зэригъакIуэ Iуэхур
Мы Законым еубзыху Урысей Федерацэм и цIыхухэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыпсэухэу «зауэм и бынхэу» статусыр зыфIащхэр, апхуэдэу егъэув къэдгъэлъэгъуа цIыхухэм псэуныгъэкIэ зыщIагъэкъуэн папщIэ ялэжьхэр.
2-нэ статья. «Зауэм и бынхэр» статусыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщыгъэувар
Урысей Федерацэм и цIыхухэу 1927 гъэм фокIадэм и 4-м къыщыщIэдзауэ 1945 гъэм фокIадэм и 3-ри хиубыдэу яку дэлъ лъэхъэнэм Совет Социалист Республикэхэм я Союзым и щIыналъэм къыщалъхуахэм икIи зэпымыууэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыпсэухэм «зауэм и бынхэр» статусыр (адэкIэ - зауэм и бынхэр) фIащ.
3-нэ статья. Зауэм и бынхэр псэуныгъэкIэ даIыгъын папщIэ ялэжьхэр
1. ПсэуныгъэкIэ даIыгъын папщIэ мыпхуэдэ Зауэм и бынхэр Iуэхухэр яубзыхуащ:
1) Урысей Федерацэм и цIыхухэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм пщIэншэу медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щратынымкIэ къэрал шэсыпIэхэм я программэм тету чэзум хэмыту ядэIэпыкъуныр;
2) цIыхухэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэ IуэхущIапIэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и унафэм щIэтхэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр стационар, стационар ныкъуэ теплъэ яIэу щыхуащIэкIэ ефIэкIыныгъэ яIэну хуитыныгъэ иратыныр;
3) цIыхухэм социальнэ Iуэхутхьэбзэ яхуэзыщIэ IуэхущIапIэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и унафэм щIэтхэм унэхэм кIуэурэ социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыхуащIэ щIыкIэм тету япэ ирагъэщу социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр хуащIэныр;
4) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм пщIэншэу юстицэ дэIэпыкъуныгъэ цIыхухэм зэрат къэрал ухуэкIэм ипкъ иткIэ пщIэншэу юстицэ дэIэпыкъуныгъэ иратынымкIэ яIэ хуитыныгъэр.
2. Мы статьям и 1-нэ Iыхьэм социальнэ дэIыгъыныгъэхэу къыщыгъэлъэгъуахэр ират Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм игъэува хабзэм икIи ар абы зэриубзыхуам тету.
3. Зауэм и бынхэм ящыщым социальнэ дэIыгъыныгъэм и зы лIэужьыгъуэ хуащIэнымкIэ иIэ хуитыныгъэр лъабжьэ зыбжанэм лъэIэсмэ, социальнэ, дэIыгъыныгъэр ират цIыхум къыхиха лъабжьэм тещIыхьауэ, ауэ Урысей Федерацэм и законодательствэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр хэмыту.
4-нэ статья. Зауэм и бынхэм социальнэ дэIыгъыныгъэмкIэ ялэжьхэр къалъэIэсынымкIэ хуитыныгъэ зэриIэм щыхьэт техъуэ дэфтэрыр
Социальнэ дэIыгъыныгъэм ехьэлIа Iуэхухэу мы Законым къыщыгъэлъэгъуахэр иратынымкIэ зауэм и бынхэм хуитыныгъэ зэраIэм щыхьэт тохъуэ Урысей Федерацэм и цIыхуу 1927 гъэм фокIадэм и 4-м къыщыщIэдзауэ 1945 гъэм фокIадэм и 3-ри хиубыдэу яку дэлъ лъэхъэнэм Совет Социалист Республикэхэм я Союзым и щIыналъэм къыщалъхуам и паспортыр.
5-нэ статья. Мы Законыр гъэзэщIэным текIуэдэнухэм ахъшэ зэрыхуаутIыпщыр
Мы Законыр гъэзэщIэным текIуэдэнухэм ахъшэ хуаутIыпщ зыхуэфащэ финанс гъэмрэ планкIэ къызэщIиубыдэ лъэхъэнэмрэ ятещIыхьауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым мыпхуэдэ мурадхэм хухиха бюджет мылъкухэм къитIасэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и ахъшэхэм я хьэкъкIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2025 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м
№10-РЗ