НэгъуэщI еплъыкIэИлъэс блэкIам Адыгэ республикэм урысыбзэкIэ къыщыдагъэкIащ адыгэ дин щIэныгъэлI, узэщIакIуэ Мэрэтокъуэ Нухь 1912 гъэм Къэзан типографием хьэрыпыбзэкIэ щытрыригъэдзауэ щыта «Адыгэхэм я тхыдэм къыхэлыдыкI напэкIуэцIхэр» тхылъыр. IэщIагъэлI зыбжанэм ягъэхьэзыра зэдзэкIыгъэм я гуащIэ халъхьащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр джынымрэ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмкIэ центрым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Зайцев Илья, Адыгэ республикэм гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и институтым этнологиемрэ лъэпкъ гъуазджэмкIэ и къудамэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Хъуэткъуэ Самир, Кавказымрэ Азие Курытымрэ джынымкIэ РАН-м и лабораторэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Нэфлашэ Наимэ, нэгъуэщIхэми. Мэрэтокъуэ Нухь ТхьэкIумащIэ и къуэр (1847-1932) къызыхэкIа лъэпкъ къудамэкIэ абэзэхэщ. Каир дэт «Iэл-Iэзхьэр» университетыр къиуха нэужь, абы 1895 гъэм Джэрыкъуей къуажэм игъэзэжри, мэжджытищ зыдэт, цIыху 971-рэ зыдэс жылэм и ефэндыуэ лэжьащ. Ислъамыр зэрадж тхылъхэм нэмыщI, Мэрэтокъуэм лъэпкъым ифI зезыхуэ гупсысэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Большевикхэр диным щабэу хущытыху, жылагъуэ съездхэм кIуэуэ, утыкум къыщыпсалъэу, пщIэшхуэ иIэу къекIуэкIащ Мэрэтокъуэр. Ауэ 1927 гъэм щхьэусыгъуэншэу ягъэтIысри, цIыхухэм кърагъэутIыпщыжыну къажыхьа щхьэкIэ, зыри къимыкIыу, 1932 гъэм хьэпсым ису дунейм ехыжауэ щытащ. РАН-м КъуэкIыпIэр джынымкIэ и институтым щылажьэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Бадерхан Фасих 2001 гъэм къыдигъэкIауэ щытащ «Кавказ Ищхъэрэм иIэпхъукIахэр Тыркум, Сирием, Иорданием зэризэгъар» тхылъыр. «Iэпхъуэным щхьэусыгъуэ гущIыхьэ хуэхъуахэр» Iыхьэм абы и гугъу щещI Мэрэтокъуэ Нухь икIи ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа и тхылъым щыщ пычыгъуэхэр щыхьэту къегъэув, адыгэхэр зыгъэщхьэрыуахэр куэд хъууэ щытми, лъэпкъыр и пIэм къинэным, и Хэкур зыIэщIимыгъэкIыным тезыгъэгушхуахэри зэрыщыIар, Мэрэтокъуэри апхуэдэхэм я щапхъэт. «Урысхэм уазэрыгурыIуэн Iэмал зэрыщыIэм шэч хэлътэкъым, бийм къарит ахъшэ тIэкIум щIэнэцIу, лъэпкъым и епцIыжакIуэхэм цIыхухэр Тыркум Iэпхъуэным къыхураджэн щIамыдзатэмэ, - щетх Мэрэтокъуэм зи гугъу тщIы тхылъым. - ЩIэныгъэ зэрабгъэдэмылъым къыхэкIыу, Хэкур зыбгынахэм занщIэу я фIэщ хъуащ тырку тетыгъуэм къызэригъэгугъэ «гущIэгъумрэ гуапагъэмрэ» икIи япэ махуэм щыщIэдзауэ мащэ Iуфэм къыщыхутахэщ, зыри дэIэпыкъуэгъу ямыгъуэту. Хэкум икIа нэужь, ахэр щыгугъырт бий бзаджэм IэщIэкIыу езыхэм динкIэ я къуэш къэралым къыщыхутэну. Ауэ ар щыуагъэт. Дагъыстэнымрэ Адыгэ Хэкум щыщ ди къуэшхэмрэ нобэми «хьэжрэт узым» иIыгъщ, щIыпIэр пхъуэжыныр ислъамым къабыл зэрищIым игъэщхьэрыуауэ, мэIэпхъуэ, ди жагъуэ зэрыхъущи. Абыхэм ящIэркъым щIыпIэщIэм зэрызыщамыхъумэжыфынур, сыту жыпIэмэ, хамэщIым уIэпхъуэныр лIэныгъэ пэлъытэщ». «Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ дэ тыркухэм я деж дымыIэпхъуэнкIэ Iэмал имыIэу щыIэр, - щIэупщIэрт Мэрэтокъуэр. – Муслъымэнхэр Iэмал имыIэу Уэсмэн империем щыпсэун хуеймэ, сыт зи щIыналъэр яубыда адрей муслъымэн лъэпкъхэр абы щIэмыIэпхъуэр? Си лъэпкъэгъухэ! Хьэжрэтым (нэгъуэщIыпIэ Iэпхъуэным) гъэщIэрэщIауэ тепсэлъыхьхэм жаIэр фи фIэщ фымыщI. Мухьэмэд бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам хэку бгынэныр игъэдахэртэкъым. «ТекIуэныгъэ нэужьым хьэжрэт щыIэкъым», - жиIэу щытащ абы. Сэри слъагъуркъым дин IуэхукIэ ущIэIэпхъуэн щхьэусыгъуэ. Бегъымбар лъапIэм и псалъэхэр фымыщIэныр емыкIукъэ? Хьэжрэтыр Iэмалыншэ хъуауэ щIыщытар Мэккэ муслъымэнхэм къаIэрыхьэн ипэкIэ, быдэу зэкъуэувэн папщIэт. Къалэр къаIэрыхьэжа нэужь, ущIэIэпхъуэн щхьэусыгъуэр кIуэдыжащ. Хэкум щыпсэуну Iэмал къызыхуэмынэжа гуэрхэр щыIэу щытми, дэнэ щыфщIэр Уэсмэн империер жэнэт унапIэ фхуэхъуну? Фи бынхэми абыхэм я быныжхэми я гъусэу фыгъыжынущ, абыхэм игъащIэкIи къыфхуагъэгъунукъым нобэ ефщIэр». Тхыдэми дызэрыт зэманми къегъэлъагъуэ Мэрэтокъуэ Нухь и псалъэхэм я мыхьэнэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
11.07.2025 - 15:30 →
Удз гъуахэм мафIэ евмыдз
10.07.2025 - 10:01 →
Хэкум и псэр бзэрщ
20.06.2025 - 12:42 →
Нереис - псэущхьэ цIыкIу
19.06.2025 - 11:18 →
АдыгэбзэкIэ еджэн зэрыщIадзэжар
28.05.2025 - 13:00 →
Уахуэбэлэрыгъ хъунукъым
|